Ипщэ щIыналъэм и щэхур

ЩIэныгъэлIхэм Антарктидэмрэ Марсымрэ зрагъэщхь, тIури зэхуэдэу щIыIэщи, Антарктидэм лIышэ (кислород) нэхъыбэ щыIэщ жумыIэмэ. ЗэрызэщхьэщыкIыр зыщ - ищхъэрэ щIыналъэм цIыху щыIэщ, Марсым щыIэкъым. Ауэ абы къикIыркъым, мылылъэ щIыналъэр зэрыщыту цIыхум иджауэ, абы теухуауэ псори ищIэу.

Километр бжыгъэ зи Iувагъ мыл зытелъ щIыналъэм зэгуэр гъащIэ щыIами щымыIами, абы щэхуу ихъумэр зыхуэдизыр зыми имыщIэу къэгъуэгурыкIуащ иджыри къэс. ЦIыхум нэхъ иджар пащтыхь гуащэ Мэри и щIыналъэкIэ зэджэ щIыпIэрщ. Мис абдежым гъэщIэгъуэн куэд къыщахутащ щIэныгъэлIхэм.

Хьэршым траха сурэтхэр зэпиплъыхьурэ гъэщIэгъуэн гуэрхэр къэзыхутэ Скиппер Джозеф виртуальнэ археологщ. ЩыIэщ апхуэдэ IэщIагъэ! АтIэ, Скиппер зэгуэр дихьэхат спутниккIэ Антарктидэм траха сурэтхэм. ИкIи абы къыщигъуэтащ гъуэмбышхуэ, «тепщэчышхуэ», гуэл. НобэкIэ абы и къэхутэныгъэхэм я координатхэр наIуэщ, хэт хуейми Гугл картэмкIэ къигъуэтыфынущ.

Скиппер зэрыжиIэмкIэ, Антарктидэм и мылхэр гъуанэпщIанэщ, къалэ псо щIы лъабжьэм щаухуауэ абыкIэ зыгуэрхэр щызэхэзекIуэм хуэдэу. Зи гугъу тщIа гъуэмбыр ихьэпIэщ, зэщIэщтыхьа щIыпIэм укъигъэуIэбжьыжу псы ткIуаткIуэ щызожэ. Хэт тIэ градус 90-м нэс щ1ыIэ здэщыIэ щIыналъэм а зекIуапIэхэр щызыухуар?! Абы и жэуапыр ещанэ къэхутэныгъэм хэлъщ - «тепщэчышхуэм». Хэт ищIэрэ, ауэ археологым жеIэ ар хьэршым къикIа гуманоидхэм яухуауэ…

Апхуэдэ дыдэу я гугъэу къыщIэкIынут нэмыцэхэми 1939 гъэм Антарктидэм зы мыл кIани имылъу щIыналъэ километр зэбгъузэнатIэ 40 къыщыщагъуэтам. Ар япэ дыдэу къэзыхута кхъухьлъатэзехуэм и цIэр фIащыжат оазисым - Ширмахер и щIыналъэ. ИужьыIуэкIэ абдежым щаухуащ Новолазаревскэ совет станцыр.

Нэмыцэхэр Антарктидэм джей щаукI флотилие къыщызэрагъэпэщэну кIуауэ ягъэхъыбара щхьэкIэ, аратэкъым я мурадыр - мылылъэ щIыналъэм ихъумэ щэхухэр къатIэщIынырт зэгупсысыр. Щхьэ Антарктидэм жыпIэмэ, нацистхэр Тибет щыщыIам щыгъуэ къатIэщIат Ипщэ щIыналъэм гъэщIэгъуэн гуэрхэр зэрыщыIэри, абы кIэлъыкIуауэ арат. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гугъу ящI телъыджэр - хьэршым къикIыу зэгуэр ЩIым щыIа гуманоидхэм я лъэужьт е а щIыналъэр лъэхъэнэ жыжьэм зэщIэгъагъэрэ гъащIэр къыщибыргъукIыу зэрыщытам и щыхьэтт.

Сытми, I930 гъэхэм я кIэм нэмыцэ батискафхэм псы лъабжьэм щIэлъ мылхэр щIащыкIри, ищхьэIуэкIэ зи гугъу тщIа гъуэмбым и ихьэпIэр къагъуэтащ икIи и кIуэцIым ихьащ. Щыхьэт техъуэн гуэри щыIэу зыми ищIэркъым, ауэ жаIэ нэмыцэхэм мыл кIуэцIым къалэ иращIыхьауэ. Шыпсэм зыгуэрурэ удекIуэкIынт, зыщхьэщыбгъэкIынт. Ауэ дэнэ пхьыжын нобэр къыздэсым сурэтхэмрэ Гугл картэмрэ къищ гъуэмбыр, «тепщэчыр», гуэлыр?

«Тепщэчыр» хьэршым къикIауэ зэрыхуагъэфащэм шэч хэлъу къыщIэкIынкъым, ЩIым апхуэдэ щыIэххэкъым, икIи куэд щIауэ мылым хэщтыхьарэ быдэ дыдэу зэрыхэлъыр наIуэщ. ГъуанэпщIанэхэри дуней псом хуабэ къызэрыгъэхъуу, мылхэм ткIужын зэрыщIадзам хуэпхьынщ. Гуэлыр къыздикIари аращ.

Иджыблагъэ британ щIэныгъэлIхэм Антарктидэм къыщахутащ мыл кIуэцIым псы уэрхэр щежэхыу, кхъуейм хуэдэу гъуанэпщIанэ зэхащIыхьауэ ирижэу. Уеблэмэ ар дуней утыкум иралъхьэу «ЩIыуэпс» щIэныгъэ журналым къытехуащ.

Зэрытлъагъущи, щхьэж и щIэныгъэ зыхурикъум нэсщ и фIэщ хъур. Ауэ иджы дыдэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, илъэс мелуан бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Антарктидэ мэз Iувхэр щыкIыу, псы уэрхэр щызежэу, псэущхьэхэр щыпсэууэ щытащ. Биологхэмрэ археологхэмрэ лэжьыгъэшхуэ къапэщылъщ: абыхэм къахутэн хуейщ Ипщэ щIыналъэр зытекIуэдэжа щIыуэпс насыпыншагъэр, ар къыщыхъуа лъэхъэнэр.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: