Губгъуэ лэжьыгъэхэм я екIуэкIыкIэм топсэлъыхьКъэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжыжэ Хьэсэн иджыблагъэ хэтащ абы и унафэм щIэт IэнатIэм щылажьэ Жылагъуэ советым и зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр республикэм и щIыналъэхэм зэрыщеужьэрэкIым. Сыжажэм къыхигъэщащ губгъуэ лэжьыгъэхэр и чэзум зэрырагъэжьар, махуэ къэси, зэрыжаIэу, зэрыщIагъэхуабжьэр. «Псалъэм къыдэкIуэу, гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм ящыщу иджыпсту нэхъапэ ирагъэщыр жылэ зытраса гектар мин 70,6-м щIыгъэпшэрхэр щIэлъхьэнырщ. Абы щыщу гектар мин 65-р бжьыхьэсэм яубыд. ЩIыгъэпшэрхэр нобэкIэ иратащ гектар мин 34,5-м - ар псори зэхэту гъавэ зытращIам и процент 53-рэ мэхъу. Нэгъабэ елъытауэ, мы гъэм лэжьыгъэхэр нэхъ псынщIэу ирагъэкIуэкI», - къыхигъэщащ министрым. Тафэтес щIыналъэхэу Майм, Прохладнэм, Тэрчым я мэкъумэшыщIэхэм гъатхасэм щIадзащ. НобэкIэ абыхэм псоми зэхэту гъавапхъэ жылэр тращIащ гектар 1550-м, абы щыщу гектар 580-р хьэм, гектари 170-р джэш хъурейм, андэгурэдэгум – гектар 800 хухахащ. Сыжажэм зэрыжиIамкIэ, мы гъэм гъатхасэм гектар 211,1-рэ ирагъэубыдынущ, псори зэхэту гъавэм гектар 281,7-рэ хухахынущ. Ар нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм хуэдиз мэхъу. КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Пэнагуэ Максим мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэхэр фIыуэ къилъытащ икIи ехъуэхъуащ гъэр яхуэугъурлыну, гъавэ бэв къайхъулIэну, губгъуэ Iуэхухэм еужьэрэкIыну къыхуриджащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|