Ленинымрэ профсоюзхэмрэ

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Европэмрэ Урысеймрэ зыщиубгъуащ иужькIэ цIэрыIуэ хъуа профсоюз зэщIэхъееныгъэм. Абы щыгъуэм зыщIэбэнхэри я IуэхущIафэхэри зэтехуэрт. Октябрь революцэр текIуа иужь, я мурадхэр зэтехуэжакъым. КъухьэпIэмкIэ ахэр зэрыщытауэ къыщынэжат: лэжьэгъуэ зэманыр сыхьэти 8-м хуэгъэкIуэн, я улахуэхэр кърагъэIэтын. ГуащIэрыпсэухэр хуит щыхъуа къэралым и профсоюзхэр хэт къызыщхьэщыжынур? А упщIэ гугъум и жэуапыр къэлъыхъуэнырт профсоюзхэм 1918 гъэм и щIышылэм Петроград щекIуэкIа япэ съездыр нэхъыщхьэу зытеухуари.
Зэхуэсым хэтащ делегат 416-рэ. Ахэр рабочэ мелуани 2,5-м я лIыкIуэт. ЗэхуэдитIым щIигъум большевикхэу, процент 22-м меньшевикхэу зыкъалъытэжырт, процент 12-р партхэм ящыщтэкъым, адрейхэр хэт сэмэгумкIэ, хэти ижьымкIэ щыIэ эсерхэт. ЗанщIэу зэныкъуэкъун щIадзащ. СэмэгумкIэ еплъэкI лIыкIуэхэм жаIащ власть псори профсоюзхэм IэщIалъхьэн хуейуэ. Меньшевикхэмрэ ижьырабгъур зыIыгъ эсерхэмрэ профсоюзхэр хамэ унафэ щIэт мыхъуну къалъытэрт. Абыхэм жаIэрт захъуэжами, лэжьыгъэмрэ мылъкумрэ я зэхущытыкIэхэр мыкIуэдыжауэ. Большевикхэм я цIэкIэ съездым къыщыпсэлъа Зиновьев Григорий ар идэртэкъым. Рабочэхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ властыр щаIэщIэлъым и деж профсоюзхэр къызыщхьэщыжын щыIэкъым, а щхьэусыгъуэм къыхэкIыу и Iуэхухэр зезыхьэхэм яхыхьэн хуейщ, къагуригъаIуэрт абы. Зи лIыкIуэхэр нэхъыбэ коммунистхэм я апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр, дауи, пхыкIащ.
 Ауэ абдеж зэдауэр щиухакъым. Ар щIэрыщIэу ирагъэжьэжащ 1920 гъэм. РСФСР-м и Iэтащхьэхэм ящыщ Троцкий Лев жиIащ Совет Урысейм профсоюзхэр къызыщхьэщыжын щымыIэу икIи ахэр властым хыхьэн хуейуэ. Ленин Владимир ар идакъым: «Ныбжьэгъу Троцкэр топсэлъыхь «рабочэ къэралым»… Рабочэ дыдэкъым, аращ Iуэхур здэщыIэри». Вождым къагуригъэIуащ Совет Урысейр «рабочэ-мэкъумэшыщIэ къэралу къылъытн зэрыхуейр. Абыи бюрократие нэщэнэхэри хэплъагъуэу. Апхуэдэу щыщыткIэ, рабочэхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ яку дэлъ рынок зэхущытыкIэхэм бюрократием и щхьэзыфIэфIыгъэр хыхьэнущ, лэжьакIуэр къонэ къыщхьэщыжын имыIэу».
Абдежи къыщыувыIакъым: НЭП-м хуэкIуа иужь Лениным жиIащ забастовкэхэр ирагъэкIуэкIыну гуащIэрыпсэухэр хуит ящIын хуейуэ. Ари даIыгъа хуэдэт, арщхьэкIэ ипэжыпIэкIэ забастовкэхэр гущIэгъуншэу зэхапIытIэрт.
ВКП (б)-м 1921 гъэм и гъатхэпэм иригъэкIуэкIа Х съездым къагъэлъэгъуащ властыр къанэ щымыIэу партым IэщIэлъын зэрыхуейр. Арат гуащIэрыпсэухэм къащхьэщыжыну, абыхэм я сэбэп зыхэлъхэр пхызыгъэкIыну зи пщэ къыдэхуэри. Профсоюзхэм къалэну хуагъэувырт лэжьакIуэхэр къыхахыныр, трагуэшэныр, ягъэсэныр. Ауэ Iуэхухэр зехьэным хыхьэ хъунутэкъым. Нэхъ щхьэтечу ар щыжаIащ 1922 гъэм и гъатхэм ирагъэкIуэкIа ХI съездым: «Власть псори завод унафэщIхэм яIэщIэлъхьэн хуейщ. Профсоюзхэр хэIэбэ хъунукъым Iуэхухэр зехьэным. Апхуэдэ хущIэкъуныгъэр зэрану икIи къэбгъэхъу мыхъуну къэлъытэн хуейщ». Зэрытлъагъущи, Лениным и Iуэху бгъэдыхьэкIэм къыханэжа щыIэтэкъым. ГуащIэрыпсэухэм я сэбэп зыхэлъхэр яхъумэу профсоюзхэр япэувыфынутэкъым къулыкъущIэхэм. НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIэ, ахэр езыхэри яхэтт унафэ зыщIхэм. Мис апхуэдэу зэпэщIэуэ къалэн тIуащIэ я пщэ дэлъу къэгъуэгурыкIуащ а лэжьыгъэм хэтхэр. Ар зэм нэхъ ин, зэми нэхъ цIыкIу хъурт зыхиубыдэ лъэхъэнэм тещIыхьауэ. Профсоюзхэр хамэ унафэ къыщIэкIыну куэдрэ хущIэкъуащ, арщхьэкIэ блэкIа лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIхэм зэрыхуа щытыкIэм есэжри, апхуэдэ Iуэху зэрахуэжакъым. Иджы дэ къыдгурыIуащ: Iуэхухэр зэрамыхьэми. профсоюзхэм лъэкIыныгъэшхуэ яIэт къызэрыгуэкI лэжьакIуэм ифI зэрахуэнымкIэ. Абыхэм якуэдт санаторэхэмрэ зыгъэпсэхупIэ унэхэмрэ, пионер лагерхэр, цIыхухэм защIэзыгъакъуэ IуэхущIапIэхэр. Я властри цIыкIутэкъым, лъэщапIэм и Iэтащхьэм лэжьакIуэр и IэнатIэм IуигъэкIыфынутэкъым профкомым и арэзыныгъэ хэмылъу. Къэралым ит фэтэрхэр ятезыгуашэри арат, игъэува чэзум тету. Езы профсоюзри ахъшэкIэ дэIэпыкъуфырт хуэныкъуэм. Дэ а псори апхуэдэу щытын хуейуэ икIи апхуэдэуи екIуэкIыну къэтлъытэрт.
Иджы къыдгуроIуэж дызэрыщыуар. Хэт сыти жреIэ, ауэ профсоюзхэм къахэнэжар я цIэ закъуэрщ. Сыт хуэдэу щытми, дэ тлъагъуркъым ахэр зыгуэркIэ ди гъащIэм хэту. ЖыпIэ хъунущ IуэхущIапIэхэми щымыIэжыххэу. Аращ.

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: