КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат иригъэкIуэкIащ цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным, ковидыр зыкърыкIахэм я узыншагъэр зэтегъэувэжыным ехьэлIа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэныр зи пщэрылъ къулыкъущIапIэхэм я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри щIэгъэхуэбжьэным теухуа зэIущIэ.
Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен, Физическэ культурэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ комитетым и Iэтащхьэ Бэрэгъун Арсен, зи гугъу ящI Iуэхур зи нэIэ щIэт министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым я лIыкIуэхэр.
Къардэн Мурат зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ коронавирус узыфэм игъэсымаджэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуам къыхэкIыу, цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным, егъэфIэкIуэным, зэтегъэувэжыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Абы ипкъ иткIэ, КъБР-м и Парламентым жэрдэм къыхилъхьащ мы Iуэхур зи нэIэ щIэт къулыкъущIапIэ псори нэхъ жыджэру зэдэлэжьэным теухуауэ. УФ-м и Президентым сытым дежи къызэрыхигъэщщи, къэралым и зыужьыныгъэм щынэхъыщхьэр ди цIыхухэм я щхьэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнырщ, я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Нобэ зэIущIэм хэтхэр апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм и щыхьэтщ - министерствэхэр, ведомствэхэр, узыншагъэр хъумэнымкIэ, туризм IэнатIэхэм щылэжьэну IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр, медицинэ туризмэм иджырей технологиехэр Iэрыхуэу къыщыгъэсэбэпыным щыхурагъаджэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, - жиIащ Къардэным.
Iуэхум и хэкIыпIэ хъунур зэпкърахыу зэхуэсым къыщыпсэлъащ психологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемкIэ, физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Михайленкэ Ольгэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъУ-м факультетскэ терапиемкIэ и кафедрэм и унафэщI, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ - клиникэ фармаколог Iумэт Мурат, КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемкIэ, физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и магистрант Мошурэ Анастасие сымэ.
IэщIагъэлIхэм жаIащ коронавирус уз зэрыцIалэр зэфыкIахэм я узыншагъэм зэрыкIэрыхур, ар зэрызэфIагъэувэжын программэ щхьэхуэхэр къызэгъэпэщын зэрыхуейр, цIыхухэр психологие дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэныкъуэр, абы папщIэ IуэхущIапIэхэр зэрызэдэлэжьапхъэр.
Къэпсэлъахэм къалъытэ КъБКъУ-м къыщагупсыса, физическэ, психологие я лъэныкъуэкIэ узыншагъэр зэтегъэувэжыным зэрелэжь IэмалыщIэхэр «Демографие», «Узыншагъэр хъумэн», «Туризмэмрэ хьэщIэ къегъэблэгъэкIэмрэ» лъэпкъ проектхэм хэгъэхьапхъэу.
Я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, абы и къуэдзэ Батыр Заурбэч, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректор Алътуд Юрэ сымэ.
ЗэIущIэм хэтахэр зэреплъымкIэ, дяпэкIэ нэхъ куууэ зэпкърыхын хуей Iуэхугъуэ зыбжанэ щыIэщ. Абы хохьэ ковид нэужьым цIыхум и узыншагъэр зэрызэфIэгъэувэжыпхъэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэныр, узыфэм иужькIэ цIыхухэр зыгъэгузавэхэр къэхутауэ щIэныгъэлIхэм егъэджыныр, коронавирус уз зэрыцIалэр къызэузахэр Iуащхьэмахуэ лъапэ гъэкIуэныр, республикэм и санаторэ-зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэхэм щыгъэIэныр, нэгъуэщIхэри.