Унагъуэхэм я зэпеуэКуэд мыщIэу Кърымым щекIуэкIынущ фестивалхэм я «Таврида.АРТ» фестиваль. Абы щыщ зы Iыхьэщ унагъуэхэм хухаха «ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэр» зыфIащар. Абы хэтыну хуейхэм я лъэIу тхылъхэр къыIахын щIадзащ. «ЗэхъуэкIыныгъэ инхэр» Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэм щыщхэмрэ (адэ-анэхэр, дэлъхухэмрэ шыпхъухэмрэ, адэшхуэхэмрэ анэшхуэхэмрэ) иджы япэу хэтыфынущ арт-кластерым хыхьэ «Таврида» фестивалым. Илъэс 11 хъу сабий зэрыс унагъуэхэм лъэIу тхылъ ягъэхь зэрыхъунур щIэуэ Iуэхум къыхахьащ. Унагъуэхэм теухуа «ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэр» зэхыхьэр Кърым Республикэм и Капсель бухтэм фокIадэм и 8 - 12 махуэхэм щекIуэкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
|