Сом мелуан 770-м щIигъу

Экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, ­КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ Мэзкуу къалэм щыпсэум зэрихьэ щIэпхъаджагъэр. Ар ящыщщ хабзэншагъэкIэ «мылъку пирамидэ» къызэзыгъэпэщахэм. 2021 гъэм гъэпцIагъэкIэ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яIэ­щIихащ сом мелуан 700-м щIигъу.

КъБР-м и Налшык къалэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Шерстюк К. А. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 210-нэ сатьям и 2-нэ Iыхьэм, 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм, 174.1 статьям 4-нэ Iыхьэм и «а», «б» пунктхэмкIэ икIи къызэрыгуэкI колонием щигъэкIуэну илъэситI тралъхьащ.

НаркотикхэкIхэр игъэкIыным пыщIат

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Шэджэм районым щыпсэу Нэгъуей А.Х. афиянхэкIхэр игъэкIыным пыщIауэ илэжь хабзэншагъэр. 

Ар мы гъэм и щIышылэм яубыдащ икIи къыщащым къытрахащ наркотикхэкIхэу «метадон» грамм 26,57-рэ «мефедрон» грамми 3,99-рэ. 
КъБР-м и Прохладнэ район судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ Нэгъуей А. Х. УФ-м и УК-м и 228-нэ сатьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ къуаншэу къалъытэри ягъэтIысащ. Абы илъэси 4-рэ ­мази 3-рэ тралъхьащ. 

Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.
Поделиться: