НОБЭБадзэуэгъуэм и 5, бэрэжьей Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ 1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ. 1663 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий, Къэнжал зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа адыгэдзэм и пашэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ. 1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид. 1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд. 1941 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Даут Юрэ. 1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Алий Сулеймэн. 1963 гъэм къалъхуащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат, «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Къул Фирдаус. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 – 31-рэ, жэщым градус 19 – 23-рэ щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Ныбэм и лажьэр IуэтэжыгъуафIэщ. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|