НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ

Дзюдо
Налшык дэт «Гладиатор» спорткомплексым Мэкъуауэгъуэм и 4-м щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытащ Сабийхэр хъумэнымкIэ и дунейпсо махуэм. Зэпеуэм хэтащ 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуа цIыкIуии 148-рэ.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Мысыр Мансур, ХьэщIэдыгъу Сальдар, Натадзе Георгий, Дадуев Амин, Шыбзыхъуэ Басир, Iэрэмысэ Тимур, Къардэн Амир, Газаев Мурат, КIыщ Алан, Дол Къантемыр сымэ. 
ЕтIуанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ Къанкъул Алан, Сыжажэ Мансур, Биттиров Эмирхъан, Къардэн Ибрэхьим, Атабиев Шамиль, Хъумарэ Мурат, Уэрыш Джэмал, Кочкаров Азэмэт сымэ.
Ещанэ хъуахэщ Дудар Алий, Мулаев Алий, Хъурсинэ Инал, Къуэн Тамерлан, Мурачай Мухьэмэд, Къущхьэкъан Сэлихь, Гъажэ Къаплэн, Улшигов Салман, Щамырзэ Дамир, Егуэжь Ратмир, Мэремкъул Дамир, Къунащ Тимур, ТеуныкI Тамерлан сымэ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ягъэхьэзыращ гъэсакIуэхэу: Ким Руслан, Дзу Беслъэн, Дзу Залымджэрий, Куп Эдуард, Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, Мырзей Казбек, Емкъуж Рустам, Тау Азэмэт, ГъуэплъащIэ Астемыр, Соблыр Рустам, Хъумарэ Марат, Борыкъуей Юрэ, ГъукIапщэ Самир, Газаев Хусей, Бэгъуэт Мухьэмэд сымэ.
УвыпIэ нэхъыщхьэхэр къэзыхьахэр кубокхэмкIэ, медалхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмкIэ ягъэпэжащ.

Баскетбол

Сабийхэм я махуэм ирихьэлIэу

Иджыблагъэ «Кристалл» спорткомплексым баскетболымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм хэтащ 20I0-20II гъэхэм къалъхуа хъыджэбз цIыкIухэр
Зэпеуащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Налшык дэт 2-нэ курыт еджапIэм баскетболымкIэ и «Кристалл», Шэджэм къалэ дэт курыт еджапIэм №I, Шэджэм ЕтIуанэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм я гъэсэнхэр. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуащ «Кристалл» командэр. ЕтIуанэ хъуащ Шэджэм къалэм щыщхэр, ещанэ увыпIэр яубыдащ Владикавказ къикIа ныбжьыщIэхэм.
 ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ, фIыщIэ тхылъхэмкIэ ягъэпэжащ.
Зэпеуэм гъуащхьауэ нэхъыфIу къыщалъытащ Хъан Ланэ, гъуащхьэтет нэхъыфI хъуащ Соблыр Саидэ. зэпеуэм фIы дыдэу щыджэгуахэм хабжащ Газаевэ Сальмирэ. Зи цIэ къитIуахэр «Кристалл» гупым щыщщ. А гупыр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Тхьэкъуахъуэ Риммэрэ категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер Тхьэкъуахъуэ Уэсмэнрэ.
 

Бокс
МедалитI къыщахь
Тырныауз дэт «Геолог» спорткомплексым иджыблагъэ щырагъэкIуэкIащ сыт щыгъуи хабзэ хъуауэ къызэрагъэпэщ, дуней псом и чемпион Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэр. А зэхьэзэхуэм хэтащ Урысейм и щIыналъэ I2-м къикIа спортсмен 80-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, хэгъэрейхэм медалитI къахьащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 67-рэ хъухэм я деж щызауэу, финалым нэса Макитов Хьэсэн хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа, Шэшэным щыщ Музаев Ислъам хигъащIэри, япэ увыпIэр иубыдащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 92-м нэсхэм я деж щызэуа Эльбаев Алим финал ныкъуэм къыщыпэщIэува, Калининград щыщ Акопян Армен хигъащIэри, домбеякъыр зыIэригъэхьащ.
Спортсменхэр я гъэсэнщ тренерхэу Гергоков Ахъмэтрэ Эльбаев Владимиррэ.
НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Тхэквондо
Зэуэ медалищ
Набережные Челны къалэм тхеквандомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.
МахуищкIэ ирагъэкIуэкIа а зэпеуэм я хьэлъагъкIэ гуэшауэ, хулъхугъэрэ бзылъхугъэу гуп I6 щызэпеуащ. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэ 38-м къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 46-рэ хъухэм я деж утыку къыщихьа Бекъул Миланэ, Самарэ областым щыщ Ереминэ Викторие къыхигъащIэри, дыжьыныр къылъысащ.
А зэпеуэм апхуэдэуи утыку къыщихьащ 202I гъэм и чемпион хъуауэ щыта, ди лъахэгъу Сатушы Мадинэ. Сатушыр зи хьэлъагъыр килограмм 49-рэ хъухэм я деж щызауэу, Санкт-Петербург щыщ Велюц Алине къытекIуэри, домбеякъыр къыхуагъэфэщащ.
Ди щIалэхэм ящыщу зи хьэлъагъыр кг 58-рэ хъу Щокъуий Ислъами домбеякъыр къихьащ.
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ тренер Ахъмэт Амир.
НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

БэнэкIэ хуит
Медалищ Ереван кърахащ
Армением и къалащхьэ Ереван иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщат СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Пашаян Бенур и фэеплъу. А зэхьэзэхуэм хэтащ Урысейм, Ираным, Армением, Беларусым, Болгарием, Куржым щыщ спортсмен лъэрызехьэхэр.
Ди лъахэгъу Каблоев Виталий (кг 55-рэ) хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа хэгъэрей Карапетян Роберт 5:I-уэ хигъащIэри, увыпIэ нэхъыщхьэр иубыдащ. 
Гъуэныбэ Iэуес (кг 82-рэ) текIуэныгъэр зэримыутIыпщынум шэч лъэпкъ къыщIытепхьэн щымыIэу финалым нэсауэ, Ереван щыщ Манукян Максим къыхигъащIэри, дыжьыныр къихьауэ аращ.
Иджыри зы дыжьын Урысейм и гуп къыхэхам къыхуихьащ КIэмпIарэ Марат (кг 130-рэ).

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: