Май щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ. Жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри. Апхуэдэу, лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, Май щIыналъэм и жылагъуэ зыбжанэ зэпха Шэрэджыпсым телъ лъэмыжми, Май къалэ - Заречнэ - Новоивановскэ жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгуми я зэгъэпэщыжыным лэжьыгъэшхуэ иращIылIащ.

Зи гугъу тщIа жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгур Налшык - Май къалэ къэралпсо гъуэгушхуэм къыхохьэж. КилометритIрэ ныкъуэрэ зи кIыхьагъ гъуэгум телъ асфальт къилъэлъар трахри, тIуащIэу зэтелъ асфальтобетон тралъхьащ. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгубгъухэр ягъэбыдащ, турхэр къыхалыкIыжащ, лъэс лъагъуэр яукъуэдиящ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщащ, зекIуэкIэ хабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэуващ.

Абы къищынэмыщIауэ, Май щIыналъэм ит жылэ зыбжанэ зэрипхыу икIи цIыхухэр зэлъигъэIэсу лъэмыж итщ. Ар Хэку зауэшхуэм ипэкIэ ящIахэм ящыщщ. Иджы телъ лъэмыжыр зэращIрэ илъэс блыщIым щхьэдэхащ, ауэ ар зэрызэрамыгъэпэщыжрэ зэманыфI дэкIащ. Иужьрей дыдэу гъуэгуухуэхэр абы щеIусар 1980 гъэхэрщ. Аращ къызыхэкIар жьы хъуа лъэмыжыр трахыныр, и лъабжьэр ягъэжу ибгъухэр гъуэгущхьэIухэм къыхагъэхьэжыныр.

Метр 90 зи кIыхьагъ лъэмыжыр щIэрыщIэу тралъхьэжу жыпIэ хъунущ. Гъуэгуухуэхэм абы и екIуэлIапIэхэр трахри, ар зыбгъэдыхьэ псыхъуэ ныджэхэр къатIэщIащ. Мы лъэхъэнэм псыпцIэ удзыжьым зэщIищта псыхъуэ нэпкъхэр ягъэкъабзэ, автомашинэхэр пIалъэкIэ щызекIуэн хуэдэу гъуэгу тралъхьэну псы кIуапIэхэр щхьэдагъэу. Абы къыдэкIуэу гъуэгуухуэхэм ныджэ егъэбыдылIапIэхэр нэхъ бгъуэ ящIыну, лъэмыжыр нэхъ лъагэу яIэтын щхьэкIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэм и кууагъыр къалъытащ, лъэмыж бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ здыхагъэувэнур ягъэнэхуащ. Лъэмыжым и пкъыр псыхъуэ нэпкъхэм хагъэжыхьа нэужь, лъэныкъуитIымкIэ къекIуалIэ гъуэгухэм хыхьэжу асфальтобетон тралъхьэну я гугъэщ. Къыхэгъэщын хуейщ лъэмыжым ирахьэлIа лэжьыгъэр зэрыщыту цIыхум и шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ мардэхэми, гъуэгум и фIагъыр къэзыIэт щапхъэхэми зэрытехуэр.

Лъэмыжым ирикIуэ гъуэгур Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ зыужьыныгъэр зэлъыта зекIуапIэхэм ящыщщ. Абы къуажэхэр зэпищIэ къудейкъым, атIэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэ социальнэ IуэхущIапIэхэр зэрепх. Май къалэм щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ сымаджэщыр, къэрал IуэхущIапIэхэр дэтщ. Къуажэхэм къикI гъуэгур лъэмыжым зэрикIым къыдэкIуэу, цIыхум я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ и мыхьэнэр зэрыиным къыхэкIыу ухуэныгъэр къэралым и нэIэм щIэтщ.

Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхур етIанэгъэ яухыну я гугъэщ. Май къалэ - Заречнэ - Новоивановскэ жылэхэр зэзыпх гъуэгум зэрагъэпэщыжа нэужь, етIанэгъэ пщIондэ километрипщIрэ ныкъуэрэ къыпагъэхъуэнущ. Ар фIыуэ нэхъ кIыхьщ, Новоивановскэ къуажапщэм къыщегъэжьауэ Май къалэ дэжыпIэм нэс зэрепх.

Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэмыжым епха лэжьыгъэхэр къыхуагъэува пIалъэм иту йокIуэкI, ухуэныгъэ технологием къигъэув мардэхэр зыри къэмынэу нэсу ягъэзащIэ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: