«Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я номер зэхэтхэр илъэс 30 ирокъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр.  2004 гъэ, накъыгъэм и 15

 

МЭЩБЭШIЭ Исхьакъ

Адыгэ Республикэм и Гимн

Тихэгъэгу кIасэу тигупсэр
Адыгэ чIыгушъ, терэI.
Зы бын-унагъоу лъэпкъыбэр
ЩызэгурыIоу щэрэI.

ШIум факIу, лъыкIуат,
Республикэу тиунэ дах.
Егъэхъу, зыIат,
Республикэу тигугъэ лъаг,
Уилъэпкъи хъишъэр фэIуат.

Дунаим ичIыпIэ шIагъор
Нэхъыжъмэ тэ къытфыхах,
Ахэмэ ялIыгъэ-шIагъэ
ЛIэшIэгъумэ къызэIэпах.

ШIум факIу, лъыкIуат,
Республикэу тиунэ дах.
Егъэхъу, зыIат,
Республикэу тигугъэ лъаг,
Уилъэпкъи хъишъэр фэIуат.

Хьэзабмэ уахэмытыжьэу
Уитыгъэ нэфи пшъхьащыт.
Урысейм зыкIэ ущыщэу
Ащ гукIи ущышъхьафит.

ШIум факIу, лъыкIуат,
Республикэу тиунэ дах.
Егъэхъу, зыIат,
Республикэу тигугъэ лъаг,
Уилъэпкъи хъишъэр
                           фэIуат.

Тэ тыщэIэфэ-егъашIэм! -
ТичIыгоу тыгур щыIэщт,
Тиуашъуи тыгъи бэгъашIэ
Тэ ренэу, ренэу тиIэщт.

ШIум факIу, лъыкIуат,
Республикэу тиунэ дах.
Егъэхъу, зыIат,
Республикэу тигугъэ лъаг,
Уилъэпкъи хъишъэр фэIуат.

1992 гъэ

БЕМЫРЗЭ Мухьэдин

Си адэжь лъахэ

Псом нэхърэ уэ, си адэжь хапIэ,
Умынэхъ бей, умынэхъ ин,
Ауэ сэ зыми уэр нэхъ лъапIэ
Къысхуигъэнэнтэкъым щIэин.

Уи дежщ здэпсэур си ныбжьэгъухэр,
ЦIыхубз хьэщыкъ сызыхуэхъуар,
Си къуэшыр, сянэр,  бын къысщIэхъуэу
Сэ гъащIэ дыгъэ къысхуэхъуар.

Уи дежщ я кхъащхьэхэр здэщыIэр
ЦIыху дыщэ кIэрысчахэм сигу,
Къыслъысмэ сэри ажал щIыIэр,
СызыщIалъхьэнур уэ уи щIыгущ.

Си лъахэ дыщэ! Уэ хьэщIагъэ
Зэпхахэр куэдым и куэдыжщ,
Ар дэри щIэлъщи ди гу щIагъым,
Ди адэжь хабзэ мыкIуэдыжщ.

Хуей хъумэ, сэри сиIэр фIыгъуэу,
Си Хэку, уи хьэщIэм и къурмэнщ,
АрщхьэкIэ хапIэкIэ къофыгъуэм
Сэ уэ уи удзри щысхъумэнщ…

АФIЭУНЭ Лиуан

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIыр зэхыуагъэхыу,
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр
Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,
Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу,
Мо Iуащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм
Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,
Узэпсалъэр,
УщIэпсалъэр пщIэжу,
Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым
Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,
УщIэукIытэжыни къыпхуимыхуэу,
Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Хьэм уигу щIэгъуу -
Зэхэпхамэ пщIэууэ,
УзэрылIэжынур
Зэгуэр пщIэуэ,
Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,
ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

УЭРЭЗЕЙ Афлик
 
Адыгэ

Уи лъэпкъгъэжэщIу, укъигъаскIэу,
Лъыгъажэ макъкIэ бийр къыщыбгэм,
УIэгъэр птхьэщIри тенджызыпскIэ,
УитIысхьэжащ аргуэру шыбгым.

Уагъэухуакъым уни лъапси,
Урагъэджакъым хуиту тхылъым.
ИтIани зыми уемыхъуапсэу,
Упсэут, пагагъэр хэту уи лъым.

Гъунэгъу-жэрэгъухэр къыплъришэрт,
УраIэ защIэт гупсысапIэу,
Уи тхыдэ гъуэгури нэшэкъашэт,
МыгурыIуэгъуэу къэгъэшыпIэр.

ЩIэлэжьыхьыхукIэ уи шым налыр,
Къыумыгъэлалэт шыныбэпхыр.
Арат бгъуэтыжри Iэмалу,
Аргуэру щIэпкъузэжырт уи бгыр…

ИрамыгъэщIу хэку унагъуэ,
ИрамыгъэкIыу зэи шыбгым,
И бгыр щIикъузэурэ бгы псыгъуэ
ЩIэхъуар аратэкъэ адыгэр?

ХУЭЛI Нарзан
 
Адэжь щIэин

ДжатэпэкIэ дядэжьхэм щIыр тхуаващ,
ДжатэпэкIи жылапхъэ тхухасащ,
Дэр папщIэ ягу тхуилъахэр ядэтIыгъыу,
Бэвыгъэр IутхыжынкIэ къытщыгугъыу.

Иджы, лIэщIыгъуэ Iэджэ кIуа нэужь,
КъэкIар Iудох пымыту зы щхьэмыж.
Иджы щIэблэщIэр дитщ псэзэпылъхьэпIэ,
Ди натIэ хъуамкIэ куэдым мэс ди напэ.

Дыгугъэт фIыкIи… фыгъуэр куэдыкIейщ.
Сыт щыгъуи цIыхур мылъкум хуэнэпсейщ.
АкъылкIэ диувауэ тфIэщIми лIыпIэ,
ТхуэIэпхъуэркъым зауэжьхэр
                                   нэгъуэщI щIыпIэ.

ЩIы щIагъым щIэлъ дядэжьхэм я гур къоплъ,
Я плъэкIэм щIыр дэхъейуэ къыткIэлъоплъ.
Ди гуэнхэр нэщIщ. БлэкIынщи
                                      мы лIэщIыгъуэр,
Лъысынщ ди щIэблэм гъуанэу лэжьа гугъэр.

ПХЪЭШ МуIэед
 
*  *  *

Адыгэбзэр жаIэ кIуэдыжыну.
Ар уи фIэщ уэ хъурэ, си ныбжьэгъу?
Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ,
Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущIэгъу.
 

Черкесск къалэ, 1994 гъэ

МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ
 
*  *  *

Сэ сыIуплъам
Адыгэ лIыжь,
ЗыхэсщIэу сохъур
Нэхъ лIыхъужь.
Къысщохъу зэхэсхыу
Уэрэдыжь,
Къысщохъу зэхэсхыу
Хъыбарыжь.

Адыгэ тхыдэр
Зи нэгу къищ
А лIыжьхэм
СыткIи задызощI:
Я хъыбарыжьым
СегъэIущ,
Я уэрэдыжьым
Сегъэлъэщ.

Ауэ зы лIыжь
ЩIым ехыжыху,
Нэрымылъагъуу
Нэпс сIэщIоху:
КIуэдыжу сфIощI
Зы уэрэдыжь,
КIуэдыжу сфIощI
Зы хъыбарыжь.

Поделиться: