Литературэ

Кхъуэтепыхьэ

«ЩIыбинэ, щIыбохъуэ хъулатIыжь, тIыжь дыукIмэ… щхьэ лъэныкъуэр дадэ ешх, и нэкулъ лъынэхэр нанэ ешх, и тхьэкIумэшхуэхэр си щIалэм ешх», - жиIэурэ, адэшхуэм къуэрылъхур и щIыбым щыщIиупскIэрт, унагъуэм щикъалэнхэр зэфIигъэкIарэ ажафэ нэмэзлыкъ щабэм тесу пщыхьэщхьэу ар здэпсэхум.

- Дадэ, ди мэл щхьэхужьра жыхуэпIэр? – упщIащ къуэрылъху ТIалэ цIыкIу, дадэрэ езырэ, Хъымыщ и къуэ Батэрэз сымэ я хъыбархэри хэту, псысэ-шыпсэ куэд жаIэу здэщысым.

СызыхущIегъуэжар

Жулабов Узеир

(Балъкъэр тхакIуэ)

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэр духри, еджэн щIэддзэжат. А махуэ дыдэм ди егъэджакIуэм и гъусэу зы хъыджэбз цIыкIу классым ныщIишащ, и напэр гуэгуш джэдыкIэм ещхьу уэгушыбзэу.

- Мы цIыкIур къалэм къикIащ, ди классым щеджэнущ. И адэри къуажэм щылэжьэну къагъэкIуащ, - ар жиIэри егъэджакIуэр сэ къызбгъэдыхьащ, хъыджэбз цIыкIур щIыгъуу.

Iулъхьэ

Новеллэ

Бжей жыгхэм я пщIащэр жьым зэрихьэрти, уэчылым, Хьэжы Намыкъ, и

тхылъымпIэхэр зэщIикъуэжащ, жьым ирихьэжьэнкIэ шынэри. Щхьэгъубжэр хуищIащ, бжэри къридзылIэжынути, бжэщхьэIум нэсауэ, лIы лъахъшэ цIыкIу пщIантIэм къызэрыдыхьэр илъэгъуащ. И плIэм хъуржын зэпедзэкI илъщ лIы лъахъшэ цIыкIум, шыди IумпIэкIэ иIыгъщ.

– Еблагъэ, Алий Хъуэжэ! – къицIыхужащ уэчылым лIы лъахъшэр. – Сытым укъытхуихьа? Бэзэрым махуитI иIэжщ иджыри, щхьэ укъежьа?

И нэр щIиукъуанцIэри, лIы лъахъшэ цIыкIум тхьэмыщкIафэ зытригъэуащ.

Аргъуей

Iуэтэж

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

ПщIэ уиIэкъыми, аращ. ПщIэ уиIамэ, а псалъэм къикIри

пщIэнт. «Уэ къызгурыгъаIуэ!» – жыпIа? Апхуэдэ хущIыхьэгъуэ сиIэкъым сэ иджыпсту, си ни къыхуикIыркъым абы – узгъэIущыжыным: балигъ узэрыхъурэ Iэджэ щIащ, зэ Iущ ухъупхъэщ. Акъылрэ щIэныгъэкIэ сыбдэгуэшэн уи мыгугъэ: пщIэ лъэпкъ узэримыIэр зэхозгъэщIыкIамэ, нэгъуэщI сыхуейкъым. НэгъуэщIкIэ укъысщымыгугъ – зыри пхуэсщIэнукъым…

Хэт лъэужьыр зейр?

(Сабий хъыбар)

Аргъуей

Iуэтэж

(Япэ Iыхьэ)

Акъыл япэ – лIыгъэ

ЩакIуэхэм уэсылъэ къущхьэхъу дыгъэмыхъуэхэр къызэранэкIри, хы ФIыцIэм зи джабэхэр хуэгъэза нэхъ хуабапIэмкIэ гупыр зэпрокI. А гупым лIы быдэ мэхъаджэ гуэр яхэтт къаруушхуэ бгъэдэлъу, адрейхэр къыIузыгъэкIуэт Iэджэми езым ирикуфу. Ар ЛIыхъурейт.

- Сэ си къару сыкъегъэгугъэри, си Iэщэм фIэкIа гъусэ сыхуейкъым. Сэ сыщхьэхуэщ! - жиIэри, ЛIыхъурей къахэкIат.

ЛIыхъурей и кIуэдыкIар

Егъэлея ерыщагъымрэ мывэгъзэгъыу щытынымрэ цIыхум зэрану къыхуахьым теухуащ.

Къэбэрдей жэщтеуэм иуэрэдымрэ хъыбарымрэ

Жэщтеуэмэ, уэр, и хъыбар пэжыр, аредэ, вжесIэнщ.
Ежьу: Уойра, уоу-рира!
Ежьу: Уойра, уо-нау рирэ, уоу-рирари!

ЩХЬЭЛ

ДыщыцIыкIум ди адэ-анэм куэдрэ ди закъуэу пщIантIэм дыкъыданэн хуей хъурт. Илъэситху хъуа сэрэ зы илъэскIэ сэ нэхърэ нэхъыщIэ Вовэрэ нэхъыжьу дыкъагъанэрти, зи ныбжьыр илъэситIым нэса къудей Тимошэрэ илъэсым ит Валерикрэ дакIэлъыплъырт. ДакIэлъыплъри хэт ищIэнт, пщIантIэм ахэр дэмыпщын щхьэкIэ, я лъакъуэм кIапсэ кIыхь итщIэрти, езыхэми нэжэгужэу къапщыхьу, дэри щхьэхуиту дыджэгуу дыдэст.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ