Iэмалхэм зэдогупсыс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIущIащ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкухэм ехьэлIа проектхэмрэ активхэмкIэ управленэм и унафэщI, «ВЭБ. РФ» къэрал корпорацэм и ­правленэм хэт Тарабрин Александр. 

«ВЭБ. РФ»-р къэрал инвестицэхэм я банкщ, ­экономикэм зегъэужьыным тещIыхьа проектхэм мылъку хелъхьэ. Промышленностым, инфраст­руктурэм, псэуныгъэм я проектышхуэхэр егъэ­кIуатэ, уней банк щхьэхуэхэми ядолажьэ. 
КIуэкIуэмрэ Тарабринымрэ тепсэлъыхьащ ухуэ­ныгъэмрэ инфраструктурэмрэ зегъэужьынымкIэ республикэм проектхэр щыгъэхьэзырыным. КъытеувыIахэщ активхэм ятеухуауэ щIыналъэм щыIэ щытыкIэм. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыIэ «Къэббалъкъгипс» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэтеублэжа хъуным зи мылъку къыхэзылъхьэн къэ­гъуэтынми и гугъу ящIащ. 
ЗэгурыIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ проект щхьэхуэхэм я IуэхукIэ зэдэлэжьэну, экономикэ и лъэныкъуэкIэ щыIэ Iэмалхэм зэдегупсысыну. 

Поделиться: