|
ЗэIущIэхэр
18 декабря, 2021 - 12:11
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ илъэс дызыхуэкIуэм республикэм и бюджетыр зыхуэдэнур щызэпкъраха зэIущIэ.
18 декабря, 2021 - 10:06
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, Правительствэм щIыналъэм зегъэужьынымкIэ и комис-сэм и президиумым и зэIущIэм. Къызэхуэса- хэр абы щытепсэлъыхьащ «ПсэупIэхэмрэ къалэ гъащIэмрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIа зэрыхъум.
18 декабря, 2021 - 09:04
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ «Iуэху гуапэхэм я фондым» хэт хьэрычэтыщIэхэм.
18 декабря, 2021 - 07:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ Наркотикым пэщIэтынымкIэ къэрал комитетым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир.
17 декабря, 2021 - 15:27
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ еплъащ 2022 - 2024 гъэхэм къриубыдэу яухын папщIэ федеральнэ мылъкум къыхэкIыу сом мелардым щIигъу къызыхуаутIыпща, ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я уардэунэм ехьэлIа ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIым.
14 декабря, 2021 - 07:22
Псыхуабэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и къалэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ.
Ар теухуат зэгуэр турист кIуапIэрэ зыгъэпсэхупIэу щыта ди щIыналъэхэм курортхэмрэ санаторэхэмрэ щызэфIэгъэувэжауэ, ар ди цIыхубэм щIэрыщIэу яхуэгъэлэжьэным. Зэхуэсым къекIуэлIахэм зытепсэлъыхьын яIэт. Ахэр зэдэгуэшащ я Iуэху еплъыкIэхэмрэ нобэ яIэ хэкIыпIэхэмкIэ.
11 декабря, 2021 - 13:33
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу, видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм и президиумым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
11 декабря, 2021 - 09:24
Чайкэ Юрий и унафэм щIэту Пятигорск къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж щылажьэ Советым и зи чэзу зэIущIэр.
8 декабря, 2021 - 14:00
«Кавказ.РФ»-м и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм щэбэт-тхьэмахуэ махуэхэм къэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щыщ, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Урысейм и нэгъуэщI хэгъуэгухэм къикIа турист куэд.
«Архыз» и кIапсэ гъуэгумкIэ бгым дэкIащ цIыху минитIым щIигъу, Iуащхьэмахуэ - цIыху зы минрэ щитхурэ. А махуитIым Къэрэшей-Шэрджэсым и зыгъэпсэхупэм екIуэлIащ цIыху мини 4, Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм - цIыху мини 2,5-рэ.
4 декабря, 2021 - 11:56
КъБР- м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Зэчиймрэ ехъулIэныгъэмрэ» щIэныгъэ фондым и унафэщI, «ЩIэныгъэ» лъэпкъ проектым и Жылагъуэ-гъэзэщIакIуэ советым и унафэщI Шмелёвэ Еленэрэ ирагъэкIуэкIащ Гъуазджэм, спортым, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэфIэкI къыщызыгъэлъагъуэ сабийхэм зегъэужьыным хуэгъэпсауэ КъБР-м щылажьэ «Антарес» щIыналъэ центрым и Попечительскэ советым и зи чэзу зэIущIэр.
Страницы
|