25 сентября 2020
25 сентября, 2020 - 08:15
Си ныбжьэгъу Хьэшыр зымахуэ «Уа, иджыри куэдрэ фызкъэмышэу упсэуну уи мурад?» - жиIэри, си щхьэр сэзыгъэужэгъуа псалъэмакъым къыщIидзащ.
ГъэщIэгъуэнщ мы цIыхухэр!
25 сентября, 2020 - 08:10
«Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа» зыхужаIэхэм ящыщщ ди лъахэгъу щыпкъэ АбытIэ Зулхьэчим Мурадин и къуэр. Илъэс 43-рэ фIэкIа къигъэщIэну къызыхуимыуха адыгэ щIалэм а зэман кIэщIым къриубыдэу хузэфIэкIащ куэдым илъэси 100-кIи ялъэмыкI Iуэхугъуэхэр. 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу зэрыхэтам нэмыщI, АбытIэр цIэрыIуэ хъуащ зэфIиха гуащIэдэкI лэжьыгъэшхуэмкIи. ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэкIэ къулей Тырныауз бгы лъагъуэхэм япэу кIуэцIрыкIа IэщIагъэлIхэм яхэтащ ар.
25 сентября, 2020 - 08:07
IуэрыIуатэдж, уэрэджыIакIуэ, композитор Бэрэгъун Владимир и цIэм, хуэфащэ дыдэу, увыпIэ щхьэхуэ щеубыд Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и тхыдэм. Лъэпкъ макъамэ IуэрыIуатэм емызэшыжу зэрыхэлэжьыхьам и фIыгъэкIэ зэхуэхьэсыжа, нотэкIэ тха хъуащ адыгэ цIыхубэ уэрэдрэ пшыналъэу куэд дыдэ.
Бэрэгъун Владимир 1939 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым ар жыджэру хэтт художественнэ самодеятельностым. Абы макъ шэщIа дахэкIэ жиIэрт адыгэ уэрэдыжьхэри композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэри.
25 сентября, 2020 - 08:05
2019 гъэм КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зратахэм ящыщщ тхакIуэ-публицистхэу, илъэс тIощIым щIигъуауэ уней тхылъ тедзапIэ зыгъэлажьэ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ.
Нобэ «Котляровхэ я тхылъ тедзапIэкIэ» зэджэ IуэхущIапIэм къыщыдагъэкIа тхылъ бжыгъэр миным щхьэдох. Ауэ щыхъукIэ, илъэс тIощIым и кIуэцIкIэ я лэжьакIуэ бжыгъэм зихъуэжакъым - ахэр зэрыхъур цIыхуитху къудейщ. Зихъуэжакъым IуэхущIапIэм къыхиха унэтIыныгъэми: абы къыщыдагъэкIыр Кавказым теухуа тхылъхэрщ.
25 сентября, 2020 - 08:05
Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм, унагъуэхэм защIэгъэкъуэным, пенсэхэм хэгъэхъуэным топсэлъыхь
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир бэрэжьей кIуам яIущIащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэтхэм.
25 сентября, 2020 - 08:05
Адыгэ усакIуэ, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ КIубэ Щэбан къызэралъхурэ илъэси 130-рэ ирикъуащ.
25 сентября, 2020 - 08:00
Ди лъахэгъу Жаным Аслъэн и бэнэкIэ екIум блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм дуней псор иригушхуэрт. Ар Совет Союзым и чемпионт, Европэм щытекIуат, Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлът, спортым щIыхь зиIэ и мастерт.