Литературэм и хъуреягъым

Налшык дэт къэрал концерт гъэ­лъэ­гъуапIэм къыщызэIуах­ри, Кавказ Ищхъэрэ феде­ральнэ щIы­налъэм и тхакIуэхэм я зэхы­хьэ махуищкIэ ди республикэм щекIуэкIащ. Урысейм и Тха­кIуэ­хэм я зэгухьэныгъэхэм я ассо­ци­ацэм (АСПИР) къы­зэ­ригъэ­пэща Iуэхум кърагъэблэгъат тха­кIуэхэр, усакIуэхэр, зэ­дзэ­кIакIуэхэр. 

Зэхуэсым зыкъызэрыхуа­гъазэ псалъэ кърагъэхьащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ и ми­нистр Любимовэ Ольгэ, УФ-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэрджэс Бэллэ, УФ-м и Президентым щэнхабзэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Толстой Владимир, Урысей тхылъ союзым и унафэщI Степашин Сергей сымэ. 
ФIэхъус псалъэкIэ зэIущIэр къы­зэIуихащ КъБР-м щэнхаб­зэмк­Iэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ. 
- Ди гуапэщ мыпхуэдэ зэIущIэ дахэ Налшык зэрыщекIуэкIыр. Мы махуэхэм ди республикэм щы­зэчэнджэщынущ, литературэ щIэныгъэм щыхагъэхъуэнущ тхакIуэ ныбжьыщIэ куэдым. Iуэ­хур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуэфащэщ тхакIуэ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм я тхыгъэхэр дунейм къытехьэным зэрелэжьым теу­хуауэ. Кавказ Ищхъэрэм иIэщ дуней псом зи цIэр щыIуа тхакIуэ, уса­кIуэ лъэщхэр: КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул, Къэшэж Иннэ, Зумакуловэ Танзиля, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я тхыгъэхэр куэдым я щапхъэщ. Сэ къызолъытэ нобэ литературэм къалэм къыхуэзыщтэхэм фи пщэм жэуаплыныгъэшхуэ къыдэ­хуэу. Мис а усакIуэшхуэхэм литературэм халъхьа хъугъуэфIы­гъуэм хэвгъэхъуэн хуейщ. 
Зэхыхьэр Iуэху дахэхэмкIэ гъэн­щIауэ, щIэныгъэ куу хэлъу екIуэ­кIыну, ехъулIэныгъэ фиIэну си ­гуапэщ, - жиIащ абы. 
КъБР-м и федеральнэ инспектор Васильченкэ Дмитрий къеджащ УФ-м и Президентым и пол­номочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий тхакIуэхэм зэрызакъыхуигъазэ псалъэм: 
- Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгу­хьэ­ныгъэхэм я ассоциацэм и проектышхуэр зи зэфIэкIыр хэзыгъахъуэ, литературэм и Iэмал нэхъыбэ къэзыщIэну иужь ит тха­кIуэ ныбжьыщIэхэм щIэгъэкъуэн яхуохъу. Иджырейми къызэ­хуи­шэсащ зэпеуэхэм бжьыпэ щы­зыубыда тхакIуэхэр. Абыхэм я дежкIэ псалъэм и мыхьэнэр ин ды­дэщ. 
Технологиехэм утыкур щаубыда ди зэманым литературэм хузэ­фIокI щIэблэр зэрагъасэ Iэмал нэхъыфIхэм ящыщу къэнэну. Литературэм къалэм къабзэкIэ лъэбакъуэ хэзычэ ныбжьыщIэхэм сы­нывохъуэхъу фи зэIущIэхэр щхьэпэу екIуэкIыну! ХьэщIагъэ­кIэ сыт щыгъуи щапхъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щывгъэкIуэну махуэхэр гукъинэж ирехъу! 
Псалъэ ират АСПИР-м и ­«ЩIыналъэхэр къызэщIэзыу­быдэ твор­ческэ лъэщапIэхэр» проектым и унафэщI Кривцовэ Алёнэ. 
- Зэхыхьэм и программэр щIэ­щыгъуэщ. Къапщтэмэ, ди ассоциацэм и лэжьыгъэр зыхуэунэтIа Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ лъэпкъ щэнхабзэхэм зегъэужьыныр. Абы теухуауэ щытащ нэгъабэ ды­зэлэжьа проектыр лъэпкъыбзэ­хэм­кIэ тхылъхэр къыдэгъэ­кIы­ныр. Мы гъэм дгъэлъэпIащ Гамзатов Расул илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуар. ЕтIанэгъэ худогъэтIыгъуэ зэдзэкIынымкIэ зы проект щIагъуэ. Абы къыдэкIуэу Новиковэ Ольгэ лекцэхэм къе­джэнущ художественнэ тхыгъэм зэрелэжь Iэмалхэм теухуауэ. Ещанэу къызэдгъэпэщыну Iуэхугъуэщ Тюрахинэ Екатеринэ зэхи­гъэу­ва литературэ джэгукIэ гъэ­щIэгъуэныр. 
Мы гъэм зэхуэсым и программэм нэхъапэкIэ хэмытауэ къы­хэд­гъэхьащ телеграмм канал зэрагъэлажьэм теухуамрэ лите­ра­турэ хъуэрхэмрэ. Ди литерату­рэ лъэщапIэхэм ящыщ зым къы­щызэIутхащ «АСПИРин» телеграмм-каналыр. Абы щIэ­джы­кIакIуэ и куэдщ, - жиIащ Алёнэ. 
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэ­ныгъэм и унафэщI Тхьэгъэзит Юрэ зэIущIэм теу­хуауэ къыхигъэщащ:
- Ди республикэм АСПИР-р къы­­зэреблэгъар IуэхугъуэфI ды­дэхэм ящыщщ. Ассоциацэр къы­зэрыунэхуам гугъэ уегъэщI лъэпкъ куэд зыщыпсэу Урысейм и тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я зэ­фIэкIыр зэуIу хъуну. Къапщтэмэ, Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэхэм зыхэтщIэу щIэддзащ литературэ утыку дызэрыхуэныкъуэр. 
ЩIэрыщIэу къыщIэддзэу ды­те­лэжьэн хуейщ щIэблэр тхылъым дедгъэхьэхыным. Тхылъ еджэ, зэджам егупсыс, тепсэлъыхьыж щIэджыкIакIуэ дыхуейщ. 
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIалип АСПИР-м фIыщIэ хуищIащ илъэс кIуам Къаныкъуэ Заринэрэ Мусукаевэ Сакинатрэ я тхылъ щхьэхуэхэр къызэрыдагъэ­кIам папщIэ. 
Налшык семинархэр щекIуэ­кIащ прозэмкIэ, усыгъэмкIэ, зэ­дзэ­кIынымкIэ, телеграмм-канал къы­зэIухынымкIэ, хъуэрыбзэмкIэ. 
ЗэдзэкIакIуэ, Урысейм и Тха­кIуэ­хэм я зэгухьэныгъэм лъэпкъ литературэхэмкIэ и советым и унафэщI, Грибоедов Александр, Маяковский Владимир сымэ я саугъэтхэм я лауреат Латынин Валерий жеIэ: 
- ФIыуэ слъагъу тхакIуэ, усакIуэ куэдым я щIыналъэм сыщыхьэ­щIэну си гуапэщ. Зи тхыгъэкIэ сцIыху тхакIуэ зыбжанэм я юбилей Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэпIэну сыпэплъа пэтми, ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм теухуа хъыбар гуэри къэIуакъым. Сэ къызгуроIуэ, тхакIуэшхуэхэр гъэлъэпIэныр тIэкIу Iэпэдэгъэлэл щIэхъуар. Нобэ зэманыр гугъущ. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым литературэм и мы­хьэ-нэр. Абы цIыхур егъасэ – аращ псори къыщежьэр. 
Лъэпкъ литературэхэм я фIы­пIэхэм­кIэ дызэдэгуэшэн хуейщ, тхыгъэхэр зэддзэкIкIэрэ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкI тхыгъэ нэхъыфI­хэр нэгъуэщI къэралыбзэхэмкIи щызэрадзэкIыж щыIэщ, ягу дыхьэу. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым тхакIуэ зэчиифIэхэр иIэщ. Ауэ щыхъукIи, иужьрей илъэс щэ­щIым къриубыдэу ахэр Урысейм щIагъуэу щамыцIыхуж ­хъуащ. Художественнэ тхылъхэр къыдэгъэкIыным къэралыр щIагъуэу зэрыпымылъыжым и зэ­ранщ ар. Iуэхур хуэкIуащ щхьэж зыхуейр щыхуейм, зэрыхуейм хуэдэу къыдигъэкIыным - мылъку зиIэ дэтхэнэми уней тхъылъ тедзапIэхэм я лэжьыгъэр къыщыдигъэкIы­фынущ. АрщхьэкIэ, ап­хуэдэ IэмалкIэ дунейм къы­техьэ тхыгъэхэм псэ зыхэту къахэкIыр мащIэщ. 
Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм, ТхакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэхэм я ассоциацэм нобэ гулъытэшхуэ хуещI лъэпкъ литературэхэр зэдзэкIыным. Ар щхьэпэнущ, тхыгъэ нэхъыфIхэр къэралым къыщацIыхуу хъунущ, - жиIащ Латыниным. 
 КъБР-м и радиом и унафэщI, зэдзэкIакIуэ Мэремкъул Ларисэ фIыщIэ хуищIащ литерату­рэр къэгъэщIэрэщIэным, зэдзэ­кIы­ным, утыку къэщIыжыным елэжь ассоциацэм. 
- КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым я деж къыщызэIутхауэ мэлажьэ зэдзэкIакIуэхэм я ассоциацэ. Мы зэIущIэм дыщогугъ сэбэп къытхуэхъун Iэмал щIэщыгъуэхэм я щапхъэхэмкIэ. Зыр адрейм де­джэнщ, дызэрыщIэнщ, дызэ­дэ­лэжьэнщ! - жиIащ абы. 
Лермонтов Михаил и цIэкIэ щыIэ урысей комитетым къыбгъэдэкIыу Латыниным Кулиев Къайсын и медаль иритащ «Минги Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр. 
Республикэм махуэ зыбжанэкIэ щекIуэкIащ художественнэ псалъэм и пщIэр къэзыIэт, литературэм и дуней къулейм къыхэзыгъахъуэ семинар купщIафIэхэр. 

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ,
Поделиться: