Календарь событий

11 сентября 2020

Къаныкъуэ Анфисэ теухуауэ сатыр 250-рэ

УзыщыгуфIыкIа гуэрхэр къыщыпщIэжкIэ, ехъу­­­­­лIэныгъэм и гъу­сэу ар къыщыхъуа илъэс­ри уигу къонэж. 2019 гъэр адыгэ литерату­рэм зэ­ры­хуэмэхуар  къэ­­­­­зыгъэ­лъагъуэ щап­­хъэхэм язщ ди щIэ­джы­кIакIуэхэм щIэ­рыщIэу егъэцIыхужын хуэмей Къаныкъуэ - Фырэ Анфи­сэ тхыдэр и лъабжьэу итха «Хьэтхэмрэ» «Мэуэт­хэмрэ» тхылъеджэм зэ­ры­Iэрыхьар. Адыгэ лъэп­къым и къе­­жьа­пIэу ялъытэ лъэпкъыжьхэр езым и нэгум къы­зэ­ры­щIыхьэм хуэдэу къыщыдигъэцIыхуащ тхакIуэм а романитIым.

Адыгэ дамыгъэхэм къахохъуэ

Адыгагъэм и нэщэнэ нэ­хъыщхьэхэм ящыщщ, къыд­дэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр зехьэным, абы и щап­хъэу ущытыным я мызакъуэу, лъэпкъым зыгуэр хуэпщIэфыныр, и пщэдейм гууз-лыуз хууиIэу уте­лэжьэныр. Апхуэдэ щIалэ ахъырзэманщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм хэт Тхьэкъуахъуэ Iэуес.

Дунейм щыхъыбархэр

Сабий къэс сом минищ хуэзэу

Урысей Федерацэм и Правительствэм унафэ къищтащ зи адэ-анэхэр лэжьапIэншэу къалъыта сабий къэс хуэзэу сом минищ фокIадэм мазэм иратыным теухуауэ.

Ар апхуэдизкIэ адыгэти…

БзэщIэныгъэлI щэджащэт Абдокъуэ Iэуес. Абы кавказыбзэхэр зыдж, къэзыхутэ щIэныгъэлI псоми пщIэшхуэрэ гулъытэшхуэрэ хуащIу щытащ. Нобэ езыр дунейм темытыжми, и тхылъхэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ бзэщIэныгъэлIхэм я стIолым текIыркъым, езыри ягу ихуркъым.

Куэд елъытащ ди цIыхубзхэм

Адыгэ тхьэмадэ, шынэхъыжьыфI МыгъуэлI Садыкъ Сирием щыщщ. Магнитофон плёнкэм тетхауэ абы хэкужьым ис адыгэхэм къытхуигъэхьа псалъэм къыхощ Садыкъ и гупсысэр, губзыгъагъэр, адыгэ лъэпкъым и Iуэхум ар зэ­реплъ щIыкIэр.
МагнитофонкIэ дыщедэIуэжым, дэ зыхэдмыщIэу къэ­накъым лIыжьым и псэлъэкIэ къудейм адыгэбзэм и шэ­ры­уагъыр, и дахагъыр наIуэу къызэрыхэщыр.

КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№195-ПП
2020 гъэм шыщхьэуIум и 31-м                                   Налшык къалэ

«Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я номер зэхэтхэр илъэс 30 ирокъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр.  2004 гъэ, накъыгъэм и 15

 

МЭЩБЭШIЭ Исхьакъ

Адыгэ Республикэм и Гимн

Тихэгъэгу кIасэу тигупсэр
Адыгэ чIыгушъ, терэI.
Зы бын-унагъоу лъэпкъыбэр
ЩызэгурыIоу щэрэI.

ШIум факIу, лъыкIуат,
Республикэу тиунэ дах.
Егъэхъу, зыIат,
Республикэу тигугъэ лъаг,
Уилъэпкъи хъишъэр фэIуат.

Мэрем пшыхь

Япэ бжьыхьэ мазэр иджырей фокIадэр аращ, абы и 22-м къихьэу. Бжьыхьэпэ мазэр къихьамэ, гуахъуэ хэх укIуэ хъунущ, жаIэу щытащ. Ар цIыхухэм фIыуэ ягъэунэхуа Iуэхут. Бжьыхьэр къихьамэ, жыгхэм я хэхъуэныр щагъэт, пхъэ кумылэр мэж, пхъэ хъунур ягъэхьэзыр.

Налшык и «Спартак»-м и капитанхэр. Етхуанэ Iыхьэ

Совет Союзыр зэхэщэщэжу Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэныбжьэгъугъэ къэунэхуа иужькIэ, дауи, СССР-м футболымкIэ я зэхьэзэхуэхэм я пIэ нэгъуэщIхэр къиуващ. Урысей Федерацэм и чемпионатыр япэу къызэрагъэпэщахэм ящыщщ. СССР-м и етIуанэ лигэм фIэкIа иужь илъэсхэм къызылъымыса Налшык и «Спартак»-р УФ-м и япэ дивизионым къыщыхутащ. Пэжщ, япэщIыкIэ ар абы куэдрэ хэтакъым, ауэ иужькIэ премьер-лигэми нэсыфащ.

Гъуащхьэхъумэу къыщIидзэри, гъуащхьауэ ябгэ хъуат