|
Спорт
15 июня, 2023 - 06:36
Футболым дихьэххэм зэпымыууэ зэпалъыт топджэгухэм я зэф1эк1хэр зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуэнур дэтхэнэрами къащIэну хэтщ. Налшык и «Спартак»-р къатщтэмэ, футболистхэр щыджэгу IэнатIэр зыбладзу нэхъ сэбэп щаIэну увыпIэхэр къыщыхуалъыхъуи куэдрэ къохъу. Ямыхъуэжу, хухаха IэнатIэм сэбэпынагъышхуэ къыщихьу ди командэм щыджэгуаи диIащ.
«Спартак-Налшыкым» и дэщIакIуэхэм я мызакъуэу, футболым димыхьэх куэдми ящIэ хамэ къэрал щыщу нэхъ лъэкIыныгъэ иIэу ди деж щыджэгуар - шэч къытрамыхьэу Джудович Миодраг и цIэр къраIуэнущ.
14 июня, 2023 - 07:15
Дзюдо
«Налшык» спорткомплексым щекIуэкIащ СССР-м дзюдомкIэ спортым и мастер Газаев Руслан и фэеплъу, 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуахэр хэту къызэрагъэпэща дзюдомкIэ япэ республикэпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмени 114-рэ къызэщIэзыубыда гупибгъу.
14 июня, 2023 - 07:00
Налшык щекIуэкIащ Араши каратэ лIэужьыгъуэмкIэ щIыналъэхэм я турнир зэIуха. А зэпеуэм илъэси 6 - 7, 8 - 9, 10 - 11, 12 - 13, 14 - 15 и 16 - 17 зи ныбжьхэр саугъэт 29-м нэблагъэм щIэбэнащ. ТекIуэныгъэр а зэхьэзэхуэм къыщихьащ Абгарян Дэвид.
13 июня, 2023 - 15:15
Дзюдо
Саугъэт нэхъыщхьэр къахь
НыбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ Налшык и «Гладиатор» зыгъэсапIэм щекIуэкIащ. «ПАО Сбербанкым» игъэува «Сбербанк-Дзюдо-2023» саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэну абы хэтащ 2007 - 2009 гъэхэм къалъхуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Абы кърихьэлIащ Ростов областым, Дагъыстэн, КъШР, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингуш, Адыгэ республикэхэм къикIа спортсмен 235-рэ. КъБР-м щыщ ныбжьыщIэхэр 179-рэ хъурт.
11 июня, 2023 - 10:44
Киров областым мы махуэхэм щекIуэкIащ иджырей пятиборье спорт лIэужьыгъуэм и двоеборье унэтIыныгъэмкIэ щIыналъэзэхуаку зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэси 9 -14-м ит щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр.
9 июня, 2023 - 12:44
Налшык дэт «Гладиатор» спорткомплексым Мэкъуауэгъуэм и 4-м щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытащ Сабийхэр хъумэнымкIэ и дунейпсо махуэм. Зэпеуэм хэтащ 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуа цIыкIуии 148-рэ.
5 июня, 2023 - 10:44
Ди щIэджыкIакIуэхэр щыгъуэзэн хуейщ нэхъ пасэу зи гугъу тщIа, Джэдыкъуэ Плъыжь шыгъэжапIэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. «Урысей кубок» саугъэтым щIэбэнахэм я хъыбар фхуэтщIа щхьэкIэ, а зэхьэзэхуэм адыгэшым лъагапIэщIэ къызэрыщигъэлъэгъуар гулъытэншэу къэнащ. Iуэхум щыгъуазэ дещI Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым.
4 июня, 2023 - 06:00
Мыгъэрей зэхьэзэхуэхэм я ещанэ шыгъэжэгъуэр Налшык и ипподромым щызэхэтащ. Щыгъуазэ фыхуэтщIынщ абы кърикIуахэм.
2 июня, 2023 - 13:33
Спортсмени 114-рэ, командибгъу хъууэ, зыхэта республикэ зэхьэзэхуэ Налшык щрагъэкIуэкIащ. Ар СССР-м дзюдомкIэ и мастер Газаев Руслан и фэеплъу къызэрагъэпэщащ. Хэтахэр 2010 – 2011 гъэхэм къалъхуа щIалэ цIыкIухэщ.
2 июня, 2023 - 12:39
«Умылъэгъуауэ уи фIэщ хъунукъым», - жаIэ Налшык шыгъэжапIэм фIыкIэ зэрызихъуэжам тепсэлъыхьхэм.
Страницы
|