Улахуэхэм хагъахъуэКъэралым и бюджет IэнатIэхэм щылажьэхэм я хэхъуэр нэхъыбэ щIыным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и Правительствэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэпымыууэ ирегъэкIуэкI, УФ-м и Президентым къахуигъэува къалэнхэр игъэзащIэу. Псалъэм къыдэкIуэу, УФ-м и Правительствэм и ахъшэ гъэтIылъыгъэм къыхэкIыу сом мелард 11 хуаутIыпщынущ, языныкъуэ федеральнэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я мазэ хьэкъым хухагъэхъуэн щхьэкIэ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. ИкIи мыгувэу ар зыхащIэнущ егъэджакIуэхэм, медицинэм и лэжьакIуэхэм, щIэныгъэ ищхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэм, щIэныгъэ лэжьакIуэхэм, щэнхабзэмкIэ IэнатIэхэм пэрытхэм. Абыхэм къыхуаутIыпщыну ахъшэм щыщу сом меларди 4,6-р здагъэкIуэнур егъэджэныгъэм пыщIахэм я улахуэм хухагъэхъуэнырщ, сом меларди 2-м нэблагъэр – щIэныгъэм, сом меларди 3,8-р медицинэ IэнатIэхэм пэрытхэрщ, сом мелуан 860-р щэнхабзэм и лэжьакIуэхэрщ. УФ-м и Правительствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэрыхигъэщамкIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ, къэрал бюджет IэнатIэхэм щылажьэхэм я улахуэр хэгъэхъуэным ехьэлIауэ УФ-м и Президентым 2012 гъэм къыдигъэкIа унафэр гъэзэщIа мэхъу.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|