Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ зыбжанэм екIуалIэ, километрибл зи кIыхьагъ гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ щызэрагъэпэщыжащ.

Апхуэдэу зыхуей хуагъэзащ Iуащхьэмахуэ лъапэм зыщызыукъуэдия лъэпкъ паркым хэт, «Шхельда», «Жантыгъуэн» фIэщыгъэхэр зезыхьэ увыгъэхэм екIуалIэ гъуэгухэр. ДэкIыпIэ задэ защIэу, къэгъэшыпIэ шынагъуэу бгылъэм кIэрыхьэ гъуэгур псыдзэмрэ мывэкъелъэмрэ зэрызэхакъутэрэ куэд щIат. Иужьрей дыдэу гъуэгум иIэ щыщIэныгъэхэр зэрызэрагъэзэхуэжрэ илъэс зыбжанэ дэкIащ, гъуэгум лъэсу ущызекIуэнри машинэкIэ ущызэхэзежэнри шынагъуэ хъуат. Гугъуехьышхуэ пылъу гъуэгуухуэхэм асфальтбетоныр тралъхьа нэужь, ар яутIыпщащ, иджы ущызекIуэ мэхъу.

Абы къищынэмыщIауэ, Бахъсэн Ипщэ къуажэм Согаевымрэ Мусукаевымрэ я цIэхэр зезыхьэ, Лесной икIи Школьнэ уэрамхэм, Тхуей мэзым и екIуэлIапIэм машинэхэр щызэхэзекIуэ гъуэгу Iыхьэри зэрагъэпэщыжащ. Километр 1,3-рэ зи кIыхьагъ гъуэгум текIуэда мылъкур лъэпкъ программэм къыхэкIащ. Тырныауз къалэм дэт, куэд дыдэ лъандэрэ ущызекIуэнкIэ дзыхьщIыгъуэджэ хъуа Молодёжнэ уэрамыр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и бюджетым къыхэкI ахъшэмкIэ зэIузэпэщ ящIыжащ.

Километритхум щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгухэм елэжьыну иджыри къапэщылъщ. Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгухэм телъ асфальт къилъэлъар трахри, щIэ тралъхьащ. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгубгъухэр ягъэбыдащ, турхэр къыхалыкIыжащ, лъэс лъагъуэр яукъуэдиящ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщащ, зекIуэкIэ хабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэуващ.

ЩIыналъэм и кIыхьагъкIэ пхокI Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Прохладнэрэ (КъалэкIыхьымрэ) зэпызыщIэ гъуэгури. Ар щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ гъуэгу мардэхэм техуэжыртэкъым, зекIуапIэхэр къыхэгъэщхьэхукIатэкъым, гъуэгу хабзэхэр къызытещ дамыгъэхэр тегъэуватэкъым. ЗыплъыхьакIуэхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ уэру къыздэкIуэ щIыпIэм цIыхум и узыншагъэм ещхьэпэ псы хущхъуэ къыщIэжыпIэ 20-м щIигъу щыIэщ. Абыхэм я IуплъапIэхэмрэ хуэкIуэ гъуэгухэмрэ 2024 гъэм къриубыдэу зыхуей хуагъэзэну апхуэдэ мурадхэр щыIэщ.

Зэрыщыту къапщтэмэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ йокIуэкI, щIыпIэхэм я теплъэр къагъэщIэрэщIэжу, цIыхухэм къытрагъэзэну хуейуэ гукъыдэж къариту.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: