Адыгэшым и псынщIагъым хохъуэ

ФокIадэм и 24-25-хэм «Отрада» шыгъэжапIэм щызэхэта шыгъажэ кIыхьхэмкIэ зэпеуэм пэрыт увыпIэхэр адыгэшкIэ къыщахьащ.
 Мазищ къудейщ дэкIар Заряд зи цIэ а шы дыдэм тесу Щоджэн Щамел километри I00 гъуэгуанэм япэ увыпIэр зэрыщызыIэригъэхьэрэ. Иджы шымрэ шумрэ зэпача гъуэгуанэр километр 20-кIэ нэхъыбэщ. Япэу къызэрысам нэмыщI, Щоджэн Щамелщ «Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым» и япэ ахъшэ мылъку саугъэтыр зратар.
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, Фондым хэIущIыIу ищIауэ щытащ 202I-2023 илъэсхэм екIуэкIыну шыгъажэ кIыхьхэм адыгэшкIэ хэтыну гукъыдэж къэзыгъэлъагъуэхэм хыхьапщIэр зэрахухилъхьэнур. Абдежми къыщымынэу, Фондым километри I20-м, километри I60-м къыщыжэнухэм папщIэ ахъшэ саугъэтхэр игъэуват. Япэрейм зы сыхьэтым киломер I5 нэхърэ мынэхъ хуэму, етIуанэм – километр I4 нэхърэ мынэхъ хуэму къыщыжэхэм иратыну къагъэгугъащ: хакIуэхэм - сом мини I20-рэ, шыбзхэм - мини I50-рэ. ЕтIуанэм - сом мин 300, 350.
 Зи гугъу тщIы шыгъажэр щекIуэкIа «Отрада»-м Фондым и унафэщI Сибэч Артур япэ мылъку саугъэтхэр щаIэщIилъхьащ Щоджэн Щамелрэ Тау Аслъэнбэчрэ. Щамел зытеса Зарядым псынщIагъыу къызыкъуихащ зы сыхьэтым километр I6, 8-рэ. Дунейпсо зэхьэзэхуэм етIуанэ, урысейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэ къыщызыхьа Тау Аслъэнбэч и Хардым и псынщIагъыр - зы сыхьэтым километр I6, 6-рэт.
 «Фондым и саугъэтхэр «Отрада»-м хуэдэу зэхьэзэхуэ щхьэпэ куэд щекIуэкI, зызыужьын щIэзыдза шыгъэжапIэм щIалэхэм щаIэщIэслъхьэну Iэмал зэрызиIэм нэхъ лейуэ насыпыфIэ сещI», - жиIащ «Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым» и унафэщI Сибэч Артур щIалэхэм саугъэтхэр щаритым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: