Я къалэныр ягъэзэщIащ

Хьэмащэ, Аурсэнтх, Шэрэдж, Хъазнидон гъэмахуэ хъупIэхэм щыIа Iэщхэр фокIадэм и 28-м къешэхыжын щIадзащ. Накъыгъэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэхэм щаIыгъащ ди республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэмрэ уней хозяйствэхэмрэ я Iэщ мини 185-рэ. Абы щыщу мин 50-р Iэщышхуэщ, мини 3-р жэм къашщ.

Iэщу дашам и зэхуэдитIыр щаIыгъащ хъупIэхэм я нэхъ ин Хьэмащэ - гектар мин 80 мэхъу, хъупIэ зэпыудауэ 22-рэ иIэщ. Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ абы щыIа Iэщ дохутырхэр жэщ-махуэ ямыIэу кIэлъыплъащ Iэщхэм я щытыкIэм. Абыхэм щеIэзэ щIыпIэ зыбжанэ яIащ икIи я дэтхэнэри зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщауэ щытащ. ХъупIэхэм уэру къыщыкI удз цIынэ къабзэхэм хэту бжьыхьэм техьа Iэщхэм теплъэфI яIэу, куэди къащIэхъуауэ къагъэзэж. ХъупIэхэм къыщыщIаша гъэшым щелэжьащ Налшык, Зеикъуэ, Сэрмакъ дэт гъэш заводхэм, абыхэм нэхъ пыIудзауэ щытахэр езыхэр елэжьыжыну Iэмал яIащ. Абыхэм къыщыщIагъэкIа, щIыуэпс къабзагъэ ин зыбгъэдэлъ гъэшхэкIхэм я уасэр процент 30-кIэ гъэмэщIауэ гъэмахуэ псом цIыхухэм иращащ.

Мы гъэм псом нэхърэ нэхъ Iэщ нэхъыбэ хъупIэхэм щызыIыгъар Бахъсэн щIыналъэрщ. Жэпуэгъуэм и пэщIэдзэхэм ирихьэлIэу абыхэм къыщIашащ шэ тонн 4200-м нэс, лыуэ тонн 2300-р къалэжьащ. Гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщыр зэрыщаIыгъа зэманым къриубыдэу ехъулIэныгъэфI зиIа агропромышленнэ IуэхущIапIэхэм я цIэр къраIуащ. Абыхэм ящыщщ Къулъкъужын Ипщэм щыIэ, Нэхущ Руслан зи унафэщI «Рассвет-Н», Тенджыз Залым зи унафэщI, Зеикъуэ щыIэ «АиК» агрофирмэхэр, ЩоджэнцIыкIум и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт мэкъумэш кооперативыр.

Иужьрей илъэсищым зэкIэлъыпыту бжьыпэр зыIыгъа «Рассвет-Н» агрофирмэм и гъэш фермэр (унафэщIыр Щокъуий Алибэчщ) мы гъэми псоми ятекIуащ. А IуэхущIапIэм и жэмыш Батыр Людмили илъэсищ хъуауэ пашэныгъэр къехь.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: