Сурэт гъэщIэгъуэнхэр зи IэрыкI

Мы тхыгъэм и гъусэу флъагъу сурэтхэр зыщIар сурэт щIыным хуемыджа, ауэ а IэщIагъэр зи псэм хэлъ щIалэ цIыкIущ. Абы бгъэдэлъ IэпэIэсагъэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЦIыхуIэ еIусауэ умыщIэн жыхуаIэм хуэдэщ абы и IэдакъэщIэкI сурэтхэр.

Урыху къуажэм щыщ, Нарткъалэ щыпсэу ЖьынжьакIэ Ахьмэд курыт школым (Нарткъалэ дэт школ №2) и еханэ классыр къиухащ, илъэс 13 мэхъу. «ЗэрыцIыкIу дыдэ лъандэрэ сурэт щIыныр зыхилъхьэ щыIэкъым, - жеIэ и анэ ЖьынжьакIэ (Шыфэдыгъу) Альбинэ. - Нарткъалэ дэт «Лэгъупыкъу» еджапIэм зы илъэскIэ кIуащ Ахьмэд. Си хъуэпсапIэщ Сабий творчествэмкIэ академие Налшык дэтым згъэкIуэну».

Альбинэ зэрыжиIэмкIэ, и гугъу умыщIмэ, тхылъымпIэмрэ къэрэндащымрэ иIыгъыу, щэху цIыкIуу, махуэ псом щысыфынущ Ахьмэд. Абы зэхуэдэу къохъулIэ цIыху сурэтри, псэущхьэхэм я теплъэри, фэилъхьэгъуэхэри, таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэм хуэдэхэри къигъэлъэгъуэн. И ныбжь емылъытауэ, гупсысэ куу ящIэлъщ абы и IэдакъэщIэкIхэм.

Лэжьыгъэхэр щыслъэгъуам сэ занщIэу сигу къэкIащ: «ЛIэужьыр бжьиблкIэ уауэ армырауэ пIэрэ?» - жысIэри. Альбинэ сыщеупщIкIэ, езыми и щхьэгъусэ Батыри я лъэныкъуэхэмкIэ сурэт зыщI хэтауэ щымыгъуазэу къыщIокI. Шэч зыхэмылъыр зыщ: Ахьмэд и ерыщыгъэкIэ, и щIэныгъэкIэ зригъэхъулIа IэщIагъэкъым мыр, атIэ къыдалъхуащ.

Курыт еджапIэми хъарзынэу щоджэ щIалэ цIыкIур. Псом хуэмыдэу абы къохъулIэ есэпыр, биологиер, тхыдэр. Езыр апхуэдизкIэ псэ хьэлэлщ, гу пцIанэщи, дунейм псэущхьэу тетыр фIэгуэныхь мэхъу. Зы цIыху Iей щыIэу и фIэщ пхуэщIынукъым абы, зыми хьэл мыхъумыщIэ дилъагъуркъым. Апхуэдэ гуэр къыкъуэкI хъужыкъуэмэ, а цIыхум ищIа Iуэхум кърищхьэщыжыну щхьэусыгъуэ къыхуегъуэт.

Дапхуэдэу щымытми, зи Iэм дахагъэ къигъэщI цIыхур Iей хъун хуейкъым. ДэнэкIэ игъазэми, сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхимыхми, щIэныгъэ куу иIэу, цIыху нэс хъуауэ и адэ-анэм, и адэшхуэ-анэшхуэм ялъагъуну ди гуапэщ. Афэрым, Ахьмэд!

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: