ЩIэпхъаджагъэм нэхъри дызэкъуегъэувэ

«Москва областым щыIэ «Крокус Сити Холл» концерт гъэлъэгъуапIэм щIэпхъаджащIэхэр теуэри, цIыху пщIы бжыгъэхэр хэ­кIуэдащ, щэм щIигъу уIэгъэ хъуащ. А гузэвэгъуэшхуэр я гум щIыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу- х­эм. Дэ псори гукIи псэкIи дащIыгъущ лей зытехьахэм, абы хэкIуэдахэм я Iыхь­лы­хэмрэ благъэмрэ дадощыгъуэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­­публикэм щыпсэухэм, си щхьэм къабгъэдэкIыу хэкIуэдахэм я унагъуэхэм сахуогузавэ. УIэгъэ хъуахэм я узыншагъэр щIэх зэфIэувэжыну согугъэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Москва областым къыщыхъуа а гузэвэгъуэшхуэм ипкъ иткIэ, къэралым и щIыналъэ куэдым я цIыхухэр ядощы­гъуэ зи Iыхьлыхэр хэкIуэдахэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэри аращ. Ди республикэм махуэ блэкIахэм екIуэ­кIын хуейуэ щаубзыхуауэ щыта гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, нэгузыужь, спорт зэIущIэхэр ягъэIэпхъуащ. А Iуэхум теу­хуа унафэ къищтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и цIыхухэм захуигъэзащ Моск­ва областым къыщыхъуа гузэвэгъуэ Iуэхухэм япкъ иткIэ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ. Москва и Iэшэлашэм щыIэ «Крокус Сити Холл» IуэхущIапIэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм къыхэкIыу, ди щIыналъэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр, спорт зэIущIэхэр пIалъэкIэ дгъэIэпхъуэну уна­фэ сщIащ, - жиIащ абы. - Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щы­тыкIэр щызэпIэзэрытщ, псори ди нэIэм щIэтщ. АтIэми цIыху куэд щызэхыхьэ щIы­пIэхэм, социальнэ IуэхущIапIэхэм, транспорт IэнатIэм шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным гулъытэ хэха хуэтщIынущ. 
Ди республикэм щып­сэухэм, абы и хьэщIэхэм сы­ныволъэIу нэхъ набзэгуб­дзаплъэу фыщытыну, шэч зыхуэфщI хьэпшып, цIыху е Iуэхугъуэ гуэрхэр флъагъумэ, хабзэхъумэхэм хъыбар зан­щIэу евгъэщIэну». 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык дэт Макъамэ театрым и утыкушхуэу Къэбэрдей-Балъкъэрыр ­Уры­сейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и цIэр зезы­хьэм деж тхьэмахуэ махуэм щыгъуэ пэкIу щекIуэкIащ. Республикэм и щIалэгъуалэ жыджэрхэм, хэкупсэхэм абдеж къыщызэрагъэпэща ­фэеплъ щIыпIэм цIыху куэд екIуэлIащ, удз гъэгъахэри тралъхьащ. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр трилъхьащ а щIыпIэм, Москва областым хиубыдэ Красногорск къалэм дэт «Крокус Сити Холл»-м к ъыщыхъуа гузэвэгъуэ иным хэкIуэдахэм я фэеплъым хуэщыгъуэу. А щIыпIэм щекIуэкIа щыгъуэ пэкIум хэтащ республикэм и унафэщIхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Абдеж щызэхуэсат къалэдэсхэм, абы и хьэ­щIэхэм, республикэм щып­сэухэм ящыщ куэд. Абыхэм фэеплъ щIыпIэм деж щагъэтIылъащ удз гъэгъахэр, шэху уэздыгъэхэри щыпагъэнащ. Дэтхэнэми гурэ псэкIэ и жагъуэ хъуащ щIэпхъаджащIэхэм я Iэужь бзаджэм ­кърикIуахэр: иужьрей хъы­бар­хэм ятепщIыхьмэ, абы хэкIуэдащ цIыхуи 137-рэ, уIэгъэ хъуащ 182-рэ. 
Москва областым къыщыхъуа щIэпхъаджагъэр цIыхугъэншагъэ дыдэу къызэралъытэр жаIащ КъБР-м и ­волонтёрхэм я зэщIэхъе­еныгъэм и пашэ Балаевэ Са­­лимэ, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм ­КъБР-м щиIэ къудамэм и уна­­фэщI Ерыстау Георгий, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Правительствэм и унафэщI Бейтыгъуэн Исмэхьил, Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и пашэ Баваш Валерие сымэ. 
Фэеплъ пэкIум къекIуэлIахэр гукIи псэкIи яхуэгузэващ зи Iыхьлыхэр гузэвэгъуэм хэкIуэда унагъуэхэм. УIэгъэхэми я узыншагъэр щIэх зэтеувэжыну ехъуэхъуащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэм даIыгъ гузэвэ­гъуэр къыщыхъуа «Крокус Сити Холл» концерт гъэлъэгъуапIэу Магомаев Муслим и цIэр зезыхьэм деж цIыхухэм къыщызэрагъэпэща фэеплъ пэкIур. «Къру­хэр» фIэщыгъэр зиIэ а щыгъуэ пэкIум къыщеуащ уса­кIуэ Гамзатов Расулрэ ма­къа­мэтх Френкель Янрэ зэ­датхауэ щыта, а цIэр зиIэ уэрэд цIэрыIуэр. 
«Уэрэдыр зи къалэмыпэм къыпыкIахэр ди лъэпкъыбэ къэралым щыцIэрыIуэ цIы­хухэщ. Гамзатовымрэ Френкельрэ я творчествэм ноби дызэкъуегъэувэ къэралым ис псори, Хэкум дыхуэпэжыным, цIыхугъэ лъагэр тфIэмы­кIуэ­дыным дыкъыхуриджэу, - жеIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. - «Кърухэр» уэрэдыр Хэку зауэшхуэм хэ­кIуэ­дахэм я фэеплъ мыкIуэ­дыжым теухуащ. Абы и псалъэхэм ноби мафIэу пхесыкI зыхэзых дэтхэнэми и гур, Москва областым къыщы­хъуа гузэвэгъуэр езым ейм хуэдэу псэкIэ зыхищIэу. 
Си фIэщ мэхъу хэкIуэдахэм ящыщ дэтхэнэми папщIэ щIэп­хъаджащIэхэм жэуап ткIий зэрахьынур.
Фэеплъ пэкIум къыпэджэжащ Урысейм щыпсэу цIыху мелуанхэр. Ар толъкъуныш­хуэм хуэдэу ди Хэку иным щызэбгрокI - дэ псори до­щыгъуэ, гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я цIэхэр хуэму жытIэу.
Тщыгъупщэнукъым». 

Поделиться: