КIуэкIуэ Казбек ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм папщIэ уардэунэм и ухуэныгъэр зэрекIуэкIым еплъащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иджыблагъэ еплъащ 2022 - 2024 гъэхэм къриубыдэу яухын пап­щIэ федеральнэ мылъкум къыхэкIыу сом мелардым щIигъу къызыхуаутIыпща, ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я уардэунэм ехьэ­лIа ухуэныгъэхэр зэ­ре­кIуэкIым. 

«Зэчий къэзыгъэлъа­гъуэ щIалэгъуалэм къахуэт щымыIэу хуиту зыщау­жьын, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр фIыкIэ ­жрагъэIэн папщIэ, зы­хуэныкъуэну псори мыбдежым къазэрыщыху­зэдгъэпэщынум иужь дитынущ», - жиIащ рес­публикэм и Iэтащхьэм ухуэныгъэхэм щы­кIэ­лъып­лъым. 
Проектым ипкъ иткIэ, ТворчествэмкIэ уардэ­у­нэм хэтынущ сурэтыщIхэм, киномрэ архитектурэмрэ ­еп­-ха студиехэр, щIалэ­гъуалэ зэчиифIэхэр я акъы­лэгъухэм щахуэзэ, я про­ект­хэм щелэжь хьэщIэщ-уэршэрыпIэхэр. Уардэунэр яузэдыну я мурадщ иджы­рей IэмэпсымэхэмкIэ. Абы щрагъэкIуэкIынущ гъэ­лъэгъуэныгъэхэр, щIалэ­гъуалэ зэIущIэхэр, фестивалхэр, щIэныгъэ конференцхэр, гъуазджэм епха зэхуэсхэр. ЩIалэгъуалэм я уардэунэм иджырей гъуазджэм и музейрэ тхыдэ-хэкупсэхэм папщIэ интерактив музейрэ къыщызэ­Iуахынущ. 
КъинэмыщIауэ, уардэунэм щылэжьэнущ Те­мыркъан Борис и цIэр зезыхьэ, макъамэм хухэха хьэщIэщ зэгъэпэща хуэ­ныкъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармониер, концертхэр ирагъэ­кIуэ­кIыну Iэмал яIэн папщIэ.  Ар филармоние хьэщIэщ­хэм хуагъэув мардэм техуэу, иджырей Iэмэпсы­мэхэмкIэ зэрагъэпэщынущ, макъамэр фIыуэ ­зэхозыгъэх архитектурэ акус­тикэм и IэмалыщIэхэри къагъэсэбэпынущ ар щау­хуэкIэ. 
Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм щIадзэнущ 2022 гъэм и пэм. 
«КIыхьлIыхь хъуа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр 2002 гъэм щыщIэдзауэ нэдгъэсыну Iэмал къытхукъуэкIащ Урысейм и Президент Путин Владимиррэ Урысейм и Правительствэмрэ къызэ­рыддэIэпыкъум и фIыгъэкIэ. Уардэунэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщI, щIалэгъуалэр зэзышалIэ, Налшык зыгъэп­сэхупIэр зыгъэщIэращIэ ухуэ­ныгъэхэм яз хъуну дыщогугъ», - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек ухуакIуэхэм щепсалъэм. 
Республикэм и Iэтащхьэм КъБР-м УхуэныгъэмкIэ и министерствэм унафэ ­хуищIащ уардэунэр къы­зэрагъэщхьэпэну щIыкIэм зэрызихъуэжам ипкъ ит­-кIэ, проектым зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэну, ар зыхиу­быдэну Налшык и Iыхьэм игъуэта теплъэм хэзэгъэн хуэдэу, IуплъапIэм елэжьыну, къинэмыщIауэ, уардэунэм и Iэгъуэблагъэри зыхуей хуэзэныр зэлэ­жьыпхъэхэм хагъэхьэну. 

Поделиться: