Лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ къегъэхъу

- ЦIыхум къыдалъхуа и анэдэлъэхубзэращ ар дунейм тезышэр, лъэпкъым, щIыналъэм щыщ зыщIыр. А фIыгъуэр сабийм псом япэу бгъэдэзылъхьэфынур ар къыщыхъу унагъуэращ, абы и адэ-анэращ. Дызэрыщыгъуазэщи, къызыхэкIа унагъуэм илъ хабзэращ псом япэу сабийм къищтэр. Ауэ щыхъукIи, а хабзэхэмрэ бзыпхъэхэмрэ гъуазэ хуэхъунымкIэ ныбжьыщIэм япэ шэсыпIэ хуэхъур, шэч хэмылъу, и анэдэлъхубзэращ. Сабийм япэщIыкIэ бзэм и IэфIагъыр, иужькIэ и лъэщагъыр зыхищIэурэ, и гупсысэкIэри абы тегъэпсыхьа мэхъу, апхуэдэуи бзэр зэхихыху, ирипсэлъэху, абы и зэхэлъыкIэр, и зекIуэкIэр зыхещIэ, зыщIешэ, - жеIэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Джэрмэншык къуажэм дэт курыт школым илъэс куэд лъандэрэ адыгэ-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ щезыхьэдж ГъукIэпщокъуэ Iэсият. 

ГъуэкIэпщокъуэм хуэдэу IэнатIэм хьэлэлу пэрыт егъэджакIуэхэр ди мащIэкъым. Ар фIыгъуэшхуэщ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыххэм гъащIэмрэ лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэмрэ хуаIэ щытыкIэр нэгъуэщIщ. Псом хуэдэжкъым абы и лъэныкъуэкIэ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ сабийхэм егъэджыным зи гъащIэр тезыухуахэр. Ахэр иропIейтей ди бзэм жылагъуэм щиIэ пщIэмрэ гулъытэмрэ. Абы къыхэкIыу я къару псори ирахьэлIэ лъэпкъыбзэр шэрыуэу зыIурылъ, ар фIыуэ зылъагъу икIи зылъытэ щIэблэ адэжь щIыналъэм къитэджэным. Апхуэдэуи а егъэджакIуэхэм гулъытэ ин хуащI ныбжьыщIэхэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету, хэкупсэу гъэсэным. 
ФIыуэ илъагъу IэщIагъэм Iэсият зэрырилажьэрэ илъэс 40-м щIигъуащ. Ар зэман мащIэкъым, ауэ зэи къэхъуакъым къыхиха IэщIагъэм щытезэша. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум и къызэгъэпэщыкIэм и пIалъэ ещIэ икIи и IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрыту мэлажьэ. ГъукIэпщокъуэм и Iуэху зехьэкIэр куэдым я дежкIэ щапхъэщ. Ар адрейхэм ейм къахощхьэхукI бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, IэзагъымкIэ, и дерсхэм щIэлъ гупсысэмрэ купщIэмкIэ. Зи лэжьыгъэмкIэ категорие нэхъыщхьэ I995 гъэ лъандэрэ зиIэ егъэджакIуэм и дэтхэнэ дерсри къэхутэныгъэ хьэлэмэтщ. Абыхэм еджакIуэхэм къыщащIэр адыгэбзэм и хабзэхэмрэ литературэм и теориемрэ я закъуэкъым. Iэсият цIыкIухэр щыгъуазэ хуещI гъащIэм и зэхэлъыкIэ хьэлэмэтым, лъэпкъ тхыдэмрэ хабзэмрэ ящыщ куэдым, «адыгэ нэмыс» псалъэхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэм. Адыгэбзэм сабийхэр дезыгъэхьэх, зыгъэгупсысэ, нэхъыбэ къащIэным хущIэзыгъэкъу лэжьыгъэхэр и дерсхэм къыщигъэсэбэпыныр Iэсият нэхъыщхьэу гулъытэ зыхуищI егъэджэныгъэ Iэмалхэм ящыщщ. ЕгъэджакIуэм нэгъуэщI Iуэху бгъэдыхьэкIи иIэщ: абы къегъэсэбэп лекцэ, семинар, зачёт дерсхэр. Бзэм дезыгъэхьэх дерсхэр нэхъ купщIафIэ, гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, абы нэгъуэщI предметхэмрэ адыгэбзэмрэ зэпещIэ. Псалъэм папщIэ, тхыдэр, географиер, сурэт щIыныр, урысыбзэмрэ литературэмрэ, музыкэ предметхэр ГъукIэпщокъуэм и лэжьыгъэм щIэх-щIэхыурэ къыщегъэсэбэп. 
Iэсият зэрыжиIэмкIэ, сабийм унагъуэм пэщIэдзэ щIэныгъэр апхуэдэ щIыкIэкIэ щигъуэта нэужь, адэкIэ бзэм зегъэужьынымкIэ къалэнхэр егъэджакIуэхэм я пщэ къыдохуэ. ЕгъэджакIуэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэм иIыгъщ куэд. Ар гукIи псэкIи къабзэу бгъэдэтын хуейщ дэтхэнэ сабийми, езым бгъэдэлъ щIэныгъэр тэмэму яритыфын, цIыкIухэм я псэр итхьэкъун щхьэкIэ. Шэч хэмылъу, а къалэнхэр нэхъыфI дыдэу зэрыбгъэзэщIэфыну Iэмалхэм ящыщщ анэдэлъхубзэкIэ Iу псалъэр. Аращ псэм еIэфIэкIри егуэпэкIри. Абы и лъэныкъуэкIэ жыпIэ хъунущ зи анэбзэр зыIурымылъу къэхъу сабийхэм гъащIэм фIыгъуэрэ IэфIыгъэу куэд зэращыфIэкIуэдыр. 
 Лъэпкъ лъапIэныгъэхэр хъумэным, ахэр гъэбэгъуэным хуэунэтIащ егъэджакIуэ нэсу куэдым къалъытэ Iэсият зэфIих лэжьыгъэр. Абы щIэх-щIэхыурэ ирегъэкIуэкI дерс зэIухахэр. Апхуэдэхэм деж нэрылъагъу мэхъу егъэджакIуэмрэ абы и еджакIуэхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэр зыхуэдэр, нэхъыжьым нэхъыщIэхэр зыхуиущийр. Абы и гъэсэнхэр жыджэру хэтщ еджапIэм, районым къыщызэрагъэпэщ зэпеуэхэм, адыгэбзэмкIэ олимпиадэхэм, егъэджэныгъэм пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Дерсхэм къадэкIуэу, ГъукIэпщокъуэм ныбжьыщIэхэм ярегъэгъэзащIэ творческэ проект зэмылIэужьыгъуэхэр, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр, ахэр я лъэпкъ лIакъуэхэм я къекIуэкIыкIахэм, я нэхъыжьыфIхэм яIа псэукIэмрэ дуней еплъыкIэхэмрэ иришалIэу. ГъукIэпщокъуэр хуэфэщэну хэтащ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ди къэралым щагъэувам. Абы иригъэкIуэкIащ дерс зэIухахэр, пшыхь хьэлэмэтхэр, зэIущIэ купщIафIэхэр. КъинэмыщIауэ, егъэджакIуэ Iэзэр мызэ-мытIэу хэтащ ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми анэдэлъхубзэмкIэ къыщызэрагъэпэща семинархэм, конференцхэм. 
Зи IэнатIэм зигуми зи псэми щыщ хэзылъхьэ бзылъхугъэм и цIэр фIыкIэ щыIуащ республикэпсо утыкухэми. Ар мызэ-мытIэу пэрыт щыхъуащ «Си бзэ - си псэ, си дуней» щIыналъэпсо зэпеуэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм. Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ, «ЕгъэджакIуэ нэхъыжь» цIэр зезыхьэ Iэсият илъэс куэдкIэ лэжьащ Джэрмэншык курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу. I98I гъэм къыщыщIэдзауэ I987 гъэ пщIондэ ар щытащ анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я районпсо методикэ зэгухьэныгъэм и пашэу. Зы илъэси къанэркъым ГъукIэпщокъуэр КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэми егъэджэныгъэмкIэ Аруан щIыналъэ IэнатIэми ирамыгъэблагъэу, анэдэлъхубзэмкIэ район, республикэ олимпиадэхэм хэтхэм папщIэ лэжьыгъэхэр зыгъэхьэзыр гупым яхэту. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: