Спорт

Тхыдэм щыщ едзыгъуэ кIэщIхэр

Пэублэ дунейпсо чемпионатыр 1930 гъэм Уругваим щызэхэтащ. Къэрал 13-м я командэхэр мыбы кърихьэлIат. Мы Iуэхугъуэшхуэм егъэщIылIауэ Монтеведео щаухуа стадионищым я нэхъ иным дэщIакIуэу мин 90 ихуэрт. Япэ увыпIэм щIэбэну, нэхъ командэ лъэрызехьэу кIэух зэIущIэм зрихьэлIахэт Уругваимрэ Аргентинэмрэ. ХьэщIэхэр текIуэу япэ Iыхьэ иухами цIыху мин 68-рэ зыдэщI хэгъэрейхэм бжыгъэр 4:2-уэ ехъулIэныгъэр зыIэрагъыхьэу япэ дыдэу дунейпсо чемпион хъун яхузэфIэкIащ.

Спортыр наркотикым и бийщ

«Спортыр наркотикым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык щекIуэкIащ сумомкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ зэIуха. А зэпеуэм хэтащ щIыналъэхэм къикIа щIалэрэ хъыджэбзу спортсмен 70-м нэблагъэ.

Медаль 15 къахьащ

Краснодар крайм и Витязевэ къалэм щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ Урысейм и Кубокым щыщIэбэна зэхьэзэхуэр. 
Къэралым и щIыналъэ 50-м къикIа спортсмен ныбжьыщIэу 1500-р кикбоксингым къигъэув «лоу-кик», «лайт-контакт», «поинтфайтинг», «фулл-контакт», «К 1»  хабзэхэм тету зэхьэзэхуащ. 
Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я гупым хэт Блашэ Темырланрэ кикбоксингым и «фулл-контак» лIэужьыгъуэмкIэ Урысейм и чемпион, Алтай крайм щыщ Габов Степан я зэхьэзэхуэкIэр удэзыхьэхт. Ар раундищкIэ екIуэкIащ, ди щIалэм и текIуэныгъэкIи иухащ.

Медалищ къахьащ

БэнэкIэ-хуит

Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грознэ дэт «Олимпийский» уардэунэм дыгъэгъазэм и 19 – 20-хэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. А зэпеуэр къызэIуахащ бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Вараев Адлан и фэеплъу. 

ЕхъулIэныгъэ къыщагъэлъагъуэ

Алыдж-урым бэнэкIэ

Москва и «Олимп къуажэ-80» спорт комплексым дыгъэгъазэм и 17 – 18-хэм щекIуэкIащ «Тараскиным и Мемориал» зыфIаща урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар СССР-м спортымкIэ и мастер, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта Тараскин Сергей и фэеплъу къызэрагъэпэщат. А зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медалибл къыщахьащ, абы щыщу 3-р дыщэщ.

Техник ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ

Нало Заур и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт, Техник ныбжьыщIэхэм я станцым дыгъэгъазэм и 18-м щекIуэкIащ автомодель спортымкIэ «Iуащхьэмахуэ и кубокыр» къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэр. А зэпеуэм хэтащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ставрополь крайм, КъБР-м щыщ ныбжьыщIэхэр. 

Футболыр къыщыунэхуар

ЛъапэкIэ топыр кърахуэкIыу япэу щрагъэжьар Китаймрэ Пасэрей Урымымрэщ. Ар ди эрэм ипэкIэщ. Урымхэм топ къехуэкIыныр джэгукIэу къагъэсэбэпу аратэкъым, атIэ зауэлIхэм я Iэпкълъэпкъхэр зэщIагъэкIырт апхуэдэ щIыкIэу.

ЩIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ

Налшык дэт универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2008-20I0 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр. ЩIыналъэ зэхьэзэхуэр СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Лобжанидзе Владимир и фэеплъу къызэрагъэпэщат. А зэпеуэм хэтащ спортсмени I50-м нэблагъэ.
Я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэр яубыдащ Бекъул Тамерлан, Дзу Аслъэн, Уэртэн Расим, АфIэунэ Руслан, Уэлджыр Аслъэн, Тет Данил, Къудей Аслъэн, Чыл Алихъан, Емуз Тамерлан, Щадз Алихъан сымэ.

КъБР-м щыщхэр пашэщ

Минеральные Воды къалэм щекIуэкIащ щIыналъэхэм каратэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2008 - 20I8 гъэхэм къалъхуахэр. Зэпеуэм кърихьэлIат КИФЩI-м, Ростов щыщ клубипщIым я спортсмен 200-м нэблагъэ.
Зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Чемпион» клубым и гъэсэнхэм япэ увыпIэр яубыдащ. ЕтIуанэ хъуащ Минеральные Воды къалэм каратэмкIэ и академием, Попов Всеволод и цIэр зезыхьэм, и спортсменхэр. Ещанэ увыпIэр къахьащ КъБР-м и «Тэрч» клубым и ныбжьыщIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм къахьащ дыщэ медалу 9, дыжьыну 5, жэзу 5.

Грознэ медалитI кърах

КъБР-м самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Уэщхъун СулътIан зэрыжиIамкIэ, Шэшэн республикэм и къалащхьэ Грознэм дэт «Олимпийский» уардэунэм дыгъэгъазэм и 12 – 14-хэм щекIуэкIащ КИФЩI-м самбэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ щIыналъэхэм къикIа спортсмен 200-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт