Спортсмен 500-м нэблагъэ хэтащСамбэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэхэм щыпсэухэм самбэмкIэ я зэхьэзэхуэ. МахуиплIкIэ екIуэкIа а зэпеуэм хэтащ илъэс 12 - 14, 14 - 16 ныбжьхэм ит спортсмен 500-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, япэ увыпIэр къахьащ 12 - 14 ныбжьым итхэу: Къудей Беслъэн (кг 38-рэ), Алиев Исрафил (кг 42-рэ), Ажахъуэ Iэмин (кг 46-рэ), Быгуэ Мансур (кг 50), Мэш Амир (кг 54-рэ). ЕтIуанэ хъуахэщ ЩоджэнцIыкIу Тамерлан (кг 42-рэ), Гъыдэ Iэдэм, (кг 54-рэ), Акимовэ Дарье (кг 37-рэ). Ещанэ увыпIэр яубыдащ Жылау Мухьэмэд, (кг 35-рэ), Къудей Мухьэмэд (кг 38-рэ) сымэ. Илъэс 14 - 16 зи ныбжьхэм я деж щытекIуахэщ КъуэщIысокъуэ Темырлан (кг 64-рэ). Дыжьыныр къихьащ Борэн Инал (кг 64-рэ). Домбеякъ медалхэр къратащ Узденов Муслим (кг 46-рэ), Беслъэней Мусэ (кг 46-рэ), Беждыгъу Аскэр (кг 64-рэ), Казиев Ислъам (кг 71-рэ), Мамий Астемыр (кг 79-рэ), ЖьэкIэмыхъу Ренат (кг 88-рэ) сымэ. Зи ныбжьыр илъэс 12 - 14-хэм итхэм ящыщу текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ Iэмал ягъуэтащ Воронеж областым щыщ Костовэ къалэм щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну. Илъэс 14 - 16 зи ныбжьхэу текIуэныгъэ зыIэрызыгъэхьахьэр мазае мазэм Къэзан щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм я хьэрхуэрэгъухэм щаIущIэнущ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|