Дыжьынхэр я IэрылъхьэщКрасноярск къалэм дэт «Радуга» спорт комплексым щекIуэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Назаров Владимир и фэеплъу къызэрагъэпэща урысейпсо зэхьэзэхуэ. ДзюдомкIэ зэпеуахэм яхэтащ зи ныбжьыр илъэс 23-м нэмыса, Урысейм и щIыналъэ 25-м щыщ спортсмени 160-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменищ а зэхьэзэхуэм хэтати, щыри къыхэжаныкIащ. Къуэдз Къантемыр (кг 66-рэ), Хьэжмэт Къантемыр (кг 81-рэ), Гаев Умар (кг 100) сымэ дыжьын медалхэр къахьащ. Абыхэм Iэмал ягъуэтащ Екатеринбург щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|