ЗэIущIэхэр

Гугъуехь къыкъуэкIахэм я хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэхэмкIэ Правительствэ комиссэм и штабым хэтхэм я зэIущIэм. Ар теухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм я социально-политикэ щытыкIэр зыхуэдэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Урысейм и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр. Апхуэдэуи абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий. 

ЦIыхухэр къыщIагъэIэпхъукI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьы­ныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэ­Iу­щIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысейм и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат.

Лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэу

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм, Прави­тельствэм ЩIыналъэхэм зегъэужьыныгъэмкIэ и штабым, ­УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и коллегием зэхэту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Iэмалхэм зэдогупсыс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIущIащ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкухэм ехьэлIа проектхэмрэ активхэмкIэ управленэм и унафэщI, «ВЭБ. РФ» къэрал корпорацэм и ­правленэм хэт Тарабрин Александр. 

ЩытыкIэр зэпIэзэрытщ

КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIа «щIыналъэ сы­хьэ­тым» щытеп­сэлъыхьащ рес­публикэм и эпидемиологие щытыкIэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Абыхэм ятеу­хуа я еп­лъыкIэхэр зэIущIэм къыща­Iуэтащ КъБР-м и Пра­витель­ствэм и УнафэщI Му­суков Алий, абы и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рус­там сымэ.

Сымэджахэм зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат иригъэкIуэкIащ цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным, ковидыр зыкърыкIахэм я узыншагъэр зэтегъэувэжыным ехьэлIа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэныр зи пщэрылъ къулыкъущIапIэхэм я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри щIэгъэхуэбжьэным теухуа зэIущIэ.

ХьэрычэтыщIэм нэхъри зрагъэужь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету хэтащ УФ-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и Япэ къуэдзэ Белоусов ­Андрей иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Гъэ къакIуэ ирихьэлIэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Къэрал Советым «Транспорт» унэтIыныгъэмкIэ и комиссэм онлайн щIыкIэу иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Дохутыр нэхъыщхьэхэм чэнджэщ ярехьэлIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр зы­хэт зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ.

ЩIапхъэхэм тепсэлъыхьащ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр