Я зэфIэкIхэр лъагэщ

Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыххэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ, ауэ абыхэм я цIэр фIыкIэ е IейкIэ Iуныр зэлъытыжар я зэфIэкIымрэ я Iэзагъымрэ зыгъэунэху цIыхубэрщ. Дохутырым зи щхьэ езыхьэлIа сымаджэм зэрелIалIэм, гупсэхугъуэ зэрыритыжым куэдкIэ епхащ абы и IэщIагъэм щиIэну пщIэр. Зыпэрыт IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъагъуэ IэщIагъэлIхэщ ди тхыгъэм зи цIэ къыщитIуахэри. Абыхэм дыщагъэгъуэзащ я IэщIагъэр къыхахыным щхьэусыгъуэ хуэхъуам.

Дол Маринэ, Налшык дэт поликлиникж №3-м и дохутыр нэхъыщхьэ, невролог: - Си адэр «Нартан» санаторэм и рентген IэнатIэм щылажьэрт, си анэр «Грязелечебница» IуэхущIапIэм и бальнеофизиотерапевтическэ къудамэм щыIэт. Абыхэм я лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэр сэ сытым дежи згъэщIагъуэрт, Iыхьлыхэми, ныбжьэгъухэми я узыншагъэкIэ гуныкъуэгъуэ яIэ хъуамэ, псом япэу зыбгъэдыхьэр си адэ-анэрт. ИкIи сытым щыгъуи зэрахузэфIэкIкIэ ядэIэпыкъухэрт, шыIэныгъэшхуэ яхэлъу сымаджэхэм ябгъэдэтт, я къалэныр жэуаплыныгъэшхуэ пылъу ягъэзащIэрт. Абы къищынэмыщIауэ, гъунэгъухэми, благъэхэми, иратыжа гупсэхугъуэм езыхэм дэрэжэгъуэ къаритырт. ГукIи псэкIи медицинэм етауэ и гъащIэ псор ирихьэкIащ си адэ къуэш, РСФСР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Балъкъэр Мыхьэмэт. Ахэр си IэщIагъэмкIэ щапхъэ схуэхъуащ.

КIуэкIуэ Мадинэ, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и къудамэ №3-м и унафэщI: - IэщIагъэ схуэхъунум куэдрэ сегупсысакъым. СызэрыцIыкIурэ си щхьэм илъыр дохутыр Iуэхут. АбыкIэ щапхъэ зытесхыни гъуазэ схуэхъуни ди унэм щIэст.  Си анэр илъэс 40-кIэ узыфэ зэрыцIалэхэм еIэзэ дохутыру, педиатру лэжьащ. Сэри абы и лъагъуэм срикIуэжащ. Япэу узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщым сыщыкIуам си ныбжьыр илъэсищым иту арат. Абдеж щегъэжьауэ си анэм и лэжьапIэм куэдрэ тезгъэзащ, и лэжьэгъухэр псори зэзгъэцIыхуащ. Медицинэ литературэ щIэх-щIэхыурэ седжэрт, къыщыхъу щыIэт абы фIыуэ зэрыхэсщIыкIым сыкъэзыухъуреихьхэр къыщигъэуIэбжь, апхуэдэуи сэ къэсщIахэмкIэ сфIэгъэщIэгъуэну си ныбжьэгъухэми садэгуашэрт. Япэ классым сыщыщIэсым плъыжь зэблэдза зытет хъуржын цIыкIур си плIэм илъу, медицинэ дамыгъэр зытет щэкI кIапэр си Iэблэм къешэкIауэ къэскIухьырт. Псоми ящIэрт сэ дохутыр сызэрыхъунур.  Сыщылэжьэну сызыхуейри узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщырт: дохутырыфIхэр щыIэт абы, зыужьыныгъэхэр щекIуэкIми жьыр ирамыгъэкIуэтэкIыу, абы и Iыхьэ гуэрхэр IуэхугъуэщIэхэм я лъабжьэу IэнатIэр ирагъэфIакIуэрт. СызыхущIэкъуар къызэхъулIащ: лэжьыгъэр къыщыщIэздзар аращ, ноби си дохутыр къалэнхэр щызгъэзащIэр а IуэхущIапIэрщ.

Безрокъуэ Лиуан, Республикэ клиникэ сымаджэщым травматологиемрэ ортопедиемкIэ и къудамэм и травматолог-ортопед: - Си сабиигъуэм щыщ зы теплъэгъуэ гуимыхуж сщыхъуащ икIи адэкIэ си гъащIэ гъуэгуанэр зэрызубзыхуам  абы и ныбжь тридзауэ къызолъытэ. Класс нэхъыжьхэм сыщеджэрт а зэманым. Школым сыщыIэу, зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэхэм ирихьэлIэу, сыджалэри си Iэпхъуамбэр зэрыпкIащ. Си адэ-анэм сашащ зэрыпкIа къупщэ зэрытыпIэр и пIэм изгъэувэжыфу къуажэм дэс «Iэзэм» и деж. Зэуэ гум хыхьэу къыхэузыкIри, къэхъуар сфIэтелъыджэу, Iэпхъуамбэм и къупщхьэхэр зэрыпкIэжащ, сыкъэзыгъэдзыха узри сщхьэщыкIащ. Абдежым си нэгу щIэкIащ узыр пщхьэщызыхыфын, абы и лъэныкъуэкIэ гугъуехьхэр къыпщызыгъэпсынщIэфын цIыхухэр зэрыщыIэр. Ар сфIэгъэщIэгъуэнащ икIи мурад быдэ  зыхуэсщIыжащ абыхэм ящыщ зы сыхъуну.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: