ЩIыхуэшхуэ зэтригъэхьащ

Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и Тэрч район къудамэм щIэлъщ сабийм иритын хуея алиментыр зытрезыгъэхьам щIыхуэр егъэпшыныным теухуа тхылъыр. ЦIыхухъум телъщ сом 1150000-рэ. Абы куэдрэ зигъэпщкIуащ и пхъум дэIэпыкъуну хуэмейуэ. 

Суд пристав-гъэзэщIакIуэ ар къэзылъыхъуэм цIыхухъур здэщыIэр къихутащ. ЩIыхуэ зытелъыр къудамэм къигъэсри, ар административнэ хабзэм зэребэкъуам теухуа протокол приставым итхащ. 
 КъыIэрагъэхьа тхылъхэм щыгъуазэ зищIри, зэзыгъэкIуж судыщIэм ар къуаншэу къилъытащ. И сабийм алиментыр зэрыримытым къыхэкIыу абы тезыру тралъхьащ жэщ-махуэ 11-кIэ щысыну. 

 
Сом мин 300-м щIигъу

Шэджэм районым и суд приставхэм алимент щIыхуэ зытелъыр Москва къыщагъуэтри, абы гурагъэIуащ зэтрихьа и алимент щIыхуэ сом мин 346-р зытригъэкIыжын зэрыхуейр. 
Урысей ФСССП-м и управленэу КъБР-м щыIэм и Шэджэм район къудамэм щIэлът абы алиментхэр ирагъэпшыныну зэрыхуагъэувыр къыщагъэлъэгъуа дэфтэрыр. Зэман кIыхькIэ адэм зыпыIуидзащ и сабийр пIыным теухуауэ и пщэ къыдэхуэ къалэнхэм икIи ахъшэр зэтрихьэурэ сом мин 346-рэ хъуащ. ЦIыхухъум мызэ-мытIэу хъыбар ирагъэщIа пэтми, и къуэм мылъкукIэ зыщIигъэкъуэну гукъыдэж иIэтэкъым. Апхуэдэу щыхъум, ар къэлъыхъуэн щIадзащ. 
Ар къыщагъуэтащ Москва, лэжьапIэ увын хуэдэу здэкIуам. Абы зыпищIащ суд пристав-гъэзэщIакIэм икIи жриIащ и къалэныр имыгъэзащIэмэ, административнэ, уголовнэ жэуапым ирашэлIэнкIэ зэрыхъунур. Апхуэдэуи щыгъуазэ ищIащ рулым дэтIысхьэну хуит зэрамыщIынум. 
Приставым къигъэсэбэпа Iэмалхэр щхьэпэ хъуащ икIи адэм зытригъэкIыжащ и сабийм и щIыхуэу телъыр. 
 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: