Спорт

Тхьэмахуэм къриубыда зэхьэзэхуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп нэхъыщхьэм хэту 2023 - 2024 гъэхэм щIымахуэ чемпионатым щыджэгуным щIэбэнхэм я зэIущIэхэр «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым щызэхэтащ.

Спортыр наркотикым пэщIэтщ

«Ажалыр щащэр къыджеIэ»  урысейпсо Iуэхум  хыхьэу  Прохладнэ районым и Екатериноградскэ станицэм   кекусинкай каратэмкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ,   «Спортыр наркотикым пэщIэтщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту.  Абы хэтащ   илъэси 6 - 15 ныбжьым ит, Прохладнэ къалэмрэ Прохладнэ районымрэ, апхуэдэуи Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм я спортсмен ныбжьыщIи 100-м нэблагъэ.

Спорт хъыбархэр

КъБР-м пятиборьемкIэ и командэ къыхэхар Челябинск щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ. Абы кърихьэлIат Урысейм и щIыналъэхэм къикIа, илъэс 13 - 19-м ит спортсмен 400-м нэблагъэ.

Павлов Василий текIуахэм яхуозэ

2023 гъэм и гъатхэпэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 10 пщIондэ Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ МВД-м боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа организацэ I5-м я гупхэр зыхэта зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

Гъэм и лъэхъэнэ псоми щытепщэ «Автозапчасть»

Къэбэрдей-Балъкъэрым ­фут­болымкIэ и гуп нэхъыщ-хьэм щекIуэкIа щIымахуэ зэ­пеуэм и кIэух зэIущIэхэр зэхэтащ. ИпэкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIауэ, абы япэ, етIуанэ увы­пIэхэр щызыубыдахэр нэхъ па­сэу белджылы хъуат. Иджы ещанэр зыIэрыхьари наIуэщ.

Тегеран щегъэлъагъуэ и зэфIэкIыр

Ираным и къалащхьэ Тегеран тхьэмахуэ кIуам ще­кIуэ­кIащ штангэмкIэ «NOWRUZ GAH Fencing Olym­piad» зы­фIаща япэ дунейпсо цIыхубз джэгухэр.

Разиуанрэ Маликрэ я текIуэныгъэ

Мы гъэм гъатхэпэм и 3 - 10-хэм Уфа къалэм щызэхэтащ Урысей МВД-м боксымкIэ и чемпионат. Башкортостаным и щыхьэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щызэрихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я хабзэхъумэ органхэмрэ еджапIэ 15-м, апхуэдэуи Центральнэ, Приволжскэ федеральнэ щIыналъэхэм транспортымкIэ я управленэхэм я командэхэр. Абы хэтащ КъБР-м щыIэ ­МВД-м и гупыр икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ.

Шумилиным и мемориалым

Калининград къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар къызэрагъэпэщат Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шумилин Андрей и фэеплъу.

Балъкъэр Дисанэ дыщэр къехь

Шабзэ

 

Иджыблагъэ Тульскэ областым щекIуэкIащ шабзауэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ.
Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 12-м къикIа щIалэрэ хъыджэбзу спортсмен 40-м нэблагъэ. Илъэси 10-12 зи ныбжьхэр я деж щызэпеуахэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Налшык дэт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ еджапIэм и гъэсэн Балъкъэр Дисанэ.
НыбжьыщIэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Кулишинхэ Александррэ Натальерэ.

БэнэкIэ хуит

Дзюдо

Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым гъатхэпэм и 4 – 5-хэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытат «Динамо» Урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт