ХабзэфIхэм зыкъаужьыж

Зэгуэр Совет Союзыр зэрыгушхуэу щыта лъапIэныгъэхэр ди гъащIэм къыхохьэж. Абыхэм ящыщщ патриот гъэсэныгъэр. Мы Iуэхум хыхьащ сабийхэри балигъыпIэ иува щIалэгъуалэри. Ар хъарзынэщ икIи щIэгъэкъуэн хуохъу къэралым и лъэщагъым и мызакъуэу къытщIэхъуэ щIэблэр псэ къабзэу, нэмысыфIэу къэгъэтэджынми.

ЗэрытщIэжщи, зи гугъу тщIы зэщIэхъееныгъэм къызэщIиубыдэрт «октябрятэхэмкIэ» дызэджэу щытахэм къыщыщIэдзауэ ныбжьыр зыхуэдизым елъытауэ пионерхэри комсомолхэри. Пэжу, щрагъэлеи щыIащ. Дэ зи гугъу фхуэтщIынури абыхэм ящыщ зыщ.

Морозов Павлик хуабжьу щыцIэрыIуэу щытащ СССР-м. Абы фэеплъхэр хуагъэувырт, и цIэр уэрамхэм фIащырт. КIэщIу жыпIэмэ, уафэм щIэуэу яIэтащ. АрщхьэкIэ а «пионер- лIыхъужьым» и къекIуэкIыкIар къызэраIуатэм зэщхьэщыкIыныгъэхэр къахэхутащ.

ЗымыщIэхэм щхьэкIэ къэтIуэтэнщ Морозов Павлик теухуауэ ягъэхъыбару щытахэр: и адэри яхэту Совет властым пэувыну хэта къуажэдэс къулеижь гупым я мурад бзаджэр сэтей къищIауэ щытащ и Iыхьлагъым емыплъу икIи мышынэу. Абыи текIуэдэжащ.

И адэм, и Iыхьлыхэм папщIэ бзэгу «зэрихьар» Морозов Павлик пионер щIыхьым хуэфэщэну лIыгъэу къалъытэрт. Дауи, апхуэдэ лъэбакъуэ пчыну сыт щыгъуи тыншкъым икIи ар напэми езэгъыркъым. АтIэ Iуэхур апхуэдэу щыта?

Тхыдэджхэм зэраубзыхуамкIэ, Морозов Павлик я адэ къэзылъхуам фIыуэ хущытакъым. Абы и лъабжьэри политикэ Iуэху еплъыкIэхэр зэрызэщхьэтыкIыртэкъым, атIэ унагъуэм къыщыхъея къаугъэрт.

Павлик (ар быниплIым я нэхъыжт) и анэр хыфIидзэри, и адэ Трофим нэгъуэщI цIыхубз хыхьэжат. Адрей Iыхьлыхэри «лей къэхъуахэм» щIагъуэу къахущыттэкъым. Псори къызыхэкIар и анэр я зэхуэдэ мылъкур ягуэшыну къызэригъэувыр арауэ жаIэ.

Павлик и егъэджакIуэ цIыхубзым игу къызэригъэкIыжамкIэ, Трофим и фызри и бынхэри иубэрэжьу Iэджэрэ ялъэгъуащ, унагъуэм щыхэсами, хэкIа иужькIи.

ГъэщIэгъуэн гуэри хэлъкъым 1931 гъэм «къуажэ Советым и унафэщIу щыт» Трофим кулакхэм зэрапыщIамкIэ, абыхэм я мылъкур налогхэм зэращигъэпщкIумкIэ, тхылъ нэпцIхэр яриту зыгуэрхэр зэрызыщIигъэхъуамкIэ» ягъэкъуаншэу суд щытращIыхьым Павлик и адэм къызэрыщхьэщымыжам. Илъэс 13 зи ныбжь школакIуэр щыхьэт техъуащ и адэм зэриубэрэжьам, Iулъхьэ папщIэу къыIиха хьэпшыпхэр унэм къызэрихьам теухуауэ и анэм жиIахэм.

Абы и псалъэхэм судым и дежкIэ апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иIэтэкъым, ауэ Трофим ягъэтIысащ, илъэси I0 тралъхьэри. Мис абы иужькIэ Павликрэ и Iыхьлыхэмрэ зэфIэнэпащ. ЩIалэ цIыкIумрэ абы и адэ къуэшым и къуэ Данилрэ зыбжанэрэ зэIэпщэкIуащ. Мыбдежым белджылы щыхъуат Морозов Павлик зэраукIынур.

1999 гъэм Iуэхум щIэрыщIэу хэплъэжа Прокуратурэ нэхъыщхьэм иубзыхуащ Морозов Павлик зэраукIам политикэ щхьэусыгъуэ гуэри зэрыхэмылъар икIи ар унагъуэм къыщыхъея къаугъэм и Iэужьу зэрыщытыр.

АрщхьэкIэ 1931 гъэм а уголовнэ Iуэхум нэгъуэщI теплъэ ирагъэгъуэтащ. Судым къилъытащ а щIэпхъаджагъэр «кулак бзаджэнэджагъэм» и Iэужьу. Урал область судым Павлик и адэ къуэш Кулуканов Арсенийрэ Морозов Данилрэ яукIын хуейуэ игъэуващ, зи ныбжь хэкIуэтахэу Морозовхэ Сергейрэ Ксениерэ (я адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ) пIалъэ кIыхькIэ лъэхъуэщым исыну игъэтIысащ (ахэр абы илIыхьащ).

А псоми къыхэкIыу Морозов Павлик «кулакхэм екIурабгъу зимыIэ и бийуэ» къыщIрагъэдзащ. «Пионерская правда» газетым итхырт: «Абы и пIэ къиувэнущ ныбжьыщIэхэу щэхэмрэ минхэмрэ».

Дауи, а щIалэщIэр зи акъыл тIыса икIи фIэщхъуныгъэ быдэ зыхэлъ цIыхум пэжыжьэт.

АрщхьэкIэ парт лэжьакIуэхэм я мурадыр зрагъэхъулIащ: зэрыжаIам тету Павлик и лъэужьыр яхуащ куэдым. Газетхэм щIэмычэу къытехуэрт Морозовым зэрихьа «лIыгъэм» къытезыгъэзэжахэм ятеухуа тхыгъэхэр: хэт и адэр иригъэгъэтIысат, хэти и анэ къэзылъхуам щхьэкIэ бзэгу ихьат. Псори зэхэту ныбжьыщIэ 63-рэ текIуэдауэ щытащ апхуэдэ «щапхъэм».

БлэкIар блэкIащ. Дэ быдэу ди фIэщ мэхъу апхуэдэм къызэримыгъэзэжынур. Сабийхэм я зэщIэхъееныгъэр зыхуэгъэзар Хэкум и мызакъуэу адэ-анэхэми лъагъуныгъэ быдэ хуаIэнырщ.

ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться: