НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 12, бэрэжьей
1927 гъэм къалъхуащ скульптор Iэзэ, УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI ТхьэкIумашэ Михаил.
1947 гъэм къалъхуащ социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий.
1958 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ Iщыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пщыгъусэ Аслъэнбэч.
1958 гъэм къалъхуащ дзюдомкIэ дунейм и чемпион Лъэцэр Хьэзрэт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 23 – 24-рэ, жэщым градус I7 – I8 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Си ныбэ изщ жыпIэу гъуэмылэншэу уемыжьэ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ