Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

Къэбэрдей Хасэм унафэ къыщащтэ.
Сурэтыр  СэвкIуий Хьэмид  ищIащ.

 

Адыгэ гупсысэкIэм «хасэ» псалъэр нэхъыбэу зрипхыр нарт лъэхъэнэрщ. А зэман жыжьэм щегъэжьауэ, лъэп­къым нэхъ лIы Iущу исхэр щызэ­хуашэсу, цIыхубэм яхуэщхьэпэну уна­фэ лъагэхэр къыщащтэ зэхуэс­хэм я гугъу щащIым деж, а псалъэр къагъэсэбэп.
 ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува ­къудей мыхъуу, зэманым къыздихь къалэнхэмрэ Iэмалхэмрэ елъытауэ Iэджэрэ зызыхъуэжа а унафэ щIапIэм тхыдэм и кIыхьагъкIэ игъэзэ­щIа пщэрылъым уриплъэжыныр гъэщIэгъуэн къудейкъым, ущие куэди хэлъщ. Ди мурадым дылъэIэсын папщIэ, щIэгъэкъуэн къытхуохъу тхы­дэ щIэныгъэхэм я доктор Къэ-жэр Валерэ и IэдакъэщIэкIыу 1992 гъэм Налшык къыщыдэкIауэ щыта «Адыгэ Хасэ» тхылъ цIыкIур.

 

Адыгэ Хасэ - къудамищу зэхэт парламент

Нобэрей дуней утыкум къэралыгъуэ яухуауэ ит лъэпкъхэм апхуэдэ Iэмал къезытыр тетыгъуэ - хэгъэгум щызе­кIуэ унафэхэр цIыхубэм ялъэзыгъэIэс политикэ Iэмэпсымэ - зэраIэрщ. Дунейпсо терминхэм ящыщу а мыхьэнэр нэхъ къызэщIэзыубыдэ псалъэр «парламент» жыхуаIэращ, езыхэм я бзэм къыхахауэ къэрал къэс фIэщыгъэ щхьэхуэ къыщагъэщхьэпи къохъу. Псалъэм папщIэ, Германием - Бундестаг, Украинэм - Радэ, Урысейм - Думэ, къинэмыщIхэр. Унафэ нэхъыщхьэр зы­IэщIэлъ президентым укъыфIэкI­-мэ, щIыналъэм щыпсэу цIыхубэм я псэу­кIэр ирагъэфIэкIуэнкIэ щыгугъыу, дзыхь зыхуащI, хэхыныгъэкIэ къыхагъэщхьэхукI лIыщхьэхэр щызэхуашэс а политикэ ухуэныгъэрщ къэралыр къэ­рал зыщIыжыр. Аращ цIыхубэр ­зыгъэтыншыпхъэ хабзэщIэхэр къы­щыдагъэкIри, ахэр гъащIэм хэпща зэрыхъуну Iэмалхэр къыщагъуэтыф­ри. Апхуэдэ политикэ Iэмэпсымэ иIащ «Шэрджэсей» цIэр зэрихьэу илъэс ­щитI хуэдиз ипэкIэ Кавказ Ищхъэрэм ита хэгъэгум. Адыгэхэм я парламентым зэреджэу щытар Хасэщ.
«Хасэ» псалъэм и мыхьэнэр нэсу къызэщIаубыдэн мурадым елэжьа тхыдэджхэм я лэжьыгъэхэр, хэкум ­къихьэну къызыхуихуа дзэзешэхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ яIуэтэжахэр зэпи­лъыта нэужь, ищхьэкIэ зи гугъу щыт­щIа Къэжэр Валерэ шэч къытримы­хьэжу жеIэ Адыгэ Хасэм къикIуа ­гъуэгуанэр ноби Iуэху зэфIэхыкIэ Iэ­загъкIэ узыдэплъеиж хъуну IуэхущIапIэу зэрыщытар.
Тхыдэм и кIыхьагъкIэ Адыгэ Хасэм и къалэныр езым и гукъыдэжкIэ зэи зэ­римыгъэтIылъам, абы къыщащта уна­фэхэр цIыхубэ гъащIэм щыщ зэры­хъуам, Хасэм хэтынухэр зэрыхахыу щыта щIыкIэм тэмакъкIыхьу ущриплъэжкIэ, уи фIэщ мэхъу адыгэ парламентым и лэжьэкIэр нобэ уей-уей же­зыгъэIэу дунейр зыгъэзджыздж къэ­ра­лыгъуэшхуэхэм я хэгъэгу зехьэкIэм емыфIэкIамэ, абыхэм къакIэрыхуу зэ­ры­щымытар. Псом хуэмыдэу, а гуп­сы­сэр наIуэ пщещI Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхыдэм, сыту жыпIэмэ, Къэ­бэрдейр Шэрджэсейм и Iыхьэ нэхъ лъэрызехьэ къудейтэкъым, ар Кавказым ит хэгъэгухэм я нэхъ лъэщт.
«Хасэмрэ пщы-уэркъхэм я лъэхъэ­нэм зэфIэува Шэрджэсеймрэ я тхы­дэр джыныр ди къалэнхэм я нэхъ лъапIэщ», - къытригъазэурэ щытрегъэчы­ныхь Къэжэр Валерэ и тхылъым. Адыгэ хэгъэгу псоми я тхыдэм ириплъэ пэтми, Къэбэрдейр щапхъэ нэхъ Iэгъуэу къигъэсэбэпурэ, щIэныгъэлIыр гупсысэ пэжым тоIэбэ: Хасэр фIэкIуэда нэужьщ лъэпкъым и хуитыныгъэр щыфIэкIуэдар. Абы къегъэлъагъуэ Ха­сэм хуэфэщэн къару егъэгъуэтыжын плъапIэр езы лъэпкъым хуитыныгъэ игъуэтыжын хъуэпсапIэм быдэу зэрепхар.
ГъэщIэгъуэнщ Хасэм зэманым елъы­тауэ зэрызихъуэжа щIыкIэм уриплъэну. Абы гугъэзагъэу топсэлъыхь тхыдэдж цIэрыIуэ Нало Евгение: «Адыгэ Хасэр цIыхубэр лIакъуэкIэ зэрымыгъэгуэш щIыкIэ лъэпкъ зэхуэс мыхьэнэ иIэу зэфIэуващ. ИужькIэ, пщы­хэмрэ уэркъхэмрэ къахэщхьэхукIа нэужь, дэтхэнэ лIакъуэри езым и Хасэ иIэжу щхьэхуэу зэхуэсырт. Лъэхъэнэр мамырмэ, Хасэшхуэр зэрыхъур къу­дамитI къудейт: пщыхэмрэ уэркъхэм­рэ. Ауэ зауэ зэманым абы и лэжьэкIэм зихъуэжырти, ещанэ къудамэу мэкъу­мэшыщIэхэмрэ цIыху щхьэхуитхэмрэ къахыхьэрт».

Нарт Хасэмрэ пщы-уэркъ Хасэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр

Адыгэ Хасэр зыхуэдар уи нэгум къы­щIэбгъэхьэжы­ну ущыхуежьэкIэ, нэхъ укъэзыгъэуIэбжьуи, удэ­зыхьэхыуи, зи жэуапыр къэбгъуэтыным урихулIэуи къэув упщIэхэм язщ абы и цIэр, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым тетыгъуэ зэриIэр къызэригъэнаIуэ зэхуэсыш­хуэм «хасэкIэ» зэреджэр зэхъуэкIы­ныгъэ имыгъуэту лIэщIыгъуэ бжыгъэм къызэрыпхихыфар. Къэралы­гъуэ Iуэху­зехьэпIэ зыфIэпщыфыну пщы-уэркъ Хасэм ущрихьэлIэр Шэрджэсейр е Къэбэрдейр дунейпсо утыку зэрихьам теухуа дэфтэрхэрщ. Ауэ ­щыхъукIэ, Сосрыкъуэ санэхуафэ здаша, Нэсрэн ЖьакIэ зи жьантIэм дэса зэхуэсми зэреджэр Хасэт.
«Сыт а тIум зэхуаIуэхур?» - къехьэкI-нехьэкI хэмылъу егъэув упщIэр Къэ­жэр Валерэ. ЩIэныгъэлIым къызэры­фIэщIымкIэ, Хасэм теухуауэ зыгуэр къыдэзыгъащIэу къытфIэщI IуэрыIуа­тэ тхылъхэм дзыхьышхуэ яхуэпщI хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэ­хэр къэралыгъуэ щхьэхуиту зэрыщы­тар цIыху цIыкIум, псом хуэмыдэу езы лъэпкъым щыщхэм, щагъэгъупщэжын мурадым къару мымащIэ телэжьащ.
Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ лъэпкъым ищIэр зэрыщыбгъэгъупщэжыфынур? Япэрауэ, тепсэлъыхьыпIэ иумытурэ. ИтIанэ - и нэкIэ илъэгъуам, гукIи ищIэжым и нэгум ущытеIэзэщIы­хьыжурэ, абы мыхьэнэ иIар нэгъуэщI зыгуэр хуэдэу жепIэурэ. Ещанэу - пэ­жыфэ тету зэбгъэпцIа пцIыр къытебгъазэм-къытебгъазэурэ зэрызэхебгъэ­хым нэмыщI, езым нэгъуэщI жиIэныр хуумыдэурэ. ЩIэныгъэлIым къызэ­рилъытэмкIэ, Адыгэ Хасэр зэрыщыта дыдэр лъэпкъым IэщIагъэхужын уна­фэм а къару псори щызэдэлэжьащ.
Нарт лъэхъэнэм щыIа хасэхэм къэ­ралыгъуэ Iуэху зэрызэрамыхуари, ар политикэм, хэгъэгу хуитыныгъэр хъу­мэн Iуэхум зэрыпхуемыпхынури ап­хуэдизкIэ гурыIуэгъуэти, куэдрэ къы­тебгъазэу утепсэлъыхькIэ цIыхубэр абыкIэ пхуэгъэщхьэрыуэнутэкъым. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, Нарт Ха­сэр зыкIи къыщхьэщыкIыу къып­фIэ­щIыркъым нобэ гуфIэгъуэ тхьэлъэIу жыхуаIэу ефэ-ешхэ щрагъэкIуэкI зэIущIэхэм. Зэзэуэнрэ текIуахэр ягъэфIэ­жынрэ фIэкIа хабзэ зыхэмылъа лъэпкъыр «хьэщхьэрыIуэу», «лъэпкъ мыгъасэу» щытауэ езым и фIэщ пщIы­жынуи «цивилизацэ» къыхуа­хьыху езыхэр мэзым щIэсауэ къафIэбгъэ­щIынри гугъу хъунутэкъым, Iэпкълъэпкъ къарукIэ зэрызэпеуэмрэ фа­дэр зэрахуэхь лъэкIыныгъэмрэ фIэкIа къызыхэмыщ нарт хъыбарыжьхэм фIэкIа къахуумыгъанэмэ.
«Адыгэ Хасэм и пщэ дэлъа къалэнымрэ ар игъэзэщIэн папщIэ къи­гъуэтыфу щыта хэкIыпIэхэмрэ гуры­Iуэгъуэ хъун папщIэ, IуэрыIуатэм и закъуэ тегъэщIапIэу урикъуркъым», - жеIэ Къэжэр Валерэ. - Сыту жыпIэмэ, нарт хъыбархэм Хасэр къызэрыхэувэр нэхъыжь е лъэпкъ зэхуэсыпIэ къудейуэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр джа хъун папщIэ, гулъытэ нэхъыбэ ­хуэфащэщ Къэбэрдейм XVI-XVIII лIэ­щIыгъуэхэм щекIуэкIыу щыта пщы-уэркъ зэхуэсхэмрэ зэIущIэхэмрэ. Уры­сыбзэкIэ «феодальнэ хасэ» жыхуаIэ а зэгухьэныгъэхэрт лъэпкъым къыпэ­щылъ къалэнхэр щаубзыхури ахэр гъэ­зэщIа зэрыхъуным теухуа унафэхэр къыщащтэри.
Хасэр нэхъыжь уэршэрыпIэ къудейуэ къыпщыхъуныр щыуагъэ дыдэу зэрыщытыр щIэныгъэлIым емышу къытригъазэурэ жеIэ. Ар лъэпкъым и блэкIар щагъэгъупщэжын папщIэ пхагъэкIа тхыдэ пхэнжым къыуит хуэгъэ­фэщэныгъэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр къыщыбгурыIуэнур пщы-уэркъ хасэхэм я Iуэху зэфIэхыкIэм щыгъуазэ зыпщIмэщ. Абыхэм я лэжьэкIэм ­къегъэлъэгъуэж адыгэ тхьэмадэхэм я унафэр хэгъэгу кIуэцIым щызекIуэу зэрыщытари, абыхэм я псалъэм къарууэ щIэлъари, апхуэдизыпщ зэрыс ­хэкум зэгурыIуэныгъэр къыщы­мы­тIасхъэу хамэ щIыналъэхэм зыпащIэфу, ядекIуэкIыфу зэрыпсэуари. Ап­хуэдэ хэку зехьэкIэ нэгъэса зиIа лъэпкъыр «зыужьыныгъэм хуэхейуи», «къыкIэрыхуауи», «кIыфIыгъэм хэтуи» зыми и фIэщ пхуэщIыжынутэкъым. Аращ зэрыпхъуакIуэм Хасэм и тхыдэ пэжыр игъэкIуэдыжыным къаруушхуэ щIрихьэлIар.
Адыгэхэр езыхэм я къарукIэ псэу­жыфу щытауэ жыпIэныр къэралы­гъуэм имыдэн Iуэху еплъыкIэт а зэманым. Абы къыхэкIыу, IуэрыIуатэми къы­хахар езыхэр я мурадым тезыгъэIэбэн щыхьэтхэрт. НэгъуэщI щхьэу­сыгъуэ хуэбгъуэтыркъым, псалъэм ­папщIэ, 1936 гъэм къыдэкIа «Къэбэрдей IуэрыIуатэ» («Кабардинский ­фольклор») тхылъым адыгэхэм XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм - XIX и пэм я щхьэ яхъумэжын папщIэ ирагъэкIуэкIа бэ­нэ­ныгъэм теухуа хъыбари уэрэдыжьи узэрыщримыхьэлIэм. Ахэр Iуэху ящIу хамыщыпыкIамэ, а зэманым щыIа хасэхэм я лэжьэкIэри зыщIыпIэ деж къыщыхэщынут.
Дауэ хъуами, лъэпкъым и тхыдэм «гъуанэ» гуэр къыщыунэхуащ, адрей лъэпкъхэм я деж щызекIуа щапхъэ­хэмкIэ зэрыхуейуэ якудауэ. Абы къы­хэкIыу, Хасэм и мыхьэнэр нарт лъэхъэнэм къаубла «цIыхубэ зэхуэс» жыхуаIэм хуагъакIуэри ежьэжащ. Я мурадыр адыгэхэм я хэку зехьэкIэр мы­хьэнэншэу къагъэлъэгъуэнырти - къехъулIащ.
Ар зэрыпцIыр къыщIэзыгъэщ щапхъэу урикъунщ лъэпкъым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ пщы Инал щэджащэр, къэбэрдеипщхэми бес­лъэнеипщхэми я адэжьыр, пщы уэлийуэ щыхахар Хасэрауэ зэрыщытыр, абы и щыхьэтхэр IуэрыIуатэми къыхощ.
Иджыпсту адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь гуэрхэм лъэпкъым игъащIэм зэгу­ры­Iуэныгъэ яхэмылъауэ, зи акъыл зэте­мыхуэхэм асыхьэтым зызэраупсейрэ зэрыукIыж зэпыту щыта хуэдэу зэхы­уагъэх. Адыгэ хасэжьхэм я лэжьэкIэр абы щыхьэт техъуэркъым. Зы пщы гупым Урысейм и лъэныкъуэр, адрейхэм - Кърымым и лъэныкъуэр яIыгъыу, Къэбэрдейм зэман кIыхькIэ Къэщкъэтаухэмрэ Бахъсэнхэмрэ жа­Iэу, пщы гупитI щызэдэпсэуащ. ИтIани, лъэпкъпсо Iуэху къыщыдахкIэ, лъэ­ныкъуитIыр зэхуэзэрти зэдэлажьэрт.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIа пасэрей Нарт Хасэмрэ лIэщIыгъуэ курытхэм, XVI-XIX лIэщIыгъуэхэм, зэфIэува пщы-уэркъ Хасэмрэ зэдгъэпщэнуи зэдгъэщхьынуи Iэмал къыдэзытыр тIуми дащытепсэлъыхькIэ «хасэ» псалъэр къызэрыдгъэсэбэпырщ. Ауэ сыт хуэдизу хэгъэзыхьауэ нарт хъыбархэм дри­мыплъэжми, дэ абыхэм жыжьэрэ гъунэгъуу къыщыдгъуэтыфыну къы­щIэ­кIынкъым пщы-уэркъ Хасэм хэлъа къарумрэ зэгъэзахуэмрэ. Абы и щхьэу­сыгъуэнкIи хъунур, зэрыжытIауэ, апхуэдэ щапхъэхэр щыIэпауэ щытми, ахэр цIыхубэм щагъэгъупщэжыныр мурад укъуэдияуэ зэрыщытарщ. ЕтI­уанэ щхьэусыгъуэр - а зэфIэдгъэувэжыну дызыхуежьа тхыдэм щыхьэт хуэтщIыну дызыхуежьэ урыс дэфтэрхэр зэрыпхъуакIуэм, фIы игу имылъу адыгэ лъэпкъыр зэрызэхэтым щы­гъуазэ зищIыну яужь ихьа цIыхухэм я IэдакъэщIэкIыу зэрыщытырщ. Псалъэм папщIэ, куэдрэ зи цIэ урихьэлIэ Потёмкин Павел Кавказыр урыс Iэщэм и унафэм щIигъэувэныр зи пщэрылъу къаутIыпща дзэпщт. «Абы пцIы иупсынутэкъым» зыхужыпIэфын дэтхэнэ урыс тхыдэтхми ди бзэр имыщIэу, езыхэм жыIэщIэ яхуэхъуахэм жраIэм тещIыхьауэ псори къазэрыгурыIуэм ищIыIужкIэ, езыхэр зэдаIуэр пащ­ты­хьырт. Нобэ абыхэм ятхам къеджэж дэри ди щIэныгъэбзэр зэрыпхъуакIуэм и бзэу зэрыщытым ди зэхэ­щIы­кIым и къарур фIыуэ щIех. Къанэр сыт? Адыгэ щIэныгъэлIхэм дзыхь яхуэтщIу, абыхэм жаIэм япкъ иткIэ, Хасэр зэрыщытар хуэгъэфэща защIэу къызыфIэдгъэщIынырщ. Ауэ а Iуэхури узэмыплъэ­кIыжу узыгъэгушхуэхэм ящыщкъым. ЩIэныгъэлIхэр зэрытхэр зэрыурысыбзэм укъыфIэкIмэ, ахэри я гур утIыпщауэ хуиту псалъэркъым. Къытхуэнэр щыIэр зэхуэтхьэсыжу ди Iэмал, ди акъыл къызэ­рихькIэ Iуэхур зыгурыдгъэIуэ­нырщ.
Пэж ящIыну зыхуежьа пцIым къару игъуэтын папщIэ, зыхуейр зэрыпхагъэкIын Iэмал ягъуэтын хуэдэу, Нарт Хасэмрэ пщы-уэркъ (феодальнэ) Ха­сэм­рэ зэтехуэу зыгуэр яхэлъын хуейт. Сыт ар?
Япэрауэ, Нарт Хасэри пщы-уэркъ Хасэри щхьэж зыхиубыда зэманым хуэфащэ политикэ Iэмэпсымэт, лъэп­къыр зезыгъакIуэ тетыгъуэм ищI уна­фэхэр щаубзыхурэ ар зэрыпхагъэкIыну щIыкIэм щытепсэлъыхьу. ЕтIуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми цIыху­бэм я гъащIэр зэрагъэкIуэныр я пщэ дэлът. Ещанэрауэ, а чэнджэщ зэIэпыхыпIэхэм екIуалIэр лъэпкъым и Iыхьэ мащIэрт. ЕплIанэрауэ, абы хэтхэр хахыу щытакъым. Нарт Хасэм, псалъэм папщIэ, лIыхъужьхэр ирагъэблагъэрт, ауэ апхуэдэпщIэ зылъагъэсынухэм я цIэ къизыIуэр цIыхубэратэкъым. Апхуэдэ дыдэт пщы-уэркъ Ха­сэм и Iуэхури. Абы хагъэхьэхэм а ­хуитыныгъэр щIы яIыгъым и гъусэу, я адэхэм къыIэпах щIэину къаIэрыхьэу арат. Етхуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми я тхьэмадэхэр псэуху ­тетыну хахырт: Нэсрэн-ЖьакIэ - нартхэм, пщы-тхьэмадэр - феодальнэ Хасэм.
Адыгэбзэм «хасэ» псалъэм нэмыщIи «зэIущIэ, зэхуэс, чэнджэщ» хуэдэ псалъэхэу цIыху бжыгъэшхуэ зэрызэхуэзар къэзыгъэлъагъуэ куэд хэтщ. А ­мы­хьэнэ дыдэрщ яIэр Хасэм и лэжьэкIэм тепсэлъыхьрей, лыхь (Поль­шэ щылъху) зыплъыхьакIуэ Потоцкий Ян «пэкIу» зыфIища зэхуэсхэм. Къэ­жэр Валерэ  гу зэрылъитауэ, «Хасэм и зэIущIэ», «Хасэм и зэхуэс», «Хасэ пэкIу» жыпIэ щыхъукIэ, пасэрей щIэныгъэлIхэр, дунеяплъэхэр, урыс дзэзешэхэр зы­теп­сэлъыхь зэIущIэшхуэхэм я нэхъыбэр Хасэу зэ­ры­щытам шэчышхуэ къы­тумыхьэми ­хъунущ. Ар зы еплъыкIэщ.
Мыдрей еплъыкIэм ипкъ иткIэ, дэтхэнэ зэIущIэми ХасэкIэ уеджэну хуит укъэзымыщI щхьэусыгъуэщ лъэпкъыр зэхуэсыху, ар парламент зэхуэс защIэу зэрыщымытар. Абы къыхэкIыу, «зэIущIэ, зэхуэс, пэкIу» псалъэхэр Ха­сэм теухуауэ къэбгъэщхьэпэ хъуми, езы Хасэм и закъуэ утыку къыщихьэм дежщ абы къэралыгъуэ унафэ щIы­пIэм къытехуэ мыхьэнэ щихьыр, ар лъэпкъым и парламенту къэплъытэн Iэмал къущитыр.

Адыгэ Хасэр зищIысыр сыт?

Адыгэ Хасэр зищIысыр этнографием (лъэпкъхэр зыдж щIэныгъэм) япэ дыдэ къыхэзыхьар урыс дзэзешэ Потёмкин Павелщ. Абы и гукъэкIыжхэм къыхощ «зэIущIэшхуэ», «чэнджэ­щы­шхуэ» жыхуиIэ зэхуэсхэр зэрылажьэу щыта щIыкIэр. Ахэр гупищу зэхэтт: пщыхэр, уэркъхэр, зи нэхъыжь къэзыгъакIуэ мэкъумэшыщIэхэр. Нобэрей политикэ псалъалъэр къэбгъэщ­хьэ­пэмэ, адыгэ парламентыр «трехпалатнэт», ищхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, лIа­къуэ-лIакъуэкIэ гуэшарэ къудамищу зэхэту.
Потёмкиным 1784 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэхэм щыжеIэ: «Ахэр [адыгэхэр] псори щызэхуэзэ зэIущIэ­шхуэр е чэнджэщышхуэр - мыхьэнэ  куу зиIэ, екIуу къызэрагъэпэщ зэхуэсщ, мурад нэхъ лъагэхэри иуп­хыну хуэфащэу. Абы къыщыхалъхьэ дэтхэнэ зы жэрдэмри къызыбгъэдэкIыр пщыхэрщ: зы цIыху-цIыхуитI е нэхъыбэ зэчэнджэщыжу утыку кърахьауэ.  Ар къызэрызэрагъэпэщыр мыпхуэдэ щIы­кIэкIэщ. Пщы-тхьэмадэм уэркъхэмрэ лъэпкъхэм я нэхъыжьхэмрэ щызэхуэзэну щIыпIэм теухуауэ хъыбар ярегъащIэ. Ахэр зэхуэса нэужь, къы­зыхэкIа лIакъуэм елъытауэ, псоми ­гупищу загуэш: пщыхэр, уэркъхэр, лъэпкъ­хэм я нэхъыжьхэр. Пщыхэм зыгуэр къыхалъхьэну щыхуейм деж, я жэрдэмыр уэркъхэм бгъэдалъхьэ. Къы­халъхьа Iуэхум фIырэ Iейуэ хэлъым ахэр топсэлъыхь, ауэ езыхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэ­кIыу, нэхъыбэм арэзы мэхъу. Абыхэм къабыл ящIа унафэр лъэпкъхэм я нэхъыжьхэм я пащхьэ иралъхьэ. ЦIыху­бэр арэзы зытехъуэ унафэр хабзэ ­(закон) мэхъу. Ахэр хуитщ пщыхэм къыхалъхьэу уэркъхэм къабыл ящIа унафэр якъутэжыну. НэгъуэщIу жы­п­Iэмэ, лъэпкъ цIыхубэм я Iуэху еп­лъыкIэм хабзэм и къару егъуэт. Пщы­хэм я пщэ къыдохуэ утыку кърахьа ­хабзэщIэхэр гъэзэщIа зэрыхъуным хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну. Уэркъхэр абы­хэм ядоIэпыкъу. Пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр лъэпкъым къабыл егъэ­щIы­ныр зи пщэрылъыр уэркъхэрщ».
Абы нэхъри зрегъэубгъу зи цIэ къит­Iуа Потоцкий Ян 1798 гъэм Шэрджэсейм зэрыщыIар къыщиIуэтэж сатырхэм: «Зэрыхэгъэгуу зыгъэпIейтей Iуэху­хэм «пэкIу» жыхуаIэ, лъэпкъ къэс ­къабгъэдэкI лIыкIуэхэр къызэкIуалIэ зэ­IущIэхэм щытопсэлъыхь. Ахэр ныбжь­кIэ нэхъыжь пщым е пщы-тхьэмадэм ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ зэхуэсхэр къудамитI мэхъу: пщыхэмрэ уэркъ­хэмрэ. КъудамитIми щхьэж и лIы­кIуэ­хэр адрейм хуегъакIуэ, зэрыжаIэмкIи, а зэхуэсхэр екIуу, зэхэтыкIэ дахэм и щапхъэу йокIуэкI. Аращ адыгэхэм я къэрал зехьэкIэм теухуауэ къытхуэщIар».
Потоцкэм жиIэм шэч къытрыдегъэхьэ а зэманым къыдэкIа нэгъуэщI дэфтэрым. Абы зэрыжиIэмкIэ, Хасэр абы щыгъуэ къудамищ хъууэ щытащ. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ адыгэ тхыдэм теухуауэ напэкIуэцI куэд къызэзынэ­кIа, нэмыцэ зыплъыхьакIуэ Клапрот Юлиус 1807 - 1808 гъэхэм итхахэр: «Iуэху гуэр зэфIэхын щыхуейм деж, пщы нэхъыжьхэр, уэркъхэр, мэкъу­мэшыщIэ нэхъ бейхэр зэхуосри, унафэ къащтэ. Абыхэм куэд дыдэ къыщап­сэлъ, къекIуэлIахэр Iэуэлъауэшхуэхэр къагъэIуу щызодауэ».
Хамэ лъэпкъхэм щыщ зыплъы­хьа­кIуэхэм жаIэм ядыщIыгъужыпхъэщ езы лъэпкъым къыхэкIа Нэгумэ Шорэ и къэгъэлъэгъуэкIэри: «Зэхуэсхэр зэ­рекIуэкI щIыкIэр хабзэ гуэрым теуващ хуэм-хуэмурэ. Пщыхэм къыхалъхьэ дэтхэнэ жэрдэмми езыхэм щIыпIэ хэха гуэрым кърагъэблэгъа нэхъыжь зыбжанэ щытопсэлъыхь. ИтIанэ пщы­хэмрэ а нэхъыжьхэмрэ Iуэхур уэркъ псори зэкIуалIэ зэхуэсым бгъэдалъ­хьэри, щхьэж и Iуэху еплъыкIэр къы­хелъхьэ. Уэркъхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, нэхъыбэм абыхэм зытрагъэчыныхь еплъыкIэм арэзы тохъуэ. КъыкIэлъыкIуэ лъэба­къуэу Iуэхур пщыхэм я унафэм щIэт, псори зэкIуалIэ лъэпкъ зэхуэсышхуэм и утыку къралъхьэж. ЦIыхубэм къабыл ящIар хабзэ мэхъу. Пщыхэм я жэрдэмыр уэркъхэм я деж щыпхыкIа нэужьи, цIыхубэращ хуитыр ар къащ­тэнрэ къамыщтэнрэ. ЦIыхубэр макъ­кIэ (тхыгъэншэу) арэзы зытехъуа уна­фэм хабзэм и къару егъуэт. Пщыхэм я къалэныр хабзэр гъащIэм хапщэ­нырщ. Абы щхьэкIэ зыдагъэIэпыкъу езыхэм я унафэ щIэт уэркъхэр. Уэркъ­хэм я къалэнщ лъэпкъпсо зэхуэс­хэм (къызэрыбгурыIуэн хуейр - Хасэм) ­къекIуэлIа цIыхубэм пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр щыпхагъэкIыну».
Гу лъытэгъуафIэщ Потёмкинымрэ Нэгумэмрэ Хасэм теухуауэ жаIэр зэрызэтехуэм. ЖытIам къытыдогъа­зэри, адыгэ парламентыр нобэрей къэралыгъуэ псалъалъэкIэ, «палатищу» е къудамищу зэхэт къэрал унафэ зэфIэхыпIэт. А къудамищыр - пщыхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэхэр.

Хасэмрэ пщы уэлиймрэ

Хасэмрэ пщы уэлиймрэ зыхуэбгъэдэфынур, псалъэм папщIэ, но­бэ­рей Урысейм и Президентымрэ Фе­деральнэ Зэхуэс жыхуаIэмрэщ. Сытми, къэралыгъуэм и унафэщI нэ­хъыщхьэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъу къу­лыкъу­щIэшхуэхэр щызэIущIэ IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэу къэралым итымрэ. Адыгэ IуэрыIуатэм ущрохьэлIэ лъэпкъым и къежьапIэр зрапх пщы Инал, къэбэрдеипщхэмрэ бес­лъэнеипщхэмрэ къызытехъукIыжар, пщы-тхьэмадэу Хасэм зэрыщыхахам. Ар щыхьэту къоув, япэрауэ, демократ хэхыныгъэхэр адыгэхэм я щыпэлъа­гъуу зэрыщымытамкIэ. ЕтIуанэу, апхуэдэ къэрал зехьэкIэ Iэмалыр пасэ ­зэманым къызэрыщежьам нэ­мы­щIыж, ар дуней хабзэ зыщIахэм адыгэ­хэри зэращыщымкIэ.
Адыгэхэр урысхэм нэIуасэ яхуэхъуу, Урысейм и унафэм хэгъэгум хуэмурэ зыщиубгъун зэрыщIидза щIыкIэм уриплъэжмэ, гу лъыботэ хасэмрэ  урыс пащтыхьыгъуэмрэ зэрызэдэ­лажьэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къы­зэ­рыздишам.
Къэбэрдей пщы уэлийхэм (пщыш­хуэ, пщы-тхьэмадэ) ятеухуауэ япэу ­зыгуэр къыщытIэрыхьэр XVI лъэхъэнэм тепсэлъыхь Iэрытххэмрэ лъэпкъхэр зэрызэтепщIыкIыр къэзыгъэлъагъуэ дэфтэрхэмрэщ. Абыхэм къыхохуэ, псалъэм папщIэ, пщышхуэ къалэныр зыхьынур Мэзкуу къыщагъэлъагъуэу, ар Къэбэрдейм къабыл щащIыжын хуейуэ зэрыщытар. Къы­зэрыбгурыIуапхъэр - Мэзкуу къыщыхалъхьа жэрдэмыр зыдэн-зымыдэн политикэ Iэмэпсымэ Къэбэрдейм зэрыщыIарщ икIи абы и хьэтыр Мэзкуу щалъагъуу зэрыщытарщ.
Архив дэфтэрхэм щыгъуазэ дызэ­ращIымкIэ, а зэман жыжьэм щегъэжьауэ пщышхуэу къагъэлъагъуэр езым и фIэфIыныгъэкIи нэфI-нейкIи хахыу щытакъым, ахэр пщы Инал къытехъукIа лIакъуэм щыщу зи чэзум къылъысу арат. Япэрауэ, тетыгъуэр къызылъыс лIакъуэр зэхагъэкIырт, итIанэ а лIакъуэм пщышхуэу щытыну зыхуэфащэр къыщыхахыжырт.
Адыгэ тхыдэм къыхощ пщы къудамэхэр КIэс жыхуаIэ Инал и адэжьым деж къызэрыщежьэр. Дэфтэрхэм зэрыжаIэмкIэ, пщышхуэ къалэныр а КIэсым къытепщIыкIа лIакъуэм (Инал и щIэблэм) щызэIэпахырт, икIи ар адэм къыбгъэдэкIыу къуэм Iэры­мы­хьэу, къуэш нэхъыжьым къыIэщIэкIмэ, къуэш нэхъыщIэм Iэрыхьэу къекIуэ­кIащ. Абы къыхэкIыу, пщышхуэ къалэныр зы лIакъуэм зэманыфIкIэ ирихьэкIынкIи хъунут.
ГъэщIэгъуэн дыдэщ «Къэбэрдей лъэпкъыр» («Описание кабардинского народа») зыфIаща, 1748 гъэм дунейм къытехьа лэжьыгъэм Къэбэрдейм унафэр зэрыщызэIэпахым теухуауэ къиIуатэр:
«Къэбэрдей лъэпкъыр нобэр къыздэсым Инал зи цIэ пщы закъуэм и унафэм щIэту Бахъсэнрэ абы пэгъу­нэгъу псыежэххэмрэ я Iуфэхэм щыпсэуащ. Инал  къуитху иIащ. Я адэр дунейм ехыжа нэужь, зэкъуэшитхум къэбэрдей лъэпкъыр тху иращIыкIащ. Хабзэ зэрахуэхъуауэ, нэ­хъыщ­хьэ дыдэу щытыр зэкъуэшхэм я нэхъыжьырт, ар дунейм ехыжмэ, абы къыкIэлъыкIуэу нэхъыжьыгъэр къы­зылъыс и къуэш нэхъыщIэм тепщэ ­къалэныр къыIэрыхьэрт. Къуэш им­ы­Iэмэ, унафэр зыIэрыхьэр езым и ­къуэ нэхъыжьырт. Дунейм ехыжа я адэм адрей и къуэхэр а нэхъыжьыгъэр зылъысам и жьауэм щIэту псэун ­хуейт, зыхэпсэукIыпхъэр тепщэгъуэр зы­лъыса я къуэш нэхъыжьым къариту, езыхэри абы и жыIэм щIэту.
Зы лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, ныбжь­кIэ е укъызыхэкIам елъытауэ, пщыш­хуэу ущытын къалэныр къып­лъысмэ, зэфIэкIат. Ауэ зи чэзу къэсу ап­­хуэдэ хуитыныгъэ зыгъуэтхэри лъэпкъпсо зэхуэсым, абы къикIыр - Хасэм - къабыл щащIын хуейт, абы щхьэкIэ «Къэбэрдейпсо хасэ» зэхуа­шэсырт.
Псалъэм папщIэ, Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, 1589 гъэм пщышхуэ къалэныр зыхуэфа­-     щэ хъуар абы и къуэш нэхъыщIэ Жансэхъут. Абы теухуауэ урыс дэфтэрым къыщокIуэ: «Абы [Жансэхъу] пщы­гъуэр Мэзкуу къыщратат, ауэ Къэбэрдейм ар къабыл щащIакъым». ИужькIэ Жансэхъу унафэр къызэрыIэрыхьам къегъэлъагъуэ Iуэхум зэрызихъуэжар. ИтIани, Адыгэ Хасэм Мэзкуу къы­щыдэкI унафэр къабыл имыщIыну ­хуиту зэрыщытам абы зэфIэкIыу иIам и инагъыр къыбгурегъаIуэ.
Пщыгъуэр лъэпкърэ лIакъуэкIэ, укъызыхэкIа елъытакIэ къыплъысу щы­та щхьэкIэ, уи япэ итыр лIэмэ, тахъ­тэм занщIэу уашэу утрагъэтIыс­хьэу зэрыщымытам и щыхьэту къоув пщышхуэр щыхахым деж «Къэбэрдейпсо чэнджэщ» зэхашэу зэрыщытар.
Апхуэдэ «чэнджэщхэр» урыс дэфтэрхэм япэу къыщыхэувэр 1589 гъэрщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Къетыкъуэ Жансэхъу тепщэгъуэр къызэрыIэрыхьарщ. Дэф­тэрым къыджеIэ, Жансэхъу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжь Аслъэнбэч и бынхэри, езым ейхэри, и къуэш-­шыпхъу бынхэри, езы лъэпкъри и ­гъусэу Къэбэрдейм щызэхуэса пщы­хэм зэ­рахуэзам. КърабжэкI цIэ-унэ­цIэхэм ­къахощ Мамстрыкъуэр, Уэщ­къаныр, Къундетыр, Хъуэтыр. Абыхэми щIы­налъэм ис адрей уэркъхэми абдежым псалъэ щатащ пащтыхьым и бийхэр езыхэм я бийуэ къалъытэу, ягъэпэжу бгъэдэтыну.
Къэбэрдей тхыдэм уриплъэжмэ, пщы-уэлийм и пщIэм щыхэхъуа лъэхъэни щыкIэрыхуаи къыхуихуащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ шынагъуэ ящхьэщымыту, езыхэр нэхъ ефIакIуэу щыщыта зэманым щхьэж лъабжьэ быдэ зэрищIыным хущIэкъурт. Абы щыгъуэм Хасэми пщы уэлийми я хьэтырыр нэхъ цIыкIут. Бий щамыIэм деж, къэбэрдеипщхэр езыхэр зэпэувыжырт, зи акъыл зэтехуэ зыбжанэм езыхэм къагуэмыхьэр хэкум щрагъэ­Iэп­хъукI къахуихуэу. Апхуэдэ дыдэу, тетыгъуэм щIэхъуэпс пщыр къыщ­хьэ­щыжын къилъыхъуэу хамэ къэралхэм щыкIуи къэхъурт. Ахэр я щхьэусы­гъуэу къэбэрдей пщы къудамэхэм Урысейм щыгугъ лъэныкъуэрэ (Бахъсэнхэр) Кърымым щыгугъкIэ (Къэщкъэтаухэр) загуэшауэ щытащ. Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыр Хасэращи, а тхыдэ напэкIуэцIым зедгъэубгъункъым. Гу зылъытапхъэ закъуэр 1763 гъэм, Мэздэгу быдапIэр щаухуа лъэхъэнэм пщIондэ, Хасэшхуэм ипэрей къарур зэрыбгъэдэмылъыжарщ.
ИтIани, жыIапхъэщ пщы уэлийм и къарумрэ Хасэм и хьэтырымрэ зэп­хауэ къызэрекIуэкIар: зыр дэкIуеймэ, адрейри абы кIэлъэщIыхьэрт. Ар щыхьэту къоув Хасэр пщым и унафэм епха зэпыту, езыми ар и унафэр зэ­рыпхигъэкI Iэмэпсымэу къигъэщ­хьэпэу къы­зэрекIуэкIамкIэ.

Сыт хуэдэ къэралыгъуэу Къэбэрдейр зэрыщытар?

1807 - 1808 гъэхэм Къэбэрдейм щыIа Клапрот Юлиус етхыж: «Мыбы щызекIуэ къэралыгъуэ лIэужьыгъуэм ­цIэ фIэсщынщ жыпIэмэ, абы зэреджапхъэр «пщы-уэркъ республикэщ (рес­пуб­ликанско-аристократический строй). Абы куэдкIэ къыщхьэщыкIыркъым 1818 гъэм Шэрджэсейм зэры­щыIам тепсэлъыхьыж Де Мариньи Тёбу жиIэр: «Шэрджэсейр пщы зыбжанэ щытепщэ феодальнэ республикэщ».
1810 гъэм Кавказым щыIа Броневский Семён къызэщIэубыдауэ Кавказым щызекIуэ унафэ зехьэкIэм и гугъу щищIкIэ, жеIэ: унафэ щIыкIэ лIэужьыгъуищри - монархие, аристократие, демократие - Кавказым щызокIуэ, ауэ абы псори щызэхыхьэжащ, псом хуэмыдэу япэ ититIыр.
Адыгэ щIэныгъэлIхэм я гупсысэр Клапротрэ Де Мариньирэ я Iуэху еп­лъыкIэм тохуэ. Ауэ «аристократ рес­пуб­ликэ»-кIэ щIыналъэм ущеджэфынур абы унафэр пщы-уэркъхэм я закъуэ щызэрагъакIуэмэщ. ЩытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ къигъуэтыфащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Броневский Семён: «Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ пщы лъэпкъихым я унафэ щIэтщ, дэтхэнэ зыри и щIыналъэм щытепщэу, ауэ псори зы щIыналъэм зэрыхиубыдэм и нэщэнэу, унафэр зэхуэсышхуэхэм щызэIэпах».

Хасэ лIэужьыгъуэхэр

 Я унафэр здынэсым елъытакIэ, хасэхэр зэщхьэщыкIыу щытащ. XVIII лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм ипэ лэжьа хасэхэм я лъэужьым дриплъэжмэ, гу лъыдотэ абыхэм Iуэху нэхъ цIыкIу дыдэм деж щегъэжьауэ лъэпкъ псом къыпэщылъхэм нэс щызэфIахыу зэрыщытар. Ахэр зэрызэщхьэщыкIыр я унафэр здынэсым елъытауэт. Псалъэм папщIэ, урыс пащтыхьым, хьэмэрэ кърым хъаным деж лIыкIуэ ягъэкIуэн е ямыгъэкIуэн унафэр къэзыщтэну хуитыр пщыгъуэ щхьэхуэм и Хасэрт (удельная хаса), ауэ абы и унафэр зыгъэзэщIэну къызытехуэр езым къедзахэрт, зэры-Къэбэр­деиш­хуэу абы едэIуэну я къалэнтэкъым. Псоми ягъэзэщIэн хуейр Къэбэр­дейпсо Хасэм и унафэм и закъуэт.
Нобэрей дунейм зыщытплъыхьмэ, ХасэкIэ йоджэ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми, Тэрч, Дзэлыкъуэ, ­Аруан, Бахъсэн, Шэджэм щIыналъэ­хэм къедза зэгухьэныгъэ нэхъ цIыкIу­хэми, адыгэ здэщыIэ хамэ къэралхэм щылажьэхэми. Абы пхуегъэщхьынущ пщыгъуэ-пщыгъуэкIэ гуэшауэ XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм щы­лэжьа хасэ лIэужьыгъуэхэр.
Пщыгъуэ щхьэхуэхэм я хасэхэм нэмыщI, иджыри пщы зыбжанэ зэгухьэу гуп щхьэхуэ зэрыгъэхъуамэ, абыхэми Хасэ щхьэхуэ яIэжт. Хасэ лIэужьыгъуэхэр мыпхуэдэ щIыкIэу ягуэшу щытауэ хуэбгъэфащэ хъунущ:
1) пщыгъуэ щхьэхуэм и кIуэцI щызэхыхьэ Хасэ;
2) пщыгъуитI зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
3) пщыгъуищ е нэхъыбэ зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
4) Къэбэрдейпсо, е, нэхъ пэжу жы­пIэмэ, Къэбэрдеишхуэ Хасэ.
Тхыдэ дэфтэрхэм а псори къы­зэрыхэщыр «хасэш­хуэ» («общая хаса») мыхьэнэм тетущ. АпхуэдэцIэ абыхэм щIыфIащар а зи гугъу ящI пщыгъуэм е щIыналъэм хыхьэ псори къы­зэрекIуалIэм щхьэкIэт: ар пщыгъуэ щхьэхуэми, пщыгъуищу зэхэт зэгухьэныгъэми, Къэбэрдеишхуэ Хасэу щытми.
Ахэр къащхьэщыкIырт нэхъ зэхуэс цIыкIуу, Iуэху пыухыкIа гуэр щхьэкIэ зэхашэ, пщыхэм я уэркъхэр къраджэу щечэнджэщу щытахэм. Ауэ а «чэнджэщ цIыкIухэми» хасэшхуэхэм ещхьу заубгъужырт:
1) зы пщыгъуэм и кIуэцIкIэ;
2) пщыгъуитI зэгухьам я чэнджэщ;
3) пщыгъуищ зэгухьам хыхьэхэм я зэхуэс цIыкIу;
4) Къэбэрдеишхуэм и чэнджэщ цIыкIу.
Къэбэрдейпсо Хасэр хабзэ къыдэ­зыгъэкI унафэ щIапIэ нэхъыщхьэт (высший законодательный орган). Абы къекIуалIэ пщыхэм пщышхуэу къы­щыхахам хабзэр цIыхубэм ялъигъэIэсын къалэн ихьырт (высшая исполнительная власть).
ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа пщыгъуэ щхьэхуэхэм щызэхашэ хасэхэм я гугъу пщIымэ, пщырэ уэркъыу я щIыналъэ Iыхьэм исыр къезышэлIэну хуитыр пщы-тхьэмадэм и закъуэт. Апхуэдэ «Хасэ щхьэхуэхэм» я щапхъэу къэп­лъытэ хъунущ 1767 гъэм мэлыжьыхьым и 4-мрэ и 11-мрэ Рослъэнбэч Хьэ­мырзэрэ Бомэт Мысострэ Псыжь адрыщI Iэпхъуэу, кърым хъаным и унафэм щIэувэну зэрызагъэхьэзырым тепсэлъыхьыну зэхыхьа Хасэр. Абы унафэ къыщащтат а Iуэхум Iэмал зэриIэкIэ пэщIэувэну.
1763 гъэм и пэ къихуэу Къэбэрдейпсо Хасэ щызэхуашэса щхьэусыгъуэу тхыдэм къыхэнащ 1753 гъэм жэпуэ­гъуэм и 29-м щегъэжьауэ щэкIуэ­гъуэм и 6 пщIондэ зэхэтар: япэщIыкIэ ­Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум дэт Хьэлышыбг къуэм деж, иужькIэ - Тохъу­тэмыщей (иджырей Чернэ Речкэ) деж. Абы щыгъуэщ Къэбэрдейр Iы­хьитI зэрищIыкIыу, Бахъсэнхэмрэ Къэщкъэтаухэмрэ я зэхуакум Шэджэм псыежэхыр гъунапкъэу дэтыну унафэ къыщащтар.
1739 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэ­ращIылIа Белград зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр а къэралитIым я зэхуаку дэт гъунапкъэ хуэдэу ягъэуват. Абы къикIыр хэгъэгур къэралитIми щымыщу зэрыщхьэхуитырт. А Iуэхум Къэбэрдейпсо Хасэм и мыхьэ­нэми и къаруми хигъахъуэрт. Ауэ, зэрыхъу хабзэу, лъэныкъуэкIэ узыхуэсакъын бий зэрыщымыIэм къыхэкIыу, хэкум и кIуэцIкIэ къаугъэхэр къыщыхъеирейт. Апхуэдэу щыт пэтми, зи ­къару хэзыгъахъуэу лъэпкъпсо унафэм хэщхьэхукIыну мурад зыщI пщы­гъуэхэм ар хуагъэдахэу щытакъым. Езыхэми, ирагъэлеймэ, Къэбэрдейм зэрырахуфынур ящIэрт. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъмэ, хамэ къэ­­ралыгъуэхэр лъэпкъ Iуэхум къы­хэ­Iэбэху, зэры-Къэбэрдейуэ зэрыу­бы­ды­ным, зэгурыIуэным щхьэхуимыту ­ирихулIэрт. А къаруитIыр щызэдэ­лэ­жьауэ жыпIэ хъунущ Урыс-Кавказ ­зауэм ипэкIэ екIуэкIа Къэбэрдей хэгъэгу политикэм.

Хасэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм теухуауэ

Пщыгъуэ щхьэхуэхэм, зэгухьа гупхэм ирагъэкIуэкI хасэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр щызэхуэсыну щIыпIэм теухуауэ унафэр къэзыщтэ хабзэр а къудамэхэм тхьэмадэ яхуэхъу пщы нэхъыжьырт. Къэбэрдейпсо Хасэр щызэхыхьэну щIыпIэр къыхэзыхыну хуитыр пщы-тхьэмадэрт. Нэхъыбэм апхуэдэ щIыпIэр езы пщы-тхьэмадэм иубыд щIыхэм храгъэубыдэрт. ИтIанэми, Хасэр къуажэхэм, псэупIэхэм нэхъ япэIэщIэу зэрырагъэкIуэкIыным яужь итт.
Пщыгъуэхэр зэныкъуэкъуу щыщыта лъэхъэнэм абы и щхьэусыгъуэр пщыхэр псори зэхуагъэдэн, зым адрейм нэхърэ Iэмал нэхъыбэ лъамыгъэсын щхьэкIэт.
1747 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м Къызбрун къуэм деж щекIуэкIауэ щытащ пщыгъуищу зэхэт гупым я зэ­хуэсышхуэ. Абы пщы нэхъыжьу къе­кIуэлIахэт: Бэчмырзэ Батокъуэ, Кур­гъуокъуэ Бомэт, Къетыкъуэ Жам­болэт. Зытепсэлъыхьынур кърым хъа­ныр щIэмыарэзы гуэрт.
КъыкIэлъыкIуэ зэхуэсыр щекIуэкIауэ щытащ а Къызбрун дыдэм деж 1748 гъэм и мазаем. Утыку илъыр Кургъуокъуэ Бомэтрэ Къетыкъуэ Жам­болэтрэ щэхуу, Бэчмырзэ Батокъуэрэ адрей пщыхэмрэ щабзыщIу, Кърым хъаным тхыгъэ зэрыхуагъэхьарт. Урысейр къатеуэ хъумэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Къэбэрдейм зэрырахуам теухуауэ хъаныр зэгупсысым щIэуп­щIэ­нырт я мурадыр. Зэхуэсыр зэчэнджэ­щын къудей папщIэ щызэхашэм дежи, ар губгъуэм зэрыщрагъэкIуэ­кIыным хущIэкъухэрт. Апхуэдэт, пса­­лъэм папщIэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей езым и уэркъхэмрэ Анзорхэ я уэркъхэмрэ яхуэзэн папщIэ, 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м зэхуишэса Хасэр.
Хасэр губгъуэм зэрыщрагъэкIуэкIым и щхьэусыгъуэхэм язт ар цIыхухэм нэхъ япэжыжьэху, ущэхупхъэр яущэхуну Iэмал нэхъ зэраIэр. Абыи къегъэлъагъуэ а зэманым Къэ­бэрдейм зэгурыIуэшхуэ зэримылъыжар, зы пщыгъуэм адрейм дзыхьышхуэ хуищIу зэрыщымытар. Пщышхуэм, пасэ зэманым ещхьу, унафэ ищIкIэ зэфIэкIыртэкъым, зэбий лъэныкъуэ­хэр арэзы щIыгъуейт.
ПсэупIэхэм япэIэщIэ щIыпIэ къыхаха нэужь, ар цIыхумрэ шымрэ яшхын-ирафын щагъуэтын хуэдэу къыщIэ­кIыным хущIэкъухэрт. КIуэ, къуажэ кIуэцI­хэм щызэхуэси къахуихуащ. Псалъэм папщIэ, 1748 гъэм щэкIуэгъуэм и 27 - 29 махуэхэм ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Джылахъстэнейм ирахун унафэр къыщащтам щыгъуэ, зы гупым хэт пщыгъуищыр Бэчмырзэ ­Батокъуэ и унэм щызэхуэсауэ щытащ. А Iуэху дыдэр къыщаIэтауэ щытащ ­Къанбэчыкъуэ къуажэм 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 15 - 28 махуэхэм. Ауэ мыбдежым гу лъытапхъэщ, Хасэр къуа­жэ кIуэцIым щащIа щхьэкIэ, ар Къэ­бэрдеишхуэм фIыуэ пэIэщIэ Джы­лахъс­тэнейм зэрыщекIуэкIар.

Хасэм хыхьэ къудамэхэр зэрызэдэлажьэу щыта щIыкIэр

ЗэрыжытIащи, Адыгэ Хасэр къудамэ зыбжанэу зэхэтт: пщыхэр, уэркъ­хэр, мэкъумэшыщIэхэр. Дауэт зы къу­дамэм къищта унафэр адрейхэм яIэрыхьэу зэрыщытар? ИщхьэкIэ зи цIэ къитIуа Потоцкий Ян зэритхы­жымкIэ, Хасэм и къудамэхэр зэлъэ­Iэсын папщIэ, лIыкIуэ щхьэхуэхэр хахыу щытащ, езыхэм я къудамэм и кIуэцI къыщащта унафэр адрейхэм гурагъэIуэныр я къалэну.
Псом хуэмыдэу а хабзэм мыхьэнэ щиIэт зэпэщIэт гупхэм я зэхуакум лъэ­ныкъуитIыр щIызэдауэ, ауэ зэгурымыIуэу щIэмыхъуну Iуэху гуэр къы­дэхъуэмэ, сыту жыпIэмэ, я псалъэ зэ­жьэхэуэмэ, асыхьэтым ужьыхыжа къаугъэ гуэр къэхъеижу, лъыгъажэм щIидзэжынкIи хъунут. Апхуэдэ лъэпкъпсо зэхуэсхэр зэрекIуэкIам ­теухуа дэфтэр мымащIэ тхыдэм къыхэнащ, абыхэм урыс офицерхэр кIэ­­лъыплъакIуэу зэрыхэтам къыхэкIыу.
1753 гъэм Шэджэм пэгъунэгъуу Бэч­мырзэхэ я кхъэм деж щрагъэкIуэкIа зэхуэсым майорхэу Барковский И., Татаров П. сымэ зэрыхэтам топсэ­лъыхьыж: «Жэпуэгъуэм и 10-м Бахъ­сэн гупымрэ Къэщкъэтау гупымрэ щыщ пщыхэр уэркъ гупыфI я гъусэу зэхуэсхэри, щхьэж езым и телъхьэхэр и гъусэу, щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэсахэщ».
ЛIыкIуэ зыбжанэ - уэркъитI-щырэ зы бейгуэлрэ - зым адрейм хуигъакIуэурэ, щхьэж езыр зытемыкIынур адрей лъэныкъуэм лъигъэIэсырт. Гу лъытапхъэщ апхуэдэ «хъыбарегъащIэ» ­къа­лэныр цIыху къызэрымыкIуэ ды­дэхэм фIэкIа дзыхь хуащIу зэ­ры­щымытам. Апхуэдэ цIыхухэр Къэбэрдейм щекIуэкIми абы Iуэху зэ­рыщызэрахьэ щIыкIэми хэт нэхъри ­нэхъыфIу зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, хамэ къэрал къикI кIэлъыплъакIуэхэм ахэр зэрыдашэхыным иужь итхэт.

Хасэр щрагъэкIуэкIыу щыта зэманыр

Хасэр щызэхуашэсыр лъэпкъыр щытыкIэ гугъу щихуэхэм дежт икIи абы хэтхэр сыт хуэдэ сыхьэти къраджэнкIи зэрыхъунур гурыIуэгъуэт. ­Ауэ Iуэху блэкI щымыIэмэ, зэхуэсхэр ­губгъуэ лэжьыгъэхэм я чэзум, махуэшхуэхэм, щакIуэ кIуэгъуэхэм, мыугъурлыуэ къалъытэ махуэхэм зэрыт­рамыгъэхуэным иужь итхэт.
Езы Хасэм текIуадэ зэманым и гугъу пщIымэ, ар мыпхуэдэ щIыкIэу игуэ­шырт:
1)къекIуэлIахэр утыку кърахьа, зы­теп­сэлъыхьын хуей Iуэхум щыгъуазэ ящIыныр;
2)Iуэхум тепсэлъыхьыныр;
3)унафэ къащтэныр;
4)къащта унафэм тетыну тхьэ зэ­хуаIуэныр.
Зыхуей хуэзауэ ирагъэкIуэкI Хасэр нэхъыбэм махуищ-плIым зэфIэкIырт.

Пащтыхьыгъуэм лъэпкъыр зэкъуегъэху

1763 гъэм иужькIэ къэбэрдей пщыгъуэхэр зэкъуэ­мыувэу щIэмыхъун щхьэусыгъуэхэр наIуэ къызэрыхъуам къыхэкIыу, я зэхущытыкIэми зихъуэжащ. Ар Хасэхэр щызэхуашэс щIы­пIэми, зэрырагъэкIуэкI щIыкIэми хыболъагъукI. Хуэбгъэфащэ зэрыхъу­нумкIэ, зэпэщIэт гупитIым я зэхуакум дагъэува гъунапкъэхэри хабзэ ткIийхэри фIыуэ къэтIэсхъат. 1767 гъэм Шэджэм деж, Бэчмырзэхэ я кхъэм пэгъунэгъуу, щекIуэкIа лъэпкъпсо ­зэIущIэм, Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау  гупымрэ я зэхуаку биигъэ дэлъу зыщIыпIэ дежи къыщыхэщы­жыркъым.
XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм урыс пащтыхьыгъуэм къэбэрдей цIыхубэр зэкъуигъэхун мурадыр пхигъэкIын щIидзакIэт. Абы лъэIэсын ­папщIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ кIуэ пэтми нэхъ гуащIэу зэрызэфIигъэ­нэным иужь итт. «Къэбэрдей уэркъ­хэм, - хуетх фельдмаршал Потёмкин Григорий корпусым и нэхъыщхьэ Теккели Пётр, - пщыхэм зэрахуэ­мыа­рэзыр ябзыщIыркъым. Абыхэм хуащI гукъанэхэр апхуэдизкIэ инщи, зыхуейр къыхуамыщIэмэ, дяпэкIэ жаIэр ямыгъэзэщIэну, атэлыкъ хабзэм тету пщы­хэм я бын зыпI яхэтмэ, ахэри ираты­жыну унафэ къащтащ. Зыгуэр а уна­фэмкIэ арэзы мыхъумэ, уэркъ псори зэхыхьэу апхуэдэм и лъапсэр зэтракъутэну зэгурыIуахэщ».
Апхуэдэ унафэ къащтэн папщIэ, япэрауэ, зэры-Къэбэрдейуэ зэхуэ­мысу хъунутэкъым. ЕтIуанэрауэ, зи лъапсэм псы ирагъэжыхьыжынур пщыхэратэкъым, уэркъ Хасэм и унафэм арэзы темыхъуэ уэркъхэрт. Абы къигъэлъагъуэр зыщ: уэркъхэм нэхъыбэ дыдэу пщыхэм иращIэфынур - емыдэIуэнырт, армыхъумэ, Iэщэ яIэщIэлъу абыхэм япэувыныр Iэмал зимыIэт. Хуэбгъэфащэ  зэрыхъунумкIэ, а зэманым иджыри пщым и пщIэр кIуэдатэкъым, абы зэраныгъэ епщIылIэнри ягъэдурысыртэкъым.
Теккели и нэгъуэщI тхыгъэм къыхощ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрызэ­хуэсар икIи зы лъэныкъуэр адрейм иджыри зэрыхуэмыарэзыр. Дэ гу зылъывэдгъэтэну дызыхуейр абде­жым щызэрахьэ унафэхэр утыку къыщипхьэфыну щытар Къэбэрдейпсо Хасэрауэ зэрыщытырщ. ЗэфIэна лъэ­ныкъуитI зэгъэкIужын къалэныр и пщэ дэзылъхьэжу щытари апхуэдэ хасэшхуэхэрщ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Нарт Хасэм Сосрыкъуэ и къарур щегъэлъагъуэ.

Адыгэ Хасэм уэрэдыжьхэри щызэхэпхырт.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: