ХамэщIыр зи натIэ хъуахэр

Тыркум щыIэ Чорум къалэм и Iэшэлъашэхэм шэрджэс къуажэу 32-рэ щыIэщ (шапсыгъ къуажэу 10, беслъэнейуэ 8, абэзэхэу 8, натыхъуейуэ 3, къэбэрдейуэ 2, абазэу I). Мы щIыпIэм адыгэу мин 24-рэ щопсэу.
Киркделим (Анжыкъуей) беслъэней къуажэр километр 20-кIэ пэжыжьэщ Чорум. Абы адыгэу 130-рэ щопсэу: Агъыржанокъуэхэ, Шыгъурхэ, Хьэвхэ, Джатэрывэхэ, ДыщэкIхэ, Хьэгъэжейхэ, Дэхъушокъуэхэ, Хьэмкъутхэ, Молэныкъуэхэ, Мамышхэ, Щынахъуэхэ, Хъурейхэ, Адзынхэ, АфэщIыжхэ, Къулыкъуэхэ, Чичэхэ. Я анэдэлъхубзэр жылэм дэс псоми ящIэ.
Джамил-бейр, Къуийхьэблэр Чорум километр 24-кIэ фIэкI пэмыжыжьэу псыхъуэ дахэм дэсщ. Къуажэм шапсыгъ, натыхъуей унагъуэу 90 щопсэу: Сохъутакъуэхэ, Ерыгъужхэ, Къэрабэхэ, Емзэгъхэ, Хьэтххэ, ЕтхъыкIхэ, ПщыукIхэ, Хъупшыхэ, Уэттэхьхэ, Хьэтыгъуэжьхэ, Ефталъэхэ…
Кавказыр зрагъэбгына адыгэхэр мыбы I885 гъэм къэкIуащ. Мы щIыпIэм ахэр къэзышауэ яIуэтэжыр Сэхъутакъуэ Нэчущ. Къуажэдэсхэр щIым толэжьыхь. Абыхэм ягъэкI гуэдзи, сэхурани, фошыгъу жэгунди, хъарбызи, бжьыни.
Капахлыр (е Алътыкъуейр) къэбэрдей къуажэщ, унагъуэ 20 щопсэу: Атэлыкъхэ, Нэгъуейхэ, Къардэнхэ, Пэрийхэ, ДыщэкIхэ, Купсыжьхэ.
Капахлы пэмыжыжьэу ГукеренкIэ (Бзагуэкыт) еджэу абазэ къуажэ щысщ. Абыи унагъуэ 22-рэ щопсэу: Бзагуэхэ, Хьэлбатхэ, Джадрэхэ, Хьэузхэ, Ахъыхэ, Жийхэ, Ахьбэтхэ, Хъущтхэ, Зэджакъуэхэ, Хьэнхэ, Лидзэхэ, Чэмкуэхэ.
Болу вилайетми адыгэ, абхъаз куэд щопсэу.
Бостан Ери къуажэм шапсыгъ унагъуэ 40 дэсщ. 1991 гъэм Налшык къэIэпхъуэжын и пэ къихуэу мыбы щыпсэуащ икIи щылэжьащ адыгэ тхыдэтх цIэрыIуэ Иззэт Айдемыр (Выщхьэ). 60 – 70 гъэхэм и кIэхэм абы «КавказкIэ» еджэу журнал къыдигъэкIыу щытащ. Айдемыр и лэжьыгъэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу ин хуэхъуащ абы и щхьэгъусэ Сумер. Адыгэхэм я тхыдэм къыщыхъуа нэщхъеягъуэшхуэм триухуащ абы I988 гъэм Анкара къыщыдигъэкIа «Мухьэжырхэр» и тхыгъэшхуэр. Иззэт 2005 гъэм дунейм ехыжащ.
Бостан Ери щопсэу Хьэкъуратэхэ, Мамийхэ, Емзэгъхэ, Хъунэгухэ, Багъхэ, Выщхьэхэ, Алащэхэ, Щхьэбыкъуэхэ, Хьэпакъуэхэ, Хьэкъуухэ, Туркъаухэ, ЛIыIувхэ, ЩIымытхэ, Нэхъурахъуэхэ.
Биюкачма (Нэгъужьхьэблэ) Дюзджэ къалэм километритху къудейкIэщ зэрыпэжыжьэр. Къуажэм унагъуэ 35-рэ дэсщи, нэхъыбэр шапсыгъщ: Хьэтххэ, Ачмыжьхэ, Нэпсохэ, Хьэгъурхэ, Фаджэхэ, Мыщэхэ, Тхьэухъухэ, ТIэшухэ, Дыгъужьхэ.
Дюзджэм I964 гъэ лъандэрэ Адыгэ Хасэ дэтщ. Ар илъэс I6-кIэ лэжьауэ, Тыркум дзэ къулыкъущIэхэм тепщэгъуэр яубыда нэужь, зэхурагъэщIыжауэ щытащ. I986 гъэм Хасэр аргуэру къызэрагъэпэщыжащ.
Болу вилайетым шапсыгъыу, абэзэхэу, убыхыу мин 50, абхъазу мин I5 щопсэу.
… Тыркум и къалащхьэм километр 40-кIэ пэжыжьэщ Хаджымуратлы къуажэр. Урыс-япон зауэм щIидзэным зы тхьэмахуэ фIэкIа имыIэжу Къаншыуей, Борыкъуей, ХьэпцIей джылахъстэней къуажищым я цIыхухэм адэжь Хэкур ябгынэгъащ. Япэ щIыкIэ ахэр Истамбыл екIуэлIащ. Мази 9-кIэ Адапазар щыпсэури, итIанэ Анкара и Iэшэлъашэм Iэпхъуащ. Къуажэм Абазэхэ ящыщу унагъуи 4, Йогъужыкъуэхэ – I5, Чэримхэ – I0, Сокъурхэ, ЦIыпIынэхэ, Къущхьэбийхэ – зырыз дэсщ. Апхуэдэу мыбы щопсэу Хьэткъуэхэ (абэзэхэщ), Умыжьхэ (абазэщ), Уэттэхьхэ (шапсыгъщ), Чегемтыхэ (осетинщ). Псоми адыгэбзэр фIы дыдэу ящIэ. Хаджымуратлы жылагъуэм цIыху 300 хуэдиз щопсэу. Мыбы дэгъуэу хъума щыхъуащ адыгэ хабзэр. Къуажэм клуб дэтщ. Абы сабийхэр лъэпкъ къэфэкIэм щыхуагъасэ, адыгэ хабзэм, нэмысым, тхэкIэ-еджэкIэм щагъэгъуазэ. МэкъумэшыщIэхэм гъавэ щIапIэ гектар I000 яIэщ, хъупIэр гектар мин I5-м нос.
Къуажэ школым сабийхэр 5-нэ классым нэс щрагъаджэ. Абы и ужькIэ Черкес-хиюк (Кургъуокъуей) беслъэней къуажэм дэт курыт школым ягъакIуэ.
Хаджимуратлы дэт Хасэм куэдрэ щохьэщIэ Европэм, Америкэм, Океанием я къэралхэм я дипломатхэу Анкара щыIэхэр. Ахэр яфIэгъэщIэгъуэну хэтщ хьэгъуэлIыгъуэхэм, адыгэ шхыныгъуэхэри хуабжьу ягу ирохь.

Поделиться:

Читать также: