Лъэпкъ хабзэ щхьэхуэ иIэщ

Бзылъхугъэхэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуащIу щытащ щхьэцым и теплъэм, и зэщIэкъуэкIэм. Философхэм ящыщ гуэрым жиIэгъауэ щытащ цIыхубзыр зыгъэдахэр и щхьэцыр зэрызэщIэкъуа щIыкIэр арауэ. АрагъэнкIи мэхъу. Ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ щхьэцым сыт щыгъуи укIэлъыплъын зэрыхуейр.

ЦIыхубзхэм я щхьэцхэмкIэ загъэдахэу щытащ ди эрэм и пэкIи. Абы щыхьэт тохъуэ тхыдэм къыхэна сурэтхэр.

ЛIэщIыгъуэ къэс цIыхухэм я дуней еплъыкIэм, я хъуэпсапIэхэм елъытауэ зихъуэжу къогъуэгурыкIуэ цIыхубзым и щхьэцым и теплъэри. Ар зэрызэщIакъуэ, зэражь щIыкIэм зихъуэжырт, цIыхубзхэм я дуней еплъыкIэм, яIыгъ диным, зытет модэм елъытауэ.

Щхьэцым гулъытэ хуэзыщIу щытар бзылъхугъэхэм я закъуэу къэзылъытэхэр щоуэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, щхьэцыр дахэу жьыныр, теплъэ зэмыщхь етыныр къэзыгупсысар цIыхухъухэращ. Нэхъапэхэм цIыхубзхэм загъэдэхэну, нэгъуэщIхэм зыкъыхагъэщэну, гу зылърагъэтэну къезэгъыртэкъым. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр унагъуэр зэрахьэнырт, сабийхэр ягъэсэнырт.

Щхьэцым кIэлъыплъыным ехьэлIауэ лъэпкъ къэс езыхэм я хабзэ яIэж хъуащ. Нэхъ пасэм щхьэц кIыхь, Iув птелъыныр яфIэдахэу щытащ. Апхуэдэ щхьэц зытелъын хуейуэ къалъытэри цIыхухъухэрат, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр нэхъ хахуэу, лIыгъэ нэхъ яхэлъу къалъытэрт. Бзылъхугъэхэри щхьэц Iувым, кIыхьым игъэдахэу ялъытэрти, щхьэцыр пIащIэмэ, парик зытралъхьэныр къызэрыгуэкIыу ябжу щытащ.

Парикыр къэзыгупсысар африканхэрауэ хуагъэфащэ. Ар ящIын папщIэ псэущхьэхэм яцхэмрэ удзхэм я жэпкъымрэ къагъэсэбэпырт. Пасэрей мысырхэм я парикхэр я теплъэкIи къызыхэщIыкIакIи адрейхэм къащхьэщыкIырт. Ар кIапсэ ухуэнамрэ лотосым и пкъымрэ къыхахыу арат.

Щхьэцым и зэщIэкъуэкIэмкIэ, и кIыхьагъымкIэ пхузэхэгъэкIырт цIыхур зыщыщ лIакъуэр. Псалъэм папщIэ, пащтыхьхэм, пащтыхь гуащэхэм я щхьэцхэр лъагэу яIэтырт, унэIутхэм, мэкъумэшыщIэхэм, зауэлIхэм я щхьэцхэр къызэрыгуэкIыу жьа къудейуэ арат.

Ину къэIэтауэ щхьэцыр зэщIэзыкъуэр мысырхэм я закъуэтэкъым, атIэ ассирийхэри Къэжэрхэри (персхэр) ерыщт абыкIэ.

Пасэрей Алыджым щыпсэуахэм я щхьэцыр зэращI щIыкIэр ящыгъ кIэстумхэр зэрызэтедзам ещхьт. Апхуэдэу, щхьэцыр ягъэщIэрэщIэн щхьэкIэ, абы хуагъэса унэIутхэри яIэт. Алыдж бзылъхугъэхэм я щхьэцхэм лентI зэмыфэгъухэр халъхьэурэ къаIэтырти, ар нэхъ дахэжу ягъэщIэрэщIэжырт.

А лъэхъэнэм щхьэц хужьыфэхэрат модэм нэхъ къезэгъри, зи щхьэц фIыцIэхэми сырыхуу ираIэрт. Плъыфэм и закъуэтэкъым гулъытэ зыхуащIыр, атIэ Iэмал зэмыщхьхэр къагъэсэбэпурэ хъыджэбзхэм я щхьэцхэр ягъэутIэрэзырт. Ар нэхъыбэрэ иIыгъын папщIэ сеткэ цIыкIу фIалъхьэрт.

 

 
ДОХЪШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться:

Читать также: