НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 6, махуэку
1557 гъэм Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм гухьащ.
1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфIэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икIи республикэм Ленин орденыр етIуанэу къызэрыратам.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Тэрч щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Максим.
1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м щыщ спортсмен, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 1980 гъэм Москва щекIуэкIа Олимп джэгухэм я чемпион Рогожин Сергей.
1957 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Мысачэ Валерэ.
1960 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Сэхъурокъуэ Анатолэ.
 
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 29 – 3I-рэ, жэщым градус I9 – 23-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIыгъэщIапIэ лIы икIуадэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ