Махуэгъэпс

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 13, махуэку

♦Акъылым зезыгъэужь джэгукIэхэм я дунейпсо махуэщ

♦1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьа Брай Адэлбий.

♦1972 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ художник Пащт-Хъан Алим.

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 12, бэрэжьей
1927 гъэм къалъхуащ скульптор Iэзэ, УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI ТхьэкIумашэ Михаил.
1947 гъэм къалъхуащ социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий.
1958 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ Iщыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пщыгъусэ Аслъэнбэч.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 11, гъубж

ЦIыху бжыгъэм хэхъуэным и дунейпсо махуэщ

Шоколадым и дунейпсо махуэщ

1958 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр Монголием кIуащ, абы и лъэпкъ махуэшхуэм хэтын папщIэ.

1932 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIэрэф Майе.

1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим.

Зэхьэзэхуэр гуащIэу йокIуэкI

Бадзэуэгъуэм и 5-м щIидзауэ Налшык щокIуэкI Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм мафIэсгъэункIыфI-къегъэлыныгъэ спортымкIэ я зэхьэзэхуэ. Судья нэхъыщхьэр Романчев Олегщ. 
Ар къыщызэIуахым Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Къэгъэзэж Анзор спортсменхэм зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэмэ зэригуапэр яжриIащ. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 10, блыщхьэ
1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим.
1931гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу.
1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Срыкъуэ ХьэмщIасэ.
1934 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ибрэхьим Хьэмзэт.

Илъэс 87-рэ гъуэгуанэ

Бадзэуэгъуэм и 3-р ГИБДД-м (ГАИ) и лэжьакIуэхэм я махуэщ. Урысей МВД-м Гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэным кIэлъыплъ и Къэрал инспекцэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 87-рэ зэрырикъум теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 7, мэрем

♦1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.

♦1931 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ мэзхэр, кхъухьлъатэхэр къагъэсэбэпурэ, хъумэным хуэщIа IэнатIэ.

♦1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литературэ фондым и унафэщIу хахащ.

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 6, махуэку
1557 гъэм Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм гухьащ.
1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфIэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икIи республикэм Ленин орденыр етIуанэу къызэрыратам.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Тэрч щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Максим.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 5, бэрэжьей

         Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ

         1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ.

         1663 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий, Къэнжал зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа адыгэдзэм и пашэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ.

         1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 4, гъубж

         1766 гъэм къалъхуащ убыххэм я дзэпщ цIэрыIуэу щыта, Кавказ зауэм и лIыхъужь Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмэхьил.

         1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард.

         1967 гъэм къалъхуащ тележурналист Жэман Мадинэ.

         1975 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Бажэ Заудин.

Дунейм и щытыкIэнур

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс