Гуауэшхуэщ къэхъуар

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр хабзэубзыху IэнатIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ я пашэу хэтащ Москва областым щыIэ «Крокус Сити Холл» концерт гъэлъэгъуапIэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я благъэхэм ядэщыгъуэу къызэрагъэпэща Iуэхум.

Депутатхэр хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуащ икIи IэрыщI мемориа­лым и деж удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- Егъэлеяуэ гуауэшхуэщ къэхъуар. Террорист щIэпхъаджагъэ гущIэгъуншэм хэкIуэдащ цIыху мамырхэр, абыхэм яхэтщ сабийхэри бзылъхугъэхэри. Урысейм и дэтхэнэ зы цIыхуми а гуауэр и щхьэкIэ зыхищIащ. Нобэ дэ нэхъри дызэкъуэувэу ди къэралыгъуэм и шынагъуэншагъэр гъэбыдэным, абы и къэкIуэнум хуэунэтIауэ къэрал унафэщIым иригъэкIуэкI политикэр дэтIыгъын хуейщ.
КъэхъукъащIэ шынагъуэм хэкIуэдахэм я благъэхэм дахуогузавэ, абы фэбжь хэзыхахэм я узыншагъэр псынщIэу зэфIэувэжы- ным дыщогугъ. Къэралым ис псоми я гъусэу дэри дощыгъуэ, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ.

Поделиться: