Къэтей и къуэ

Пщым и зэманым Къэсейхьэблэ (Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз къуажэр) дэсат Къэтей и къуэкIэ еджэу зы лIы бланэ, егъэлеяуэ къаруушхуэ хэлъу, зэхэзекIуи иIэу, ауэ зигъэнаIуэ дыдэу щымыту.

Абы мылъкушхуэ дыди иIэтэкъым, и бын зэрипIын, адрейхэм зэремыхъуэпсэн мыхъумэ. Ауэ и шыфэлIыфэмрэ и зэфIэкIымрэкIэ цIэрыIуэ хъуати, къуажэпщ Къэсей и къуэм чэнджэщэгъу ищIхэм, пщIэ лей зыхуищIхэм ящыщт…

Махуэ гуэрым жылэм хъыбар мыщхьэпэ къаIэрохьэ, КъэбэрдейкIэ къикIа дыгъуакIуэ гупым КъазмэкIэ щыIэу щIыгу зыгъэлажьэ, Къэсейхьэблэ щыщ мэкъумэшыщIэхэм я выпэжь тIэкIухэр трахри, кърахужьауэ къахуу. Вэгъуэ зэмант. Ар щызэхихым, Къэсей и къуэ жылэпщым мурад ещI дыгъуакIуэхэм ерыскъы япригъажьэу, абыкIэ къигъэхэшэну.

Гуэл шыугъэхэм я Iуфэм (иджы псы хъумапIэшхуэр здитым деж), шатыр щрегъэухуэ, ерыскъы ярегъэгъэхьэзырри, самовари зэщIрегъэгъанэр. Пщым и гугъэр Къэтей и къуэм щызэхихым, къакIуэри абы къыжриIат вакIуэу губгъуэм ит лэжьакIуэжьхэм я гъатхэ вы уэдыжьхэр къатезыхын зи напэ къезыгъэкIуахэм ерыскъыми къызэрыпамыгъэзэнур. Ауэ Къэсей и къуэм и фIэщ хъуатэкъым къурIэным нэхърэ нэхъ ягъэлъапIэ ерыскъым и хьэтырым ебэкъуэфын щыIэу.

Апхуэдэу къыфIэщIами, пщыр къэпцIауэ къыщIокI. Выхэр зыху дыгъуакIуэхэр, уеблэмэ, пщым къызэрыригъэблагъэ ерыскъым къыхуемыплъэкIыу. и фIэхъусми жэуап къудей къыпамыдзыжу блэкIахэт, къызэтемыувыIэу. Мы Iуэхур абыкIэ зэриухынур зыщIэххэ Къэтей и къуэри къэкIуауэ абдеж щытти, пщым къехъулIар щилъагъукIэ бгъэдохьэри:

- Къэсей и къуэ, си бохъшэр мыIувми, си щхьэм зыгуэр егъэв. Уэ уи Iэмалым уеплъагъэххэщ, иджы абыхэм нэхъ яхэзагъэ Iэмалыр сэ сощIэри, ар къэзгъэсэбэпыну хуит сыкъэщI! – жреIэр.

- Узахуэ дыдэу укъыщIэкIащ, Къэтей и къуэ! Ерыскъым и пщIэм ебэкъуам адэкIэ сыт йупэсми хъунущ! Узыхуей дыдэр ещIэ, ауэ укIыгъэрэ лъырэ Iуэхум къыхыумыгъэхьэ. Сыт хуэдизкIэ мыгъуамэми, ахэри цIыхущ, адыгэщ, къэзылъхуарэ я бынрэ къапоплъэ, езым я пщIэнтIэпскIэ псэужу ямыгъэсэфами. Зэ фIыуэ «хьэгунацэ» IугъэщIамэ, зи щхьэ акъыл къихьэжын къахэкIынкIи къэнэнкъым. «Гъатхэ выжь щхьэкIэ ди щIалэхэр къаукIащ! – къытхужумыгъэIэ закъуэ. Iэщэ къыумыхми, уэ абыхэм я акъыл къызэрыбгъэушыфын къару Тхьэм къуитауэ уиIэщ. Мис абыкIэ узыхуейр ящIэ! – жеIэри, Къэсей и къуэм хуит къещI.  

Выхэр зыхухэр шуми, яхур выти, абыхэм я псынщIагърат гупыр зэрыкIуэфыр. Абы къыхэкIыу, Къэтей и къуэмрэ пщымрэ зэпсэлъэху дыгъуакIуэхэр жыжьэ IукIыфатэкъым.

Къэтей и къуэр гупым ялъэщIохьэри, щIэупщIэурэ я гупзешэр зрегъэлъагъу. И сэмэгурабгъумкIэ къыбгъэдохутэри, фIэхъус зэрахын хуэдэу я Iэхэр щызэхуашийкIэ, Къэтей и къуэр дыгъу пашэм и Iэм блоIэбыкIри, и Iэ бэлагъышхуэр лIым и дзажэ кIапэм щIеукIэ, гъуахъуэрэ кIэнтIрауэу и шыплIэм къыделъхьэр, къегъэкIэрэхъуэжри, мыгузавэурэ пщым и шатырым къыхуеунэтIыж. Адрей и гъусэ ипхъыхьауэ, выхэм къеуэхэм ар щалъагъум, «дэри къытлъымысащэрэт!» - жыхуаIэу, щхьэж иш зэрихькIэ, щхьэхь-псэхьу, щIопхъуэж.

Къэтей и къуэм лIыр къехьри, къэпыжь гуэр хуэдэ пщым и пащхьэ къредзэр. Зи дзажэналъэ гуэрхэм фэбжь ягъуэта лIым ерагъыу зыкъеIэтри, ар къезыщIа щIалэм нэхъу-нэхъуу къоплъ.

 - Мы зи пащхьэм фызым хуэдэу уилъа ди къуажэпщым и хьэтыркIэ, мы зы далэм уи щхьэр фIэзмыIуэнтIыкIыу укъызогъанэ. ДяпэкIэ, е уэ, е а уи хьэIуцыдзым ящыщ ди хэгъуэгум фыкъихьауэ фыкъыспэщIэхуэмэ, «фэ вгъэзэжынщ!» - жысIэу, си Iэр си пащIэм нэс дэсхьейуэ сетIэхъункъым.

Пщым и дежкIэ зегъазэри:

- Си пщэ къиплъхьауэ щытар згъэзэщIащ, Къэсей и къуэ, укIыгъэ сщIакъым, лъы къизгъэкIакъым. КIуэ, мы узым выщIэм хуэдэу игъэгъуэхъуам и дзажэ щIагъым и кIуэцIкIэ щыхъар сэ сщIэрэ, и гущIыIукIэ дагъуэ иIэкъым. Иджы уэ епщIэнум ухуитщ! – жеIэри, Къэтей и къуэр мэшэсыж выхэр къызэщIикъуэжыну.

Къэсей и къуэм дыгъуакIуэ пашэм щыхьэт тхьэрыIуэ ирегъэщI дяпэкIэ, хьэщIапIэ Iуэху къинэмыщIауэ, хэгъуэгум къимыхьэну. Выхэр къэзугъуеижа Къэтей и къуэри абыкIэ арэзы мэхъури, лIыр яутIыпщыж. Выхэм къакIэлъыкIуа шухэм ахэр яхуж я лэжьапIэм…

Тхьэмахуэ гуэри текIыжауэ пщым Къэтей и къуэм джакIуэ къыхуещI:

- Къуажэм хуэблэжьам папщIэ фIыщIэ пхуэсщIынущи, къакIуэ! – жиIэу.

- «Къэсейхьэблэм я выпэжь зырыз къахуэсхужащ!» - жысIэу, дауэрэ уи пащхьэ сиувэн, а Iуэху мыхьэнэншэм щхьэкIэ? – жиIэри, Къэтей и къуэм кIуэн идатэкъым.

Абы иужькIэ къуажэпщым а щIалэм пщIэуэ хуищIым нэхъри хэхъуэри, пщым и унагъуэ IуэхукIэ и гугъу къимыщIу, и хьэщIэ къегъэблагъэу, и хьэщIэщ щIэсу игъэпсэуащ, къуажэ Iуэху гузэвэгъуэ къэхъумэ, нэхъ и Iэщэ иримыгъэIэбу…

(ЖызыIэжар хьэбэздэс ДыщэкI Нарыч и къуэ Билалщ, 1970 гъэ).

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться: