Президент хэхыныгъэхэр къоблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы къыщызэрагъэпэщащ 2024 гъэм къэралым щызэхэтыну Президент хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъын, ныкъусаныгъэ хэлъхэр сэтей къэзышIын ЩIыналъэ жылагъуэ штабыр. ЗэIущIэм хэтахэр хэплъащ штабым хагъэхьэнухэм я кандидатурэхэм, апхуэдэуи абы и зэхэлъыкIэнумрэ зэрылэжьэну щIыкIэмрэ. 

ЩIыналъэ жылагъуэ штабым и тхьэмадэ Маслов Николай къызэрыхигъэщамкIэ, Урысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэу етIанэгъэ екIуэкIынур къэралым и политикэ гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. 
«Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм лэжьыгъэшхуэ къапэщылъщ - хэхыныгъэхэм ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэзащIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну я къалэнщ. Нобэ штабым хэтщ цIыху 15 икIи ахэр лэжьэнущ УФ-м и Президент хэхыныгъэхэр ирагъажьэу зэфIэкIыхукIэ. Жылагъуэ штабым и къалэн нэхъыщхьэр КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу кIэлъыплъакIуэхэм информацэ, эксперт, юрист дэIэпыкъуныгъэхэр ирагъэгъуэтынырщ. 
ЦIыхубэ кIэлъыплъакIуэхэм я къалэнщ хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым, абы ехьэлIауэ щыIэ хабзэр зэрагъэзащIэм зыщагъэгъуэзэну, Iэ яIэтыну хэхыныгъэхэм къекIуэлIа цIыхухэм я дзыхь кърагъэзын хуэдэу абыхэм ядэIэпыкъуну», - жиIащ Масловым. 
Апхуэдэуи абы къызэрыхигъэщамкIэ, хэхыныгъэхэм ирихьэлIэу цIыхубэ кIэлъыплъакIуэхэм я бжыгъэр цIыху 900-м зэрынэхьэсынущ. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хуитыныгъэ иIэщ хэхыныгъэхэр щекIуэкIыну дэтхэнэ зы щIыпIэми и цIыхухэр игъэкIуэну, ахэр зэрекIуэкIым кIэлъигъэплъыну. 

БЭВЫКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: