Адыгэ нарт эпосым и ныбжьыр

Кавказым ис лъэпкъ зыбжанэм, псалъэм папщIэ адыгэхэм, абхъазхэм, осетинхэм, нэгъуэщIхэми, ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ. Кавказым ис лъэпкъхэм ящыщ зыбжанэм яIэ нарт эпосыр пасэрей лIыхъужь эпоскIэ зэджэхэм ящыщщ. Ар хъыбару е пшыналъэ кIыхьу шэщIауэ хэтщ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм. ЩIэныгъэм къызэрихутэмкIэ, нарт эпосыр, дунейпсо культурэм и фIыпIэм хохьэ; ар щыхьэт тохъуэ кавказ лъэпкъхэм я нэгу тхыдэшхуэ зэрыщIэкIам, абыхэм я ныбжьыр цивилизацэм и япэ лъэбакъуэхэм къызэрыдэбжэр.
 Нарт пшыналъэхэр, хъыбархэр художественнэ къаруушхуэкIэ узэдащ, лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къапхрыкI гъуэгуанэм ишэщIащ абыхэм я художественнэ къарур, кIуэ пэтми, заукъэбзу, макъамэщIэхэмкIэ заузэду къэгъуэгурыкIуащ «дунейр щымыджэмыпцIэ лъандэрэ». Апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ нарт эпосым и дэтхэнэ лъэпкъ вариантри.
 ЩIэныгъэм шэч къытрихьэркъым адыгэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ нарт эпосым и вариант нэхъ ин дыдэхэм зэращыщым. Адыгэхэм я деж къыщызэтенащ адрей лъэпкъхэм яфIэкIуэдыжа пшыналъэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Абы и закъуэкъым: гу зэрылъытэгъуафIэщи, адыгэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ ди деж къэсащ я купщIэм зэрызахъуэжа щIагъуэ щымыIэу, а купщIэр зэрыгъэпса художественнэ Iэмэпсымэхэми ныбжьышхуэ зэраIэр нэрылъагъущ. Ар пхужыIэнукъым нарт эпосым и адрей лъэпкъ вариантхэм щхьэкIэ. Абыхэм ущрохьэлIэ таурыхъ, псысэ, шыпсэ жанрым хуэкIуэжа, зи нэщэнэхэр зыфIэкIуэда хъыбархэм , пшыналъэхэм, къызэрыпцIыхужри зы закъуэщ – нартыцIэ зэрызэрахьэрщ.
 Мыхьэнэшхуэ иIэщ нарт эпосыр щызэфIэува лъэхъэнэр джыным. «Нартхэ я гъубжэ» хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, мэш ящIэрэ и хъугъуэ нэсмэ, ар къызэрахыжын гъубжэ нартхэ яхуищIащ Лъэпщ. Апхуэдэущ пасэрей IуэрыIуатэм пасэрей Iэмэпсымэм хъыбарыр къызэрыхэнар. IуэрыIуатэм абыкIэ жиIэну зыхуейр гурыIуэгъуэщ: ар къежьащ мэш ящIэ щыхъуа лъэхъэнэм. ГъущI ягъавэ хъуатэкъым гъубжэр къыщежьам. Абы щыхьэт тохъуэ археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж мывэ гъубжэхэр: абыхэм илъэс миниплI нэхъыбэ зи ныбжь яхэтщ. Мывэ гъубжэ къыщIэкIащ апхуэдиз ныбжь зиIэ Iуащхьэжьхэм, испы унэхэм, кхъэлъахэхэм: ахэр, Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хьэкъущыкъухэм, къинэмыщI хьэпшыпхэм щIыгъуу, дунейм ехыжам дыщIалъхьэу щытащ пасэрейхэм. Япэ гъубжэр пасэрейм къыхищIыкIащ мывэм, псалъэм папщIэ, щтаучым: щтауч мывэм къыхэщIыкIа гъубжэ куэд къыщIэкIыжащ щIы щIагъым. «ГъущI лIэщIыгъуэкIэ» зэджэр къэунэхуа нэужь, гъубжэр гъущIыкIэм къыхащIыкI хъуащ. Абы щыхьэт тохъуэ езы «гъубжэ» псалъэр, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, «гъубжэмрэ» «гъущIымрэ» я лъабжьэр зыщ – «гъу» псалъэрщ.

Лъэпщ и IэщIагъэр

 А зи гугъу тщIы зэманырщ Лъэпщи нартхэм мэш къызэрахыжын гъубжэ щахуищIар. Нарт эпосым фIыкIэ къыхэщ лIыхъужьхэм ящыщ зыщ Лъэпщ. Мыр, адрей нарт лIыхъужьхэм ещхьу, зауэлIкъым, атIэ и гъукIэ IэщIагъэ бэлыхьымкIэ лъэпкъым хьэлэлу хуэлажьэ цIыхущ. Пасэрейхэм гъукIэм нэхъ пщIэ зыхуащI щыIакъым. ГъущI ягъавэ зэрыхъу лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуащ гъукIэхэм а пщIэр, абы псори фIэлIыкIырт, тхьэпэлъытэ къафIэщIырти. Лъэпщи фIэмылIыкIрэ и пщIэр зымылъытэрэ яхэтакъым нартхэм.Сосрыкъуэ зыпсыхьри, нартхэ Iэщэ, зэрылэжьэн Iэмэпсымэ яхуэзыщIри Лъэпщщ, псоми чэнджэщ ирахьэлIэ, и псалъэм йодаIуэ. Нартхэм зэралъытэмкIэ, Лъэпщ хузэфIэмыкIын щыIэкъым, гъущI щигъавэкIэ гъущI плъар Iэ пц1анэкIэ еубыд, абы ищIа джатэм мывэм я нэхъ быдэр зэпеупщI, Iэзэщи, имыгъэхъужыф щыIэкъым. Нартхэр дэнэ къэна, нартхэм я ужь къихъуахэми я фIэщ хъууэ щытащ Лъэпщ зэрытхьэпэлъытэр. Зыгуэр уIэгъэ хьэлъэ хъуамэ, щ1опщакIуэ хуащI я хабзэщ адыгэхэм – куэд щIакъым а хабзэр зэрызэханрэ. ЩIопщакIуэм щыгъуазэхэм зэратхыжымкIэ, уIэгъэ зэрылъ унэм и бжэщхьэIум ибгъукIэ сыджрэ вабдзэрэ ягъэтIылъырт, щIопщакIуэм кърихьэлIэхэр сыджымрэ вабдзэмрэ уадэкIэ теуIуэрти, Лъэпщ и цIэкIэ тхьэ елъэIурт. Адыгэхэм я гъащIэм гъукIэм пщIэуэ щиIам и щыхьэтщ Лъэпщ и махуэкIэ зэджэр нэхъ махуэ лъапIэ дыдэхэм хабжэу зэрыщытар.
 

Адыгэ нарт эпосыр япэу хэIущIыIу щыхъуар

Илъэси 150-м щIигъуащ адыгэ нарт эпосыр хэIущIыIу зэрыхъурэ. Абы и цIэ япэ дыдэ изыIуар Хъан-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэщ. 1842 гъэм дунейм къытехьащ Хъан-Джэрий и зы тхыгъэ - «Адыгэхэм я диныр, хьэл-щэнхэр, хабзэхэр, я псэукIэр». А тхыгъэмкIэ Хъан-Джэрий щыхьэт техъуащ адыгэхэм нарткIэ зэджэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбархэр къазэрыдэгъуэгурыкIуэм, абыхэм ящыщ зыбжанэм - Сосрыкъуэ, Тотрэш, Уэзырмэдж, Уэзырмэс, Батрэз сымэ я цIэ ириIуащ. Хъан-Джэрий гу лъитащ пасэрей лIыхъужьхэм - нартхэм я лъэужь куэд адыгэ лъахэ къызэрыщызэтенам. ЩIэныгъэлIыр, езыр щыхьэт зэрытехъуэжымкIэ адыгэ хъыбарыжь, пшыналъэ, уэрэдыжь куэд зэхуихьэсауэ щытащ; шэч хэлъкъым Хъан-Джэрий адыгэ IуэрыIуатэр щызэхуихьэсым нарт эпосым гулъытэ хуимыщIынкIэ Iэмал зэримыIам. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хъан-Джэрий и Iэрытхыр ди деж къэсакъым, къэсами, зэкIэ дунейм къытехьэжакъым.
 Хъан-Джэрий и тхыгъэр традза нэужь, илъэситху дэкIри, 1847 гъэм дунейм къытехьащ Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр». Езы Нэгумэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Тхыдэм» лъабжьэ хуэхъуа пасэрей хъыбарыжьхэр зэхуэхьэсын пасэ дыдэу щIидзащ. Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм къызэрыщигъэлъэгъуащи, адыгэхэм я гъунэжщ нарткIэ зэджэ пасэрей лIыхъжьхэм я хъыбархэр,я цIэ къреIуэ Сосрыкъуэ, Ашэмэз, Уэзырмэдж, Батрэз, Насрэн ЖьакIэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Адыгэхэм нарт хъыбархэр къазэрыдэгъуэгурыкIуэм щыхьэт техъуа фIэкI, Нэгумэ Шори къызэринэкIакъым нарт хъыбари нарт пшыналъи.
 Адыгэ нарт эпосым щыщ пшыналъэ дунейм япэ дыдэ къыщытехьар 1864 гъэрщ. А гъэм Тифлис къыщыдэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъ цIыкIу – «Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитIрэ таурыхъитIрэ».
 ХьэтIохъущокъуэ Къазий и ужькIэ куэдрэ нарт эпосым хуэфащэ гулъытэ игъуэтыжакъым. Нарт хъыбархэр, пшыналъэхэр зэхуэхьэсыным, тедзэным гулъытэ щигъуэтар ди лъэхъэнэрщ. ХьэдэгъэлI Аскер игъэхьэзырауэ Мейкъуапэ къыщыдэкIа тхылъиблым щызэхуэхьэсащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий деж къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху нарт хъыбаррэ пшыналъэу къэхута хъуа псори.
 Нобэрей щIэблэр дызэрыгушхуэ хъун художественнэ хъугъуэфIыгъуэ мылъытэу къызэранэкIащ дяпэ итахэм - нарт эпос щэджащэр. Ар зи акъылым къилэжьа лъэпкъхэм я ныбжьыр къыдобжэ дунейпсо цивилизацэм и япэ лъэбакъуэхэм. Илъэс мин зыбжанэм къыщхьэдэха нарт эпосыр щыхьэт тохъуэ ди лъэпкъхэм культурэ лъагэ дыдэ зэрабгъэдэлъам, абыхэм зи ублвпIэм унэмыплъыс тхыдэ гъуэгуанэ къызэрызэпачам.
 

 

Карто Иринэ, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэ.
Поделиться:

Читать также: