«Спартак-Налшыкым» зигъэхьэзырын иухащДи футбол командэ пашэм Урысейм и чемпионатым и етIуанэ дивизионым зэрыщыджэгунум зыхуигъэхьэзыру кIэух зэIущIэр Кисловодск къалэ щригъэкIуэкIащ. КъыпэщIэтар и зэфIэкIыныгъэкIэ езым хуэдэн Орехово-Зуевэ и «Знамя труда» командэрщ. Ар етIуанэ дивизионым и ЕтIуанэ гупым щоджэгу.
77-нэ дакъикъэм Масленниковым я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ ди щIалэхэм 1:0-уэ текIуэныгъэ къахьащ. Ди командэм щыджэгуахэщ Сиукаевыр, Мэкъуауэр, Белоусовыр, Далиевыр, Ольмезовыр, Дэхъур, Жангуразовыр, Торосян, ЛIыхъугур, ЛIупыр, Топурие. Нэхъ иужьыIуэкIэ Масленниковыр къахыхьащ. Мы зэIущIэм ипэкIэ «Спартак-Налшыкым» зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ Волгоград и «Ротор»- м дригъэкIуэкIати, зэрытемыгъакIуауэ, бжыгъэр 2:2-уэ, ар иухащ. Ди командэм къыхэжаныкIахэр Ашуевымрэ Белоусовымрэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|