Ди зыгъэпсэхупIэхэр цIэрыIуэщ

«Кавказ.РФ»-м и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм щэбэт-тхьэмахуэ махуэхэм къэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щыщ, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Урысейм и нэгъуэщI хэгъуэгухэм къикIа турист куэд.

«Архыз» и кIапсэ гъуэгумкIэ бгым дэкIащ цIыху минитIым щIигъу, Iуащхьэмахуэ - цIыху зы минрэ щитхурэ. А махуитIым Къэрэшей-Шэрджэсым и зыгъэпсэхупэм екIуэлIащ цIыху мини 4, Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм - цIыху мини 2,5-рэ.

Архызми Iуащхьэмахуэми лыжэкIэ къыщыбжыхьын папщIэ зы уасэ ягъэуващ: балигъым сом 1500-рэ, сабийм 950-рэ зы махуэм.

«Аполлон» зыфIаща кIапсэ гъуэгум метр 2840-кIэ удрихьейуэ яутIыпщынущ. Илъэс кIуам ар ягъэунэхуауэ аращ.

2021 - 2022 гъэхэм «Архыз» и хьэщIэхэм къыщажыхьыфынущ колометр 27-рэ зи кIыхьагъ къурш гъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэуи абыхэм папщIэ ящIащ кIапсэ гъуэгуу 8, зыхуей хуэзэу загъэпсэхун папщIэ хьэпшыпхэр бэджэнду къыщыIах IуэхущIапIэхэр, илъэси 3-м щыщIэдзауэ 13 зи ныбжь сабийхэм зыщагъасэ школхэр, ресторанхэр, хьэщIэщхэр, нэгузегъэужь центрхэр лэжьэнущ, цIыху къэс гъэсакIуэ щхьэхуэ къащтэну Iэмал яIэнущ.

Зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу «Эльбрус» зыгъэпсэхупIэм къыщагъэсэбэпынущ километр 17 хъу къежэхыпIэ. Апхуэдэуи къызэIуахынущ «Гарабаши» икIыу «Мир» станцэм нэс кIуэ кIапсэ гъуэгу.

ЖыпIэнурамэ, игу пэщыху зызыгъэпсэхуну хуейхэр Кавказым и къурш дахэхэм къакIуэмэ щIегъуэжынукъым!

 

 

 

 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: