Онегин Евгений

Пушкин  Александр

(ПэщIэдзэр «Адыгэ псалъэ» газетым и №60-м итщ).

XXX
Сэри сфIэфIащ Iуэху сэбэпыншэ;
СщIащ псыхэкIуадэ гъащIэм щыщ,
ЩIэзгъалъэм, къысфIащынт хьэлыншэ,
Армырмэ, балкIэ сыерыщт.
Сыту Iэлыгъэт ди щIалэгъуэр,
ГурыIуэгъуафIэт ди гуфIэгъуэр,
Дахэу хуэпам дыблэкIыфынт?
Лъакъуэ цIыкIуитI блэдгъэкIыфынт?
ЩыIэжу пIэрэ ди къэралым
Сэ сщIэжым ещхь цIыхубз зэкIуж?
И лъакъуэ цIыкIухэр сфIокIуэдыж,
Си пщIыхьым

ЕтIуанэ Iыхьэ
O rus! (Hor.)*
О Русь!

I
Евгений здэIуэхуншэ къуажэр
Плъагъуамэ, щIыпIэ дахэкIейт,
ЩIыуэпс зыфIэфIхэм я нэхъ пажэр
Тхьэм зыхуелъэIум щыщт, фIыкIейт.
Зиусхьэн унэр щытт щхьэзакъуэу,
Жьыр хуэм зыщI бгыр игъусэм, тIакъуэу,
И лъабжьэм уплъэм, псы ежэхт,
ИхъуреягъкIэ удихьэхт
ХъупIэ къуэлэнхэм, гъавэ щIапIэм,
Iэхъушэ хъупIэм текъухьам,
Къуажэ цIыкIу плъагъухэм, къэпкIухьам;
Жыг хадэ къыбгъэдэтт щIыхьэпIэм:
Мэз Iуву, щIэкIи, ар плъагъунт,
Мэз гуащэ увыIэпIи хъунт.
II
Щыгъуазэт унэр зыухуахэр,
БыдапIэ пщIымэ, узыхуейм:
ПсэупIэм я нэхъ быдэр, дахэр
ЩащIауэ къыщIэкIынщ ижьрейм;
ХьэщIэщым, пэшхэм блынхэр лъагэт,
ЩэкI еIулIар зымыдэр пагэт,
Пащтыхьхэм я сурэтхэр фIэлът,
Хьэкущхьэхэр мывэ зэхэлът.
А псори, ауэ, хъуа хъунт кхъахэ,
ЕупщIи ди ныбжьэгъум, сыт,
Мы унэм дауэ ухущыт?
(УпщIа апхуэдэу хъунт еплъахэр):
ЩIэкI-щIыхьэу, хущхьэу къиджэдыхьт,
ГурыбгъэIуэнум - ар Iуэху кIыхьт.
III
Идащ щIэтIысхьэм пэш нэхъ ищхьэу
ПсэухукIэ лIыжьыр здыщIэсам,
IункIыбзэзехьэм фIэнэу, хущхьэу
Е бадзэ еуэу здэщысам.
КъызэрыгуэкIыу щIат, шхафэгуу
КъыпфIэщIырт пэшыр: жыгей лъэгум
Тетт Iэнэ, тахътэбан, шкIафитI,
Бгъутынтэкъым шакъэ бжьыгъитI:
Хьисэп здащI, махуэрыбж тIорысэ
Зым тхылъхэу дэлът, къыдэтт адрейм
Сатыру шагъыр IэфI, ухуейм,
Аркъэ, къыщIахур мыIэрысэм.
Къигъанэу зэикI Iуэху зыпылъ,
Иплъакъым лIыжIыр нэгъуэщI тхылъ.
IV
И закъуэу мылъку убгъуам къытени
А мылъкур къэзымылэжьар,
Къэхъунур сыт? Арат Евгений
ИщIэн телъыджэ щIыхуежьар.
Гупсысэщ фIыуи ди Iущ иныр,
Ижьрейм къикI пщIэншэу пхуэпщылIыныр
Ясакъ тынш тIэкIукIэ ихъуэжащ,
Хуимытхэр тхьэм елъэIужащ.
ПщылI зиIэ и гъунэгъухэм, ауэ,
Ар Iуэху мыхъуну къалъытащ,
Зым IупщIэ ин ищIын пытащ,
Адрейр пыгуфIыкIащ, зищIауэ
Мыбзаджэ. Хуэпсалъами хэт
ЖиIащ: зэранщ икIи хухэтщ.
V
Куэд хьэщIэу япэхункIэ къакIуэрт,
ИужькIэ цIыху игъэIущам
Къигъэст унэ щIыбагъым хакIуэ,
Къэзакъыш пщтыр зэгъэпэща:
ЦIывынт зыгуэр къызэралъагъуу,
Зэхахым гъуэгум тет къэблагъэу;
IуэхущIафэ Iейм иужь гъунэгъу
Къэнакъым, хуейуэ хъун ныбжьэгъу.
«Гъунэгъу тхуэхъуар дэ акъылыншэщ:
Ар фармазонщ; химыкIэу псы
Шагъыр къудей ирегъэпсых,
ЦIыхубзхэм щхьэкIэ гукъэкIыншэщ,
ЖиIэнкъым хьэуэ-с е атIэ»-
ФIащащ хабзэжь зэзымыпэс.
VI
И къуажэ лъахэм а зэманым
Къигъэзэжащ щIыр, щIапIэр зейр;
Гъунэгъухэм ари къамыгъанэу,
ЩIадзащ псэлъэн: хэт, сыт зыхуейр?
Владимир Ленскойт цIэ-унэцIэр,
Фхуэстхынщи къалэ нэмыцэцIэр,
Геттингэн жыжьэм къикIыжат,
УсакIуэу, иджу Кант жаIат.
Щыхъуат Германие пшагъуэщIым
Еджэну цIыхум и телъхьэгъу,
Щхьэхуит хъуну зыхуейм и фIэгъу,
Емыщхьу куэдым пфIэщIт, нэгъуэщIу;
Гухэхъуэ хэтт и псалъэ къэс,
Зэрихьэрт щхьэц и дамэм нэс.
VII
Дунейм щызекIуэ Iужажагъэм
Иджыри имыгъэхуэда,
Зы пщащи зымыщIа и жагъуэ,
ГущIэгъур зыфIэмыкIуда;
ЩIалэIуэт ари, ищIэр мащIэт,
Хэт гугъэ иIэм, хуэгумащIэт,
Дихьэхырт, хуищIырт цIуум гурылъ,
ЖаIам макъышхуэу - шэч хэмылът;
Зыгуэр щхьэ и гум шэч къихьами,
ТригъакIуэрт псом хъуапсапIэ IэфI,
Игъэдэхэну гъащIэр фIэфIт,
Ар пщIыхьу фIэщIт, емыпщIыхьами.
Гурыщхъуэ имыщIыну хэтт,
Хилъагъуэрт гъащIэм хьэлэмэт.
VIII
И фIэщт: зэгуэрым псэ нэIуасэ
Хуэзэнщи, я псэр зэрыщIэнщ,
Пщэдей ирехъу ар е нэхъ кIасэ,
Къыхуейуэ пщащэ къыIущIэнщ;
КъыфIэщIт ныбжьэгъухэр хуэхьэзыру
Езым щхьэ сыт хуэдэ тезырым,
Хэт пцIы къытрилъхьэм, ямыдэн,
ЦIыху Iейхэм пэраубыдэн;
Игугъэт, къыхихамэ гъащIэм,
Гъунэгъухэм ар къагъэпэжын,
Ныбжьэгъухэр фIэмыкIуэдыжын;
Хуейт зэIуихыну гъуэгу щIэращIэ,
ЩIым къытепсэну дыгъэ нэху
Ар гъащIэ гъуэгум тету кIуэху.
IX
Гукъеуэм е гу къэплъыныгъэм,
ЩIыхь IэфIым, щIишэчам бэлыхь,
Псэ къабзэу зэжьэ лъагъуныгъэм -
Нэхъ псынщIэу и лъыр кърагъэжыхьт.
Игъабзэу лирэр, игъэдахэрт
Шиллеррэ Гётерэ я лъахэр,
Итхар ещхьт ахэм яусам,
МафIэсу псэр зылъэIусам.
Езым щхьэ зэикI гъуазджэ лъагэр
ЩIигъэгъуэжакъым - цIыху хэхат;
ГурыщIэ иным теухуат,
Гум къикIт уэрэду зэхилъхьахэр,
ГъэпцIагъэ зыхэмылъ мурад,
ФэрыщI мыхъуж - щIэтхар арат.
X
Хуэусэм фIым, а фIым щIэдэIурт,
Итхам уэрэд, ар IупщIт, гупсэхут,
Хъыджэбз псэ хьэлэл псалъэу къэIурт,
Сабийм и пщIыхьт, мазэгъуэнэхут.
Хуитхам Тхьэгуащэм, ар зи Iуэхуу
Зыхъумэм ди гурыщIэ щэхухэр,
Уэрэдхэм, къащти языхэз,
Хэтынт: зыгуэр е пшагъуэ гъуэз;
Ещхьт гуащэнабдзэм, тету ткIуэпсхэр,
Уэсэпсу, сэм къыпиупщIам,
ЦIыху закъуэу гъащIэ зыгъэщIам,
Щыхъуам деж щэху, къыфIэкIуэу нэпсхэр,
И гъащIэ хуадэм и уэрэд
Иуст; илъэс пщыкIуий хъурт, «куэдт».
XI
А щIыпIэм хъунт Евгений закъуэ
Ди щIалэр къызыгурыIуэн,
Адрей гъунэгъухэр пфIэщIт зы лIакъуэ,
Гугъут уадефэн е уедэIуэн;
Арат щIимыдэр я зэхуэсхэр -
КъищIат я псалъэхэр здынэсхэр:
Я фадэ, я мэкъуауэ Iуэху,
Iыхьлыхэм хьэщ къызэращэху;
Хэмытт абы гурыщIэ дахэ,
Усыгъэ мафIэу блэн хэмылът,
ЩымыIэт акъыл жан, гурылъ,
Мыинт я зэхэтыкIэр ахэм;
Я фызхэм щIадзэмэ псэлъэн,
Нэхъ Iейт, узэшурэ улIэнт.
XII
Бейт Ленский, къекIут и фыз къэшэгъуэт,
Псэм къищтэ хьэщIэу, ящIт псэлъыхъу;
Ар къуажэ хабзэ гурыIуэгъуэт,
Къыхуагъэлъагъуэрт япхъу, я шыпхъу;
Мы урыс ныкъуэу ябж гъунэгъум
Хуэзамэ, щIадзэрт зэмыфэгъуу
ЖаIэн: фIыщ уиIэм къыбдэщIыгъу,
Фызыншэм ехьыр гъащIэ гугъу;
Къраджамэ, трагъэувам сэмварыр,
Я Дуням, къыщырикIэм шей,
ЩIэIущэщэнт: умыжьэмей,
ЯгъэпщIэунт, къахьам гитарэр,
(ГущIэгъу уэ тхьэм къыпхуимыщIам):
КъыщIыхьэ пэш гъэщIэрэщIам…
XIII
Хуэмейт нэчыхькIэ зэпхыныгъэм,
Гъунэгъухэм Ленский зыщидзейт,
Онегин закъуэм ныбжьэгъугъэ
Хуигъэлъэгъуэну ар пIейтейт.
IущIащ толкъуныр мывэ джафэм,
Хъыбарыр - усэм, мылыр – мафIэм,
Къэзбжахэр зэщхьу къыпфIэщIын?
А тIур зэхуэдэ пхуэмыщIынт.
Зэгъусэм, япэхун, езэшхэт,
ИужькIэ хъуахэщ зэбгъэдэс,
Шууэ зэхуэзэрт махуэ къэс,
Куэд мыщIэу, хагъэгъуащэрт зэшхэм;
Апхуэдэу цIыхухэр (къысхуэвгъэгъу)
Iуэхуншэм ещIыр зэныбжьэгъу.
XIV
Къэтлъытэм, къэдбжым ныбжьэгъугъэр,
Къэдмыщтэу хабзэ щымыIэж,
Адрейхэм нолщ хуэфащэ бжыгъэр,
Дэр щхьэкIэ зыр къыдогъэнэж.
Наполеону, дыпелуану
ЗыкъытфIощIыж; адрей мелуаным
Я мыхьэнэр, я фIыщIэр сыт,
Щхьэ хэти тщIын ныбжьэгъу дыпыт?
АпхуэдэкIэ мыIейт Евгений:
ИцIыхуми цIыхухэр, хабзэм фIэкIт,
Нэмыплъ зримыти къыхигъэкIт,
Мелуаным щыщу зы кърени.
ДэIуэфырт; къыхихам зыгуэр,
ТепыIэу, кIыхьу еуэршэрт.
XV
ЕдаIуэрт Ленскийм гуфIэу, идэу
УсакIуэм сыт къимыпсэлъам,
Иджыри ар гухэлъ мыбыдэу,
Гур хэхъуэу сытми зэреплъам;
Онегин дежкIэ ар щIэщыгъуэт,
Зэпимыудт псэ гурыфIыгъуэр,
Зы псалъэ щIыIи жимыIэжт,
Зэран мыхъун щхьэ гупсысэжт:
Мыбы и тхъэгъуэ зы дакъикъэр
ХуэгуфIэу гъащIэм ирихынщ,
Зэман къэсынщи, иухынщ,
КъищIэнщ жаIам ущыкIэрикъэр;
Хуэдгъэгъу хъунщ иIэми плъыржьэр,
НыбжьыщIэр сыт щыгъуи жыджэрщ.
XVI
ЖаIам зыгуэр, къыхэкIырт дауэ,
Къагъуэтырт узэгупсысын,
Лъэпкъыжьхэм зэраухым зауэ,
ФIым, Iейм, щIэныгъэхэм нэсынт;
ГъэпсыкIэ нэпцIхэр щIэмыкIуэдыр,
ЛIэныгъэр къэсмэ, ар зыхуэдэр,
Насыпым тепсэлъыхьырт, пщIэм,
БлэмыкIыу зыми, жьым е щIэм.
УсакIуэр ирихьэжьэу, жиIэу
ЩIидзам ищхъэрэ усэ ин,
Емыплъу гъусэм: ар хуеин?
Евгений, зэхэщIыкI нэхъ иIэу,
Хэмытми куэд къыгурыIуэн,
Iэдэбу щIалэм едэIуэнт.
XVIII
Iущыгъэм, ныбжьым и бэракъым
ЩIэуви, мафIэр мэункIыфI,
ГурыщIэм дис нэхърэ, дысакъым
Ди узыншагъэр мэхъу нэхъыфI;
ДедаIуэм щIалэ пщтыру псалъэм,
Щымытми щэхуу, щIимыгъалъэм,
Абы щхьэ дыхуэдзэлэшхэн,
КъытфIэщIми жиIэр дыхьэшхэн?
НэгъуэщI псэ хъыжьэми, иныкъуэм,
ЖиIахэм ди гур къагъэхъей,
ДыщIодэIукIыр дэгу нэхъей,
Дохъу дещхьу дэ лIыжь ныкъуэдыкъуэм,
Тэхъуанэм щIалэм щIиубыдам,
Хъыбархэм едэIуэн зыдам.
XIX
Деплъынщи, зэщIэплъа щIалэгъуэм
Зыгуэр мышынэу игъэIуэнщ,
Гукъеуэр, Iейр, фIыр е гуфIэгъуэр,
Хьэлэлу сытри къыбжиIэнщ.
Ибжыжми и псэр ныкъуэдыкъуэу,
Онегин жиIэ хъунт пэжныкъуэ,
УсакIуэм и хъыбар пIейтейм
ЩедаIуэм тIэкIу зызигъэтIейт;
Абы и жыIэзыфIэщ напэм,
ГупцIанэу къригъэлъэгъуам,
Евгений зэхихауэ хъуам
Игу къагъэкIыжт ищIахэр япэм;
ЖыпIэжкIэ псэгъум и хъыбар,
Телъыджэу къызыфIэщI пщIынт ар?
XX
Сыт худэу инт и лъагъуныгъэр,
Иджы апхуэдэ щымыIэж.
УсакIуэм къыпэщылът а фIыгъуэр
Е зэгуэпыгъуэр - зэрыфщIэжщ:
Сыт щыгъуи фIыуэ тцIыху хъуэпсагъэ,
Абы хэщIауэ, нэщхъеягъэ,
Сыт деи дызэса гухэлъ.
ТIум я кум уэ гъуэгу кIыхь дэгъэлъ,
ЩIы, пхуэщIым, куэдрэ зэпэIэщIэ,
Зэманыр ирегъэгъэкIуэд,
ХамэщI щIрекI и нэгум куэд,
Усагъэм е щIэныгъэм щIэщIэ:
Пхъуэжын псэр, гъащIэм емысар,
Иджыри мафIэм имысар?
XXI
ЗыщIар гъэр Ольгэт. ЩIалэтанэу,
Иджыри псэр щымыпIейтейм,
Мор щысабийм, щигъусэм анэм,
Дихьэхырт нэфIэгуфIэрейм.
Ар щигъэджэгурт жыгей жьауэм,
КъуейщIейуэ, къижыхьын щIидзауэ;
ЖаIэнт зэгъусэу зылъагъуам:
Зэрыдгъэшэнт балигъ нэхъ хъуам.
Iэдэбу къэхъурт щIыпIэ дэгум
Хъыджэбз дахагъэкIэ гъэнщIар,
Iыхьлым ящIэфыр зыхуащIар;
Къэгъагъэрт ещхьу къэлэрдэгум,
Къыхэплъым удз зэхэкIэжам,
И гъунэгъу псоми ятежам.
XXII
Лъысащ усакIуэм пщащэ тыгъэр:
ГуфIэгъуэ пщIыхь, гухэлъ мубзэIу,
Нэхущым, къыщыкъуэкIым дыгъэр,
Урыс бжьамийм и япэ щэIу.
ЩIалэгъуэ гъуэгу ар щытеувэм,
И закъуэу щIыхьэ хъуащ мэз Iувхэм,
Здэщэхум фIэфIт къыщикIухьын,
Жэщ мазэм, вагъуэхэм еплъын.
ЗришалIэрт ар уафэгу уэздыгъэм,
Жэщ нэхухэу дэри къытхуепсам,
КъэткIухьу куэдрэ дыщесам,
ДыкъришэкIыу ди псэ гугъэм…
Иджы дыхъужкъым дэ пIейтей,
Хэтлъагъуэр мазэм нэху къудейщ.
XXIII
Дгъэзэжым пщащэм деж, IурыщIэт,
Сыт щыгъуи нэщхъыфIагъэ хэлът,
Тетхат и нэгум и гурыщIэр,
УсакIуэм ещхьу гу хьэлэлт;
И нитIым уеплъым – уафэ щхъуантIэт,
Жуныгу щхьэц дахэхэм заIуант______G*_DIэт,
Макъ гуакIуэ къащти е Iэпкълъэпкъ,
Ейт Ольгэм.., ауэ тхылъ илъэпкъ
КъыщыбгъуэтынкIи хъунщ апхуэдэ
Хъыджэбз теплъафIэм и сурэт,
Ар япэхункIэ си гум хэтт,
Иджы къысщохъу зэман гъэкIуэду.
Уэ, си тхылъеджэ, къысхуэгъэгъу,
И шыпхъу нэхъыжьыр сщIынщ гъунэгъу.
XXIV
И шыпхъум тщIам зи гугъу, Татьянэм...
Иджыри къэс хэдмыгъыхьат
И къекIуэкIыкIэм ар романым -
Къыщалъхум цIэ фIащар арат,
Сыт-тIэ, пфIэдахэкъэ, уедаIуэм?
КъытхоIур ар макъ лъагэ наIуэу,
ЩIызгъунур, ауэ, зы къудейщ,
КъэсщIэжым, ар цIэ пасэрейщ.
Зыдумысыжым, дэри мащIэщ
Гупсысэу хэтлъхьэр щыттым цIэ,
КъэхъункIи хъунщ дэ дыкъэпцIэн,
Хуэттхамэ цIэм усэ щIэращIэ.
Дыщеджэм фIыт дагъэIущам:
ЩIыкIейм - щIыкIей, фIым-фIы фIэтщам,
XXV
Зэреджэр, тщIэжмэ-тIэ, Татьянэт.
И шыпхъум и дахагъэм щыщ
ИмыIэт, псомкIи етIуанэт,
Абы и ныбжьым къыхэмыщт.
Нэщхъейт, псалъэншэт, пщIэнт ягъафIэу?
Мэз бланэм ещхьу ар щтэгъуафIэт,
ЖыпIэнт, унагъуэ къыздалъхуам
Я хамэу, умыгъэунэхуам.
И адэ-анэм едэхащIэу
Хъыджэбз цIыкIу хьэлу ар щымытт,
Зарысабийрэ гуп хэмытт,
Джэгуну гуп и ныбжьхэм ящIым.
Щысыфт и закъуэу махуэ къэс:
Щхьэгъубжэм Iусу жэщ къигъэст.
XXVI
Гупсысэм, и ныбжьэгъу нэхъ лъапIэм,
ЩыщIэдзи махуэ къыщалъхуам,
И гъащIэр жылэ къуэгъэнапIэм
ЩищIыфырт дахэ, мыдэхам.
И Iэпэ щабэхэм игъащIэм
ХэдыкI ямылъэгъуат зэращIыр,
Хуеямэ, шылэкIэ ар дэнт,
Къищтакъым зэикI щэкI чэтэн.
IэщIалъхьэ гуащэ пхъум нэхъ пасэу:
И жыIэдаIуэу и дадийм
Унафэ хуищIурэ, сабийм
Дурысыр къещIэ, ар ягъасэ.
И анэм жиIэ дерс къудейр
ИримыкъункIэ хъунщ пщэдей.
XXVII
Татьянэ, ауэ, апхуэмыдэт,
ЩыцIыкIум гуащэ къимыщта,
Джэгуалъэм дэджэгун имыдэт,
Абы епсалъэу щымыта.
Хэмытт сабийм я къуейщIеягъэм,
ЕдаIуэу фIэфIт хъыбар шынагъуэм,
ЩIымахуэ жэщыр хэкIуэтэху
Щысын, жеипIэм ираджэху.
Я сабиипIым зэхуишэсым
Джэгуэгъухэр Ольга щхьэ я дей,
УдзыпцIэ щIыпIэ дахэкIейм
Щыджэгухэм, кIуэтэкъым зэхуэсым,
Иригъэзэшт дыхьэшх макъ зум,
Игъащтэрт Iуэху имычэзум.
XXVIII
IущIэну фIэфIт пщэдджыжь пшэкIэплъым,
Балконым жэщкIэ тетырейт,
Жэщ вагъуэхэм дахьэхырт, еплъым,
УнкIыфIыжыху я уджхъурейр.
ЩIы гъунэр хуэму къыщынэхум
Дэгъусэу жьым къыщIидзэрт щэхуу,
ЩIыуэпсым зыкъиужь къудейт,
ЩIымахуэм и жэщ ныбжьым ейт
Дунейм и зэхуэдитIыр, махуэм
ТIэкIу-тIэкIурэ зигъэхьэзырт,
КъуэкIыпIэм къэхъурт дыгъэр плъыр,
Тридзэрт пшагъуэ мазэр нахуэм.
Къэушырт ар сыхьэт щесам,
Зэманыр дауэ мыпасам.
XXIX
Романхэм, пасэу хъуахэм благъэ,
Хуилъытэртэкъым илъагъу псор,
Дихьэхырт, ятхыми гъэпцIагъэ,
Ар Ричардсон ирехъу, Руссо.
Щытащ и адэр цIыху хъарзынэу,
Зэман блэкIахэр хуэмыбгынэу,
Химылъэгъуами тхылъхэм Iей,
Езыр мыхъуа абыхэм хуей;
ЩIэныгъэр ибжырт мыхьэнэншэу,
КIэлъыплъыртэкъым зэикI ар,
Сыт щхьэнтэ щIагъым кIэщIилъхьар
Еджэну ипхъу Iэуэлъауэншэм.
И анэр Ричардсон епхам
ХуэгуфIэрт, сыт зэхимыхам.
XXX
Илъагъуми фIыуэ Ричардсоныр,
Емыджэхауи къыщIэкIынт,
Иригъэпщэну Грандисоныр
Ловласым хузэфIэмыкIынт;
Зэман блэкIам, и благъэ шыпхъум,
Алинэм, еджэм тхылъ, пщым и пхъум
Хъыбар жиIэжхэр пщIыхь къыщыхъут.
Щхьэгъусэр щIалэт, и псэлъыхъут;
Сыт щхьэ дгъэпщкIун, жытIэнщи пэжыр,
Хъыджэбзым и псэм хэлът нэгъуэщI,
Ар сытымкIи нэхъыфI къыфIэщIт,
Хуихьам а тIум хъыбар ищIэжыр.
ЩIалэжьт а Грандисоныр, франтт
Куэзыри фIэфIт икIи сержантт.
XXXI
Зихуапэрт къекIуу, ущIэупщIэм,
Езыми, ауэ гъуэгу мыкIыхьт
ИкIуар яшэхукIэ. ЕмыупщIу
Иратри лIым ятхащ нэчыхь.
Щигъэгъупщэну нэщхъеягъуэр,
Ишащ и лъахэм лIым, жылагъуэм;
Мы къуажэ гъащIэ зыхэхуам,
Абы имыгъэунэхуам
Щышынэрт, гъуэгырт япэщIыкIэ,
Щхьэгъусэм хъуат бгъэдэкIыжын;
Унагъуэ Iуэху ухэкIыжынт?
Есащ, сабыр хъуащ зэхэпщIыкIыу.
Тхьэм къыдитащи дызэсар,
Насыпым и пIэм къохьэр ар.
XXXII
Апхуэдэу щэху хъуащ нэщхъеягъуэр,
Ужьыхыжын ямыгугъар;
Куэд мыщIэу къихутащ Iуэху щIагъуэр,
И гукъыдэжыр фIы щIэхъуар:
Iуэху здиIэм е зыщигъэпсэхум,
КъищIащ фыз куэдым ящIэ щэхур,
IурыщIэ зэрагъэхъур лIыр,
ИужькIэ псори хъуащ мамыр.
Я цIыхухэм хэплъэрт губгъуэм хэтым,
Яшыумэ еплъырт Iэгъэбэгу,
Къыхихт техьэнур сэлэт гъуэгу,
Хьэмэмыр блимыгъэкIт щэбэтым,
И унэIутхэр иубэрэжьт -
А псор, имыщIэу лIым, илэжьт.
XXXIII
Арат тцIыхуар хъыджэбз къиину
Альбом щэху зытххэм яхэтар?,
Прасковьер «зыхъуэжар» Полинэу,
ЩIэжьыуэурэ псэлъэн пэтар?
Куэншыбэ зэв абы зэрихьэрт,
Француз N макъ нэхъ игу ирыхьырт,
Н нэхърэ, зигъэIуну хуейт,
А псор и гъащIэ япэрейт:
Иджы куэншыбэр, шыпхъу Алинэр,
И усэ цIыкIухэр хыфIидзащ,
АкулькэкIэ еджэн щIидзащ
Аргуэру зыфIищам Селинэ.
Иджыри къэскIэ шхьэ делат?
Фыз пыIэ щитIэгъащ, хьэлат.
XXXIV
А къомым и лIым хуищIт гулъытэ?
И псэгъути къыхуэхъуар пIэщхьагъ,
ЖиIам хэмылъу шэч къилъытэрт,
Хъэлат езыми щыгът, цIыху загът;
ЗэпIэзэрыту кIуэрт и гъащIэр,
ЗыцIыхухэм псоми пщIэ къыхуащIырт,
Гъунэгъуу яIэт унагъуэфI,
Псэлъэну къакIуэрти, яхуэфIт.
ЯфIэфIт зэгъусэу тIэкIу убэну,
Я псалъэмакъым куэд хаджэнт,
Здэщысым, Ольгэ къраджэнт
Къихьыну шей, ягъэIэбэну.
Жэщыбгыр къэст зэхэкIыжыху,
ХьэщIахэр пщIэнтIэм дэкIыжыху.
XXXV
Яхъумэрт зэщхьэгъусэм хабзэр,
Псэм хуэдэу гъащIэ пасэрейр,
Махуэшхуэ псори зэхагъэбзырт:
Мазаем, гъатхэм гъэжьэн хуейр;
Гъэм тIэурэ бламыгъэкIыу нэщIырт,
Джэрэз хъыринэ ирагъэщIырт,
“Тепщэч уэрэд” ящIт, уджхъурей
Накъыгъэм, мэкъуауэгъуэм дей,
ЦIыхубэр тхьэелъэIу щыхэтым,
«ГурыщIэ” удз щхьэ лIыщIэ кIуэнт,
НэпситI-щы удзым трагъэткIуэнт;
Квас хуащIырт куэду пщIантIэдэтхэм,
Къыдахырт хьэщIэ щхьэ хьэкъущыкъу,
Шхын япэу зиIэм хуахьт къулыкъу.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар

Хьэмыз  Русланщ.

Поделиться: