НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 2, блыщхьэ

♦Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ

♦1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ.

♦1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур.

♦1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф.

♦1970 гъэм къалъхуащ пауэрлифтинг спорт лIэужьыгъуэмкIэ плIэнейрэ (1996 - 1999 гъэхэм) дунейм и чемпион  хъуа Хъуажь Юрий.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 19, жэщым градус 14 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ШыщIэ къамылъхуам уанэ хузэщIелъхьэ.

Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ