Захуагъэм хуэкIуэу

Мы Iуэхум ди къэралым куэд щIауэ щытопсэлъыхь жылагъуэри, щIэныгъэлIхэри, икIэм-икIэжым политикэхэри. НаIэу зэрыщытщи, къыхалъхьэ Урысейм налог къыхэхыкIэщIэ, «прогрессивнэ налог» жыхуаIэм, щыхуэкIуэну. «ЩIэ» жытIэ щхьэкIэ а хабзэр илъэс куэд лъандэрэ нэхъ зызыужьа къэралхэм къыщагъэсэбэп: налогыр зыхуэдизыр зэлъытар къыпIэрыхьэ хэхъуэм и инагъырщ: нэхъыбэ къыпIэрыхьэмэ, нэхъыби птынущ. Мыр экономикэм зегъэужьынымкIэ щIэгъэкъуэныфIщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1930 гъэхэм Iуэхухэр щызэтещэхауэ щыта США-р къызэфIэзыгъэувэжыфар мис а прогрессивнэ налогырщ. Президент къулыкъур зыIэрыхьа Рузвельт Франклин хэхъуэхэм ятрилъхьэ налогыр зэпымыууэ иIэтырт, хэбгъэзыхьмэ, процент 70-м щыщIигъуаи щыIащ. Дауи, апхуэдиз налог птыныр хьэлъэIуэт, езы президентыщIэри хэутэн ящIырт, арщхьэкIэ абы нэгъуэщI Iэмал иIэтэкъым.

Къит фейдэм и гугъу тщIыххэнкъыми, мы хабзэр псом япэу зытещIыхьар захуагъэрт: нэхъ къулейм нэхъыбэ итын хуейт. ИужькIэ абы дэплъеят къэрал куэд. СССР-м къутэжа иужькIэ, прогрессивнэ налогыр Урысейми щыIащ 1992 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ 2000 гъэм дыгъэгъазэм и 31-р къэсыху. АрщхьэкIэ, къэралыр щысхьыншэу икIи укIытэншэу щызэхафыщIэ лъэхъэнэм ирихьэлIати, щытыкIэ зэхэзэрыхьар къагъэсэбэпри, мылъкур зэзыпхъуахэм яхузэфIэкIащ, хьэгъэщагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуекIуэурэ, а хабзэр мыхъумыщIэу икIи къемызэгъыу къыщIрагъэдзын. КIэщIу жыпIэмэ, къэралым зыкIи сэбэп хуэхъуакъым. Ар я тегъэщIапIэу 2001 гъэм щIышылэм и 1-м Урысейр щагъэуващ яIэрыхьэ хэхъуэхэр зыхуэдизым емылъытауэ, дэтхэнэми процент 13 налогыу итыну.

 Политикэ партхэм (КПРФ-м, ЛДПР-м), щIэныгъэлI, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм зи гугъу тщIы налог лIэужьыгъуэм хуэкIуэну къыхалъхьэ жэрдэмхэр зэуэ паупщIырт: «Ар Урысейм щагъэунэхуащ, ди деж къыщезэгъынукъым. Хэхъуэхэр зыхуэдизым укIэлъыплъыфынукъым. Нэхъыщхьэращи, къулейхэм къагъуэтынущ налогхэм зэрызыпиIудзыну Iэмалхэр». Сыт щхьэкIэ? Мыпхуэдиз хабзэхъумэхэмрэ къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэхэмрэ здэщыIэ къэралым «дэпщыпIэ» къыщагъуэтыфыныр къызыхэкIыр сыт? А упщIэхэм жэуап иратыфыртэкъым. Иджыри къэс апхуэдэурэ екIуэкIащ. Хэбгъэзыхьмэ, блэкIа илъэсым и жэпуэгъуэм УФ-м финансхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Сазонов Алексей мыпхуэдэу пигъэщхъауэ щытащ. «Сэ къызолъытэ иджыпсту прогрессивнэ налог тыкIэм дыхуэкIуэныр къемызэгъыу». Пэжу, щIигъуэжащ псори зытещIыхьыпхъэр бюджетым и щытыкIэр зэрыарар.

АтIэ апхуэдэ щытыкIэр зэфIэувакIэу пIэрэ? НаIуэу зэрыщытщи, 2024 гъэм, и бюджетыр зэхалъхьащ хэщIхэр хэхъуэхэм нэхърэ сом триллион 1,595-кIэ нэхъыбэу. ЩIышылэмрэ мазаемрэ я закъуэ а бжыгъэм хэIэбакIэщ сом триллион 1,474-кIэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, хэхъуэхэм я хэкIыпIэщIэхэр къалъыхъуэн хуейуэ къахудэкIащ.

Мис абы и фIыгъэкIэу къыщIэкIынущ прогрессивнэ налогри ягу къыщIэкIыжар. Иужь зэманым абы нэхъыбэрэ тепсэлъыхь хъуат. Псалъэм и хьэтыркIэ, мы гъэм мазаем и кIэм Федеральнэ Зэхуэсым Зыщыхуигъэзам Путин Владимир къыщыхигъэщхьэхукIауэ щытащ налог къыхэхыкIэр «нэхъ захуагъэ зыхэлъ хабзэм» хуагъэкIуэн хуейуэ. Абдеж зыщихъуэжащ властхэр мы Iуэхум зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэм. ЦIыхухэм зэреупщIам къигъэлъэгъуащ Урысейм щыпсэухэм я нэхъыбэ дыдэм къулейхэм я налогхэр нэхъыбэн зэрыхуейм теухуа хабзэр зэрыдаIыгъыр. Ауэ хэт къулейхэм хагъэхьэнур? Иужьу къатахэм ятепщIыхьмэ, правительствэм щыхоплъэ мыпхуэдэ хабзэм: илъэсым сом мелуанитхум щIигъу хэхъуэу зыIэрыхьэхэм налогыу процент 20, сом зы мелуаным нэхъырэ нэхъыбэ къэзылэжьхэм иджырей процент 13-м и пIэкIэ процент 15 ятыну. Зы илъэсым зы мелуан къэблэжьын папщIэ мазэ къэс сом мин 84-рэ къыпIэрыхьэн хуейщ. Зэ еплъыгъуэкIэ, мащIэкъым. АрщхьэкIэ, Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым къитахэм ятепщIыхьмэ, 2023 гъэм и дыгъэгъазэм УФ-м курыт улахуэр сом мини 103-рэ 815-рэ щохъу. Зэрыщыту къапщтэмэ, зы мазэм сом мин 75-м щегъэжьауэ мини 100-м нэс ди къэралым щаIэрохьэ лэжьакIуэхэм я процент 8,5-м, сом мини 100-м щIигъу - проценти 10-м. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ику иту дэтхэнэ урысей лэжьакIуэ етхуанэми зи гугъу тщIы хабзэр ялъэIэсынущ. Дауи, апхуэдэ теплъэ иIэу налог тыкIэщIэм хуэкIуэмэ. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, а хабзэр иджыри куэдрэ Къэрал Думэм «щагъэныщкIунущ, законым и теплъэ игъуэтыхукIэ.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: