Махуэгъэпс

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 4, бэрэжьей

Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
УФ-м и МЧС-м граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэхэм я махуэщ
1986 гъэм
«Iуащхьэмахуэ лъапэ» къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ.
1957 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Къумахуэ Аслъэн.
1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Къаншокъуэ Эллэ.

Дунейм и щытыкIэнур

Нобэ

Жэпуэгъуэм и 3, гъубж
Архитектурэм и дунейпсо махуэщ
1933 гъэм
Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къызэрагъэпэщащ.
1927 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, генерал-майор Къатхъэн Мухьэмэд.
1936 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Къэбэрдей ФатIимэ.
1966 гъэм къалъхуащ журналист, усакIуэ ГъущIо Зариф.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 2, блыщхьэ

♦Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ

♦1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ.

♦1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур.

♦1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф.

НОБЭ

ФокIадэм и 29, мэрем
Гум и дунейпсо махуэщ
Дэгухэм я дунейпсо махуэщ
Машинэ зыщIым и махуэщ
КъуэкIыпIэ Жыжьэм къаплъэным и махуэр щагъэлъапIэ
1806 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, дзэ къулыкъущIэу щыта Къаз-Джэрий СулътIан.
1921 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэчыр Умар.

НОБЭ

ФокIадэм и 28, махуэку

♦Адыгэ фащэм и махуэщ

♦ХьэщхьэрыIуэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Къэрал хабзэм теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ

♦УФ-м и Атомнэ промышленностым и лэжьакIуэм и махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ генеральнэ директорым и махуэр

Туризмэм и махуэ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтащ Испанием и Торремолинос къалэм 1979 гъэм щекIуэкIа, ООН-м деж щыIэ Дунейпсо турист зэгухьэныгъэм и зэIущIэм. 
Тхыдэм щыщщ

НОБЭ

ФокIадэм и 27,
бэрэжьей

Туризмэм и дунейпсо махуэщ
 ГъэсакIуэхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щапI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэщ 
1933 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, литературэдж, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ.
1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.

НОБЭ

ФокIадэм и 26,
гъубж

Ядернэ Iэщэр гъэкIуэдыжыпэным щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
НэгъуэщI къэралыбзэхэм я европэпсо махуэщ
1947 гъэм
къалъхуащ усакIуэ, публицист цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Джэрыджэ Арсен.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, махуэм хуабэр градус 15 - 18, жэщым градус 14 щыхъунущ.

НОБЭ

ФокIадэм и 25,блыщхьэ

Зи тхьэкIумэхэм зэхамыххэм я дунейпсо махуэщ
Машинэ зыщIым и махуэщ
1934 гъэм
Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр.
1941 гъэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.

НОБЭ

ФокIадэм и 23, щэбэт

♦КъуэкIыпIэ Жыжьэм щагъэлъапIэ ­ къаплъэным и махуэр

♦Сауд Хьэрыпым и къэрал махуэшхуэщ - пащтыхьыгъуэ щигъуэта махуэщ.

♦1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ.

♦1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс