Спорт

«Спартак-Налшыкым» зигъэхьэзырын иухащ

Ди футбол командэ пашэм Урысейм и чемпионатым и етIуанэ дивизионым зэрыщыджэгунум зыхуигъэхьэзыру кIэух зэIущIэр Кисловодск къалэ щригъэкIуэкIащ. КъыпэщIэтар и зэфIэкIыныгъэкIэ езым хуэдэн Орехово-Зуевэ и «Знамя труда» командэрщ. Ар етIуанэ дивизионым и ЕтIуанэ гупым щоджэгу. 

Каспийск щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынущ

Алыдж-урым бэнэкIэ
 

Мырзэкъаным Джейкоби Дастин зэрыIущIэнум зыхуегъэхьэзыр

ММА
Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Мамхэгъ Хьэчим зыгъэсэныгъэ дригъэкIуэкIащ ММА-м и зэуакIуэ, дуней псом и абсолютнэ чемпион Мырзэкъан Азэмэт.
Дунейм а зэуэкIэ лэужьыгъуэмкIэ щынэхъ лъэрызехьэу ябжхэм я деж I5-нэ увыпIэр щызыIыгъ Мырзэкъаныр Мамхэгъым и гъэсэнщ. UFC-м и лигэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу а зы щIалэрщ хэтыр. Ар зэкIэ къыхагъэнакъым - I2:0-м и рекордыр иIыгъщ.
КъыкIэлъыкIуэ зауэр Мырзэкъаным иригъэкIуэкIынущ мэлыжьыхьым и I5-м. А махуэм абы и хьэрхуэрэгъуу щытынущ США-м щыщ Джейкоби Дастин.

Аргуэру Ласицкене пашэщ

Атлетикэ псынщIэ

Токио Олимп джэгухэм я чемпион щыхъуа Ласицкене Марие щытекIуащ Озолин Николайрэ Дьячков Владимиррэ я фэеплъу Москва щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм.

ДэлъеинымкIэ Ласицкене бжьыпэр иубыдащ - метр 1,96-рэ лъагапIэр къищтащ. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ Кочановэ Марие (м 1,88-рэ), Ярышкинэ Александрэ (м 1,85-рэ) ещанэщ.

Дыжьынхэр я Iэрылъхьэщ

Красноярск къалэм дэт «Радуга» спорт комплексым щекIуэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Назаров Владимир и фэеплъу къызэрагъэпэща урысейпсо зэхьэзэхуэ. ДзюдомкIэ зэпеуахэм яхэтащ зи ныбжьыр илъэс 23-м нэмыса, Урысейм и щIыналъэ 25-м щыщ спортсмени 160-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменищ а зэхьэзэхуэм хэтати, щыри къыхэжаныкIащ. Къуэдз Къантемыр (кг 66-рэ), Хьэжмэт Къантемыр (кг 81-рэ), Гаев Умар (кг 100) сымэ дыжьын медалхэр къахьащ. Абыхэм Iэмал ягъуэтащ Екатеринбург щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.

Медалибгъу Санкт-Петербург кърахащ

Дзюдо

Санкт-Петербург и «М-1 Арена» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Хэку зауэшхуэм и зэманым Ленинград къэухъуреихьыныгъэм къызэрикIрэ илъэс 79-рэ щрикъум хуэгъэзауэ къызэрагъэпэща спорт зэхьэзэхуэр.

Зэпеуэхэр къызэрагъэпэщат алыдж-урым бэнэкIэмкIэ, бэнэкIэ хуитымкIэ, самбэ, дзюдо, джиу-джитсу спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ. Абыхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ илъэс 12 - 16 зи ныбжь, Урысейм и щIыналъэ 20-м икIа спортсмен 1000-м нэблагъэ.

Спортсмен 500-м нэблагъэ хэтащ

Самбэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэхэм щыпсэухэм самбэмкIэ я зэхьэзэхуэ.

Беслъэнейр дунейпсо зэхьэзэхуэм макIуэ

Самбэ
Армавир къалэм щекIуэкIащ самбэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ илъэс I6 - I8 зи ныбжь щIалэгъуалэр.
Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэса Беслъэней Темырлан килограмм 58-рэ хъухэм я деж хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа, Пермь крайм щыщ Косякин Михаил IэпщэкIэ идзри, баллиплI къыфIихьащ икIи япэ увыпIэр иубыдащ.
И текIуэныгъэм и фIыщIэкIэ Беслъэнейм хагъэхьащ Урысейм и гуп къыхэхам, жэпуэгъуэм Къэзахъстаным щекIуэкIыну дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну. ЩIалэщIэр и гъэсэнщ ПшынащIэ Мурат.

КИФЩI-м и зэхьэзэхуэм хэтынухэщ

Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ и республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм щыщ спортсмен ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм ягъэкIуэнухэр къыхэхыным.

ТекIуэныгъэ къахьащ

Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм ушу спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионатрэ бжьыпэр убыдынымкIэ къэрал зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Ростов областым, Адыгейм, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ спортсмени 130-рэ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт